ДИ ГЪАЩІЭР
Дауэ жэуапыфІ зэрыптыныр?
ЖэуапыфІхэм зэхуэсыр егъэгушхуэ (Рм 14:19). Жэуап зытми абы и сэбэпынагъ хэлъщ (Пр 15:23, 28). Аращ зэІущІэ къэс зы жэуап нэхъ мыхъуми птыну мурад щІэбгъэувын хуейр. Дэ къыдгуроІуэ ди Іэр къэтІэтыху къызэрыдэмыупщІынур, ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, жэуап зытІущ дгъэхьэзырмэ нэхъыфІщ.
ЖэуапыфІыр...
тыншу, гурыІуэгъуэу, кІэщІу щытын хуейщ. Ар и нэхъыбэм секунд 30-кІэ е нэхъ мащІэкІэ пхуэтынущ
уи псалъэкІэ птымэ нэхъыфІщ
щыпткІэ жаІам къытебгъэзэжын хуейкъым
Уэ япэу къоупщІамэ...
упщІэм и жэуапыр ет
УпщІэм жэуап иратамэ...
Библием къиха пычыгъуэхэр темэм зэрыпыщІар жыпІэ хъунущ
темэр гъащІэм зэрепхар къэбгъэлъагъуэ хъунущ
адрейхэм уадэІэпыкъун щхьэкІэ материалыр къызэрыбгъэсэбэпыфынур къыхэбгъэщ хъунущ
гупсысэ нэхъыщхьэр къызыхэщ Іуэхугъуэ гуэр жыпІэж хъунущ