Библиер — дзыхь зыхуэпщІ хъуну тхылъщ
Ижь-ижьыж лъандэрэ цІыху зэмылІэужьыгъуэхэм Библиер дзыхь зыхуэпщІ хъун тхылъу ялъытэт. Нобэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм я гъащІэр абы итым тращІыхь. Ауэ Библием дзыхь хуэзымыщІхэри щыІэщ. Абыхэм зэрабжымкІэ, а тхылъыр ди зэманым хуэкІуэкъым икІи ар шыпсэкІэ зэхэлъщ. Уэ дауэ Библием узэрыхущытыр? Дзыхь хуэпщІрэ абы?
СЫТ БИБЛИЕМ ДЗЫХЬ ХУЭПЩІ ЩІЭХЪУНУР?
Библием итыр зэрыпэжыр сыт уи фІэщ зыщІыфынур? Зы щапхъэ къэтхьынщ. Илъэс куэд щІауэ пцІыху ныбжьэгъуфІ уиІэу жытІэнщ. Абы уэ зэи укъигъапцІэкъым. Абы къыхэкІкІэ, уэ уи ныбжьэгъум дзыхь хубощІ. Библиер апхуэдэ ныбжьэгъу пэжым ебгъэщхь хъуну пІэрэ? Абы итыр пэжу пІэрэ? Жэуапхэр адэкІэ къэдгъащІэ.
Библиер зытхахэр цІыху пэжт
Библиер зытхахэр цІыху пэжт икІи я щыуагъэхэр щІахъумэтэкъым. Абыхэм ящыщ бегъымбар Инус ибзыщІакъым зэгуэр Алыхьым кърита къалэныр игъэзэщІэну зэрыхуэмеяр (Иона 1:1—3). Инус итхыжа тхылъым и кІэм къеІуэтэж Алыхьымрэ абырэ зэрызэпсэлъар. Алыхьым абы и щыуагъэр зэрыригъэлъэгъужар Инус итхыжащ, ауэ иужькІэ зэрызихъуэжам теухуауэ абы зыри жиІакъым (Иона 4:1, 4, 10, 11). Библиер зытхахэм яхэлъа пэжагъым къегъэлъагъуэ ахэр псори пэжыр фІыуэ зылъагъу цІыхуу зэрыщытар.
ГъащІэм къыщыпхуэсэбэп чэнджэщхэр
Библием ит чэнджэщхэр сыт щыгъуи щхьэпэу пІэрэ? Щхьэпэщ. Псалъэм папщІэ, адрейхэм уазэрыдэгъуэгурыкІуэфынум теухуауэ абы мыпхуэдэ чэнджэщ итщ: «ЦІыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щыгъуи» (Маттэ 7:12). Притчи 15:1 (Гъэсэпэтхыдэхэр) итщ: «Жэуап Іэсэм губжьыр егъэужьых, къызэщІегъэстыр псалъэ гуауэм губжьыр». Шэч хэмылъу Библием ит чэнджэщхэр япэми хуэдэу ноби щхьэпэщ.
Тхыдэм къиІуэтэжым тохуэ
Археологхэм къагъуэтахэр щыхьэт тохъуэ Библием зи гугъу ищІ цІыхухэр, щІыпІэхэр икІи Іуэхугъуэхэр шыпсэу зэрыщымытым. Библиер зытепсэлъыхь зы Іуэхугъуэ щапхъэу къэтхьынщ. Неемия 13:16 зэрыжиІэмкІэ, ди эрэм ипэ V-нэ лІэщІыгъуэм Тир къалэм къыдэкІауэ Ерусэлим дэс финики цІыхухэм «бдзэжьейрэ нэгъуэщІ хьэпшыпхэмрэ» Ерусалим кърашалІэт.
Мы Іуэхугъуэм щыхьэт техъуэ гуэр щыІэу пІэрэ? ЩыІэщ. Археологхэм Израил щІыналъэм Финикие къраша хьэпшыпхэр къыщагъуэтащ. Абы къегъэлъагъуэ Израилымрэ Финикиемрэ сату зэрызэдащІу щытар. Абы нэмыщІ Ерусалим къыщагъуэтащ хым къыщаубыда бдзэжьейхэм я къупщхьэхэр. Археологхэм зэрабжымкІэ, а бдзэжьейр жыжьэ кърашат. Абы теухуауэ Библиер зыдж щІэныгъэлІ Бенджамин Нонан жиІащ: «Неемия 13:16 къызэриІуэтэжым хуэдэу, тир цІыхухэм пэж дыдэу Ерусалим бдзэжьей щащэу щытащ».
Наукэм жиІэм тохуэ
Библиер динымрэ тхыдэмрэ нэхъ хуэхьауэ щытщ. Ауэ наукэм теухуа Іуэхугъуэ гуэрым и гугъу щищІым деж, ар щІэныгъэлІхэм къахутам тохуэ. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ.
Илъэс 3 500 хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ Библием щатхат щІыр «зыми фІэдзауэ» зэрыщымытыр (Иов 26:7). А зэманым щыпсэуахэм нэгъуэщІ еплъыкІэт яІэр. Абыхэм зэрабжымкІэ, щІыр псым е шылъэгу абрагъуэм и къупщхьэ джанэм тетт. Иов тхылъыр зэратхрэ илъэс 1 100 хуэдиз дэкІауи цІыхухэм я гугъэт щІыр зыгуэрым тетын хуейуэ е зыгуэрым фІэдзауэ щытын хуейуэ. Илъэс щищ хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ, 1687-нэ гъэм Исаак Ньютон «закон всемирного тяготения» жыхуаІэр къихутащ. Абы зэрыжиІамкІэ, гравитацием и фІыгъэкІэ ЩІыр и орбитэм темыкІыу зокІуэ. Ньютон къихутам мыхьэнэшхуэ иІэт икІи ар щыхьэт техъуащ Исаак и зэманым ипэ илъэс 3 000 хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ Иов тхылъым иратхар зэрыпэжым!
Къэхъун хуей псалъэхэу Библием итхэр пэж дыдэу къэхъуащ
Къэхъун хуей псалъэхэу Библием итхэр пэж дыдэу къэхъуауэ пІэрэ? Бегъымбар Ешайа (Исаия) Бабилэн къалэр зэрызэтракъутэнум теухуауэ итха псалъэхэр зэпкърытхынщ.
Къэхъун хуей псалъэр. Ди эрэм ипэ VIII-нэ лІэщІыгъуэм бегъымбар Ешайа жиІат Бабилэн къалэшхуэр къызэразэунур икІи зэман дэкІмэ абы зыри зэрыщымыпсэужынур (Исаия 13:17—20). А къалэр къэзызэунум и цІэ нэгъуни бегъымбарым итхат. Ар Кирт. Кир къигъэсэбэпыну Іэмалри Ешайа жиІат — абы псыежэхыр «иригъэгъущыкІынут». Абы нэмыщІ бегъымбар Ешайа итхат Бабилэным щытеуэкІэ абы и куэбжэхэр зэІухауэ къызэрагъэнэнур (Исаия 44:27—45:1).
А псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар. Бегъымбар Ешайа а псалъэхэр зэритхрэ илъэс 200 хуэдиз дэкІа нэужь, Персием и пащтыхьым Бабилэн къалэр къиухъуреихьащ. Хэтыт а пащтыхьым и цІэр? Кир! Бабилэныр къалэ быдэти, Кир мурад ищІащ къалэм кІуэцІрыж псыежэх Евфратыр къигъэсэбэпыну. Кир и зауэлІхэм псыежэхым псы къыхэж хуащІри, езы псыежэхыр нэхъ чэнж ящІащ. Абы и фІыгъэкІэ зауэлІхэр тыншу псым зэпрыкІащ. ГъэщІэгъуэныращи, къалэ куэбжэр ямыгъэбыдауэ къыщІэкІащ икІи Кир тыншу къалэм дыхьэри ар иубыдащ.
Ешайа зэрыжиІам хуэдэу Бабилэным зыри щымыпсэужу хъуауэ пІэрэ? Нобэ ар Иракым и Багдад къалэм пэмыжыжьэу щытщ. Бабилэныр къазэуа иужь илъэс щэ бжыгъэкІэ цІыхухэр абы иджыри щыпсэуащ, ауэ нобэ абы къутахуэ фІэкІа зыри къыхэнэжакъым. Ар щыхьэт тохъуэ бегъымбарым итхар нэгъэсауэ гъэзэщІа зэрыхъуам. Зэрытлъагъущи, Библием дзыхь хуэтщІ хъунущ къэкІуэнум теухуауэ абы зыгуэр щыжиІэм дежи.