АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИОВ 38—42
НэгъуэщІхэм теухуауэ жытІэ тхьэлъэІухэм Иеговэ егъэгуфІэ
Иеговэ хуейт Іэиуб Елифаз, Вилдад, Софар щхьэкІэ тхьэлъэІу жиІэну
Иеговэ Елифаз, Вилдад, Софар сымэ жриІащ Іэиуб деж кІуэуэ къурмэныпхъэ ягъэсыну
Іэиуб а цІыхухъуищым щхьэкІэ Алыхьым елъэІун хуейт
Іэиуб абыхэм щхьэкІэ Алыхьым елъэІуа иужь, Иеговэ арэзы абы хуэхъуащ
Іэиуб и фІэщхъуныгъэмрэ и теубыдагъэмрэ щхьэкІэ Иеговэ фІыгъуэ куэд къыхуищІащ
Иеговэ Іэиуб «гъэрыпІэм къришыжащ» (ДЩІ), узыншэ ищІыжри
Іэиуб зыпэщІэхуа гугъуехьхэм иужь и ныбжьэгъухэмрэ и Іыхьлыхэмрэ и гур фІы хуащІыжащ
Иеговэ Іэиуб фІэкІуэда мылъкум нэхърэ тІукІэ нэхъыбэ иритыжащ
Іэиубрэ и щхьэгъусэмрэ бынипщІ иджыри къалъхужащ
Іэиуб илъэс 140-кІэ иджыри псэужащ, и еплІанэ щІэблэм нэси илъэгъуащ