ДИ ГЪАЩІЭР
«Фи гъащІэм щхьэкІэ фымыгузавэ»
Хьисэ Іуащхьэм тету жиІа псалъэм мыпхуэдэу хэтащ: «Фи гъащІэм щхьэкІэ фымыгузавэ» (Мт 6:25). ШейтІаным и дунейм гуныкъуэгъуэ гуэр зимыІэ цІыху щымыІэми, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр игъасэт ахэр егъэлеяуэ мыгузэвэну (Пс 13:2). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ махуэ къэс дызыхуэныкъуэхэм щхьэкІэ егъэлеяуэ дыгузавэмэ абы къару куэд тІихынущ икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр япэ идгъэщыну зэран тхуэхъунущ (Мт 6:33). ИщІагъым къыщыхьа Хьисэ и псалъэхэр къыддэІэпыкъунущ егъэлеяуэ дымыгузэвэну.
Мт 6:26. Бзухэм дыщыкІэлъыплъым деж сытым абыхэм дыхурагъасэрэ? (bw572-U 9—10, абз. 11—13).
Мт 6:27. Сыт жыпІэ щІэхъуныр егъэлеяуэ дыгузавэмэ, ди къарури ди зэманри лейуэ дгъэкІуэду? (w05-U 1/11 22, абз. 5).
Мт 6:28—30. Губгъуэ удз гъэгъахэм дыщеплъым деж сытым абыхэм дыхурагъэсэфыну? (bw572-U 10—11, абз. 15, 16).
Мт 6:31, 32. Алыхьым и лэжьакІуэхэр нэгъуэщІ цІыхухэм сыткІэ къащхьэщыкІрэ? (bw572-U 11, абз. 17).
Сытым афІэкІа сримыгузэвэну сыхуей?