АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ПРИТЧИ 12—16
Іущагъыр дыщэм нэхърэ нэхъ лъапІэщ
Сыт Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыр щІэлъапІэр? А Іущагъым цІыхум и гъащІэр ехъумэ икІи ар зиІэм емыгупсысауэ Іуэху ищІэкъым. Алыхьым и Іущагъым цІыхум и хьэл-щэныр, и псэлъэкІэр, и щытыкІэр нэхъыфІ ещІ.
Іущагъым пагагъэм ущехъумэ
ЦІыху Іущым къыгуроІуэ Іущагъ псори къызыбгъэдэкІыр Алыхь Иеговэу зэрыщытыр
Іуэху гуэркІэ ехъулІэныгъэ зиІэхэр е пщІэшхуэ зыпылъ къалэн зыхуагъэфэщахэр псом хуэмыдэу пагэ мыхъуну икІи закъыфІэмыщІыжыну хуэсакъын хуейщ
Іущагъым цІыхум и псэлъэкІэр нэхъыфІ ещІ
ЦІыху Іущым зэхэщІыкІ зэрыхэлъыр сэбэп хуохъу цІыхухэм фІы яхэлъым гу лъитэну икІи абыхэм фІыкІэ тепсэлъыхьыну
Іущагъ зыбгъэдэлъым и псалъэхэм дзыхь хуэпщІыну хуэфащэщ икІи ахэр фом хуэдэу ІэфІщ. Абы и псалъэхэр бзаджэкъым икІи зэбииныгъэм ухуишэкъым