ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Октябрь н. 26—31
  • Иеговэ нэмыщІ нэгъуэщІым зыми ухуэмылажьэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ нэмыщІ нэгъуэщІым зыми ухуэмылажьэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АХЪШЭР ФІЫУЭ ФЫМЫЛЪАГЪУ
  • ЗЭРЫЗЫВГЪЭПСЭХУНУ ЩІЫКІЭР КЪЫЩЫХЭФХЫМ ДЕЖ ФЫСАКЪ
  • СЫТ ЩЫГЪУИ ИЕГОВЭ НЭГЪЭСАУЭ ФЫХУЭПЭЖ
  • Дапхуэдэу нэгу зегъэужьыкІэхэр къызэрыхэтхыныр?
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Нэгу зегъэужьыкІэ къыхэпхымкІэ Иеговэ гъэгуфІэ
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Нэгу зегъэужьыкІэхэр Іущагъ хэлъу къыхэх
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Октябрь н. 26—31

43 СТАТЬЯР

Иеговэ нэмыщІ нэгъуэщІым зыми ухуэмылажьэ

«Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапІэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ» (МТ. 4:10).

51-НЭ УЭРЭДЫР Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьащ!

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Иеговэ нэгъэсауэ хуэпэжу дыщытыну сыт щІыхуэфащэр?

ИЕГОВЭ нэгъэсауэ хуэпэжу дыщытыну хуэфащэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дыкъигъэщІащ икІи гъащІэ къыдитащ (Апок. 4:11). Ауэ Иеговэ нэгъэсауэ дыхуэпэжыну сыт щыгъуи тыншкъым. Дэ Иеговэ фІыуэ тлъагъуу, пщІэ хуэтщІу дыщытми, нэгъуэщІ Іуэхухэр ипэ идгъэщмэ, Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм икІи абы фІэкІ зыми дыхуэмылэжьэну гукъыдэж диІэм ахэр зэран хуэхъункІэ хъунущ. Ар къызэрыхъур тщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ япэщІыкІэ дытепсэлъыхьынщ Иеговэ нэгъэсауэ хуэпэжыным къикІыр сытми.

2. Маттэ 4:10 зэритымкІэ, Иеговэ нэгъэсауэ дыхуэпэжу щытмэ, дапхуэдэу абы дызэрыхуэлэжьэнур?

2 Библием зэрыжиІэмкІэ Алыхьым хуэпэжыным къикІыр ар фІыуэ лъагъуныращ. Дэ Иеговэ нэгъэсауэ дыхуэпэжу щытмэ, абы фІэкІ нэгъуэщІым зыми дыхуэлэжьэнукъым. Дэ ди гум абы увыпІэ щиІыгъыр зыми еттынукъым. (Къеджэ Маттэ 4:10.)

3. Иеговэ хуэпэжу дыщІыщытым лъабжьэ быдэ иІэу сыт жыпІэ щІэхъунур?

3 Дэ Иеговэ хуэпэжу дыщІыщытым лъабжьэ быдэ иІэщ. Абы щІэныгъэ пэж диІэхэр лъабжьэ хуохъу. Дэ дигу ирохь Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэр. Абы игу ирихьри иримыхьри дощІэ икІи абы и еплъыкІэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтыным иужь дитщ. Дэ къыдгуроІуэ Иеговэ зэрыхуейр гуфІэгъуэ хэтхыу игъащІэ псокІэ дыхуэлэжьэну, абы къыхэкІкІэ абы и хабзэхэм дытету допсэу. Абы нэмыщІ езым и ныбжьэгъуу дыщытыну Іэмал къызэрыдитыр дэ щІыхьышхуэу долъытэ (Пс. 25:14). ДыкъэзыгъэщІа ди Адэм теухуауэ щІэуэ зыгуэр къэтщІэхукІэ, абы нэхъ гъунэгъу дыхуохъу (Екъуб 4:8).

4. 1) ШейтІаным сыт къигъэсэбэпыр Иеговэ нэгъэсауэ хуэпэжу дыщымытын щхьэкІэ? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

4 ШейтІаныр мы дунейм и тепщэу щытщи, абы дунейр къегъэсэбэп цІыхухэм я гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпсхэр яригъэщІэн щхьэкІэ (Еф. 2:1—3; 1 Ин. 5:19). ШейтІаным и мурадщ Иеговэ нэмыщІ нэгъуэщІ зыгуэри фІыуэ тлъагъуу дищІыну. Апхуэдэу хъумэ, Иеговэ нэгъэсауэ дыхуэпэжу жыпІэ хъунукъым. ШейтІаным и мурадыр къехъулІэн щхьэкІэ къигъэсэбэп ІэмалитІ зэпкърытхынщ. Япэрауэ, ар хуейщ мылъку зэгъэпэщыным дыхущІэкъуну, етІуанэрауэ абы дыхуегъэуш Иеговэ ифІэмыфІ зыгъэпсэхукІэ къыхэтхыну.

АХЪШЭР ФІЫУЭ ФЫМЫЛЪАГЪУ

5. Ахъшэр фІыуэ тлъагъуу дымыхъун щхьэкІэ дысакъын щІыхуейр сыт?

5 ЩыгъыныфІ, унэ тынш, ерыскъы ІэфІ уиІэным зыри Іей хэлъкъым. Ауэ ахъшэр фІыуэ тлъагъуу дымыхъун щхьэкІэ дысакъын хуейщ. Нобэ ШейтІаным и дунейм щыпсэу цІыхухэм я нэхъыбэм «ахъшэри фІыуэ ялъагъу» абыкІэ къэпщэхуфынухэри фІыуэ ялъагъу (2 Тим. 3:2). Хьисэ ищІэт абы и лъэужь ирикІуэхэми апхуэдэ къащыщІынкІэ зэрыхъунур. «ЗиусхьэнитІым хуэлэжьэн зыми лъэкІынукъым,— жиІащ Хьисэ,— е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фІыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкІынукъым фэ» (Мт. 6:24). ЦІыхур Иегови хуэлажьэу, мылъку зэгъэпэщынми зэманрэ къару куэдрэ тригъэкІуадэу щытмэ, ар зиусхьэнитІым хуэлажьэу жыпІэ хъунущ. Ар Иеговэ нэгъэсауэ хуэпэжкъым.

Лаодикиец в роскошной одежде, с драгоценностями и золотой чашей в руке; тот же человек в обносках, он недоедает

Лаодикие къалэм щыщхэм закъызэрыщыхъужу щытар... икІи Иеговэрэ Хьисэрэ ахэр зэралъагъуу щытар. (6-нэ абзацым феплъ.)

6. Лаодикие къалэм щыІэ зэхуэсым Хьисэ жриІа псалъэхэм дэ сытым дыхуагъасэрэ?

6 Япэ лІэщІыгъуэм икІэм Лаодикие къалэм щыІэ зэхуэсым щыщхэм зыщытхъужурэ мыпхуэдэу жаІэт: «Дыбейщ, куэд диІэ хъуащ, щыщІагъэ зыри диІэкъым». Ауэ Иеговэрэ Хьисэрэ я дежкІэ ахэр тхьэмыщкІэт, нэфт икІи пцІанэт. Хьисэ ахэр щІигъэкъуэншар бейуэ зэрыщытаракъым, атІэ мылъкум хуаІэ лъагъуныгъэм Иеговэ хуаІэ ныбжьэгъугъэр зэрикъутэрат (Апок. 3:14—17). Мылъку зэгъэпэщыным ди гур хущІэкъуу гу лъыттамэ, дэ щІэхыу ди гупсысэкІэр тхъуэжын хуейщ (1 Тим. 6:7, 8). Апхуэдэу дымыщІэмэ, ди гур тІууэ гуэша хъунущ икІи Иеговэ хуэтщІэр къищтэнукъым. Абы къытхуегъэув «дигу псомкІи» дыхуэлэжьэну (Мк. 12:30). Ауэ ахъшэр фыуэ тлъагъуу сыт зыщІынкІэ хъунур?

7—9. Зэхуэсым и нэхъыжь Дэвид и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

7 Америкэм щыпсэу, зэхуэсым и нэхъыжь ди къуэш Дэ́вид и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы лэжьэн ифІэфІщ. Япэм ар фирмэ гуэрым и къалэныр фІыуэ игъэзащІэу щылажьэт. Дэвид увыпІэ нэхъ лъагэ къратат икІи къэралым а лэжьыгъэр нэхъыфІу зыгъэзащІэхэм ящыщу ябжат. «А зэманым а псор Иеговэ и тыгъэу къысщыхъут»,— жеІэж Дэвид. Ауэ пэжу ар Иеговэ къыбгъэдэкІыу жыпІэ хъунут?

8 Дэвид гу лъитэу щІидзащ и лэжьыгъэр Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэм зэран зэрыхуэхъум. Абы жеІэж: «Сэ зэІущІэхэм сыщыщыІэм, уеблэмэ, хъыбарыфІыр щызгъэІум дежи си лэжьыгъэм пыщІа гугъуехьхэм сегупсыст. Сэ ахъшэфІ къэзлэжьт, ауэ кІуэ пэтми стресс нэхъыбэ сиІэ хъут, абы къыхэкІкІэ си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьэт».

9 Дэвид къыгурыІуащ и гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэр сытми зэхигъэкІын зэрыхуейр. «Си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэслъхьэну мурад быдэ сщІащ»,— жеІэ абы. Дэвид зэрылажьэ и графикым хэплъэжри, нэхъ мащІэу лэжьэну зэрыхуейр и нэхъыщхьэм жриІащ. Сыт абы кърикІуар? Дэвид и лэжьапІэм Іуахужащ! Сыт-тІэ абы ищІар? Абы игу къегъэкІыж: «СызэрыІуахужу етІуанэ махуэм заявленэ стхащ подсобнэ пионеру сыт щыгъуи сылэжьэну». Дэвидрэ и щхьэгъусэмрэ унэ зэлъыІуахыу лажьэу щІадзащ. Зэман гуэр дэкІа иужь Дэвид пионеру лэжьэн щІидзащ, иужькІэ и щхьэгъусэри пионер хъуащ. Зэщхьэгъусэхэм я лэжьыгъэр мы дунейм щыщхэм пщІэ зыпылъ лэжьыгъэу ялъытэкъым, ауэ ар абыхэм къафІэІуэхутэкъым. Абыхэм япэм къахэхъуэу щытам и Іыхьэ пщІанэм фІэкІа къамылэжьми, зыхуэныкъуэр ягъуэт. Ахэр хуейщ я гъащІэм япэ увыпІэр Иеговэ щиІыгъыну. Дэвидрэ и щхьэгъусэмрэ езыхэм я нэкІэ ялъэгъуащ Пащтыхьыгъуэм и Іуэхур я гъащІэм псом япэ изыгъэщхэм Иеговэ зэрыдэІэпыкъур (Мт. 6:31—33).

10. Дапхуэдэу ди гур зэрытхъумэнур?

10 ДытхьэмыщкІэми дыкъулейми, дэтхэнэ зыми ди гур тхъумэн хуейщ. Дапхуэдэу? Ахъшэр фІыуэ флъагъуу фымыхъун щхьэкІэ фысакъ. Зыщывмыгъэгъупщэ: лэжьыгъэр Иеговэ хуэлэжьэным нэхърэ нэхъапэ идгъэщ хъунукъым. Апхуэдэу къытщыщІарэ къытщымыщІарэ зэхэдгъэкІын щхьэкІэ мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Зэхуэсым сыщыщыІэм икІи хъыбарыфІыр щызгъэІум деж лэжьыгъэм щІэх-щІэхыурэ сегупсысу пІэрэ? Зэпымыууэ сригузавэу пІэрэ зэман дэкІмэ, ахъшэ къызэрызлэжьынум? Ахъшэм е мылъкум щхьэкІэ си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдэмыхьэу пІэрэ? Мы дунейм щыщхэм пщІэ зыпымылъ лэжьыгъэу ялъытэм сыувыну сыхьэзыр, Иеговэ нэхъыбэу сыхуэлэжьэну абы Іэмал къызитмэ?» (1 Тим. 6:9—12). Мы упщІэхэм дыщегупсысым деж зыщыдгъэгъупщэнкъым Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъур икІи пэжу хуэлажьэ дэтхэнэри мыпхуэдэу къызэригъэгугъэр: «ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым». Аращ апостол Паул щІитхар: «Ахъшэм фыхуэмынэпсей» (Евр. 13:5, 6).

ЗЭРЫЗЫВГЪЭПСЭХУНУ ЩІЫКІЭР КЪЫЩЫХЭФХЫМ ДЕЖ ФЫСАКЪ

11. ЦІыхум зыгъэпсэхукІэ къыхихыр дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуфынур?

11 Иеговэ хуейщ дэ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэуну. Псалъэм папщІэ, зыщыдгъэпсэхум деж дэ гуфІэгъуэ зыхыдощІэ. Алыхьым и псалъэм мыпхуэдэу итщ: «ЦІыхум и дежкІэ зыри нэхъыфІ щыІэкъым ефэн-ешхэным икІи и лэжьыгъэм фІыгъуэ къыпэкІуэм гуфІэгъуэ хихыным нэхърэ» (Эккл. 2:24). Ауэ мы дунейм къыхэтхыну дызыхуигъэуш зыгъэпсэхукІэхэр зэран къытхуэхъуфынущ. Абыхэм цІыхухэм я гупсысэкІэр зэІагъэхьэ икІи Алыхьым и Псалъэм къемызэгъыу ибжым тэмэму хущыту, уеблэмэ, ар фІыуэ ялъагъуу ящІ.

Официант выносит из грязной кухни испорченную пищу; мужчина с нетерпением ждет свой заказ, не зная, что пища испорчена

ЗыгъэпсэхукІэхэр хэт фэ фхуэзыгъэхьэзырыр? (11—14-нэ абзацхэм феплъ.)b

12. 1 Коринф 10:21, 22 зэритымкІэ, зыгъэпсэхукІэхэр къыщыхэтхым деж сыт дысакъын щІыхуейр?

12 Дэ Иеговэ нэгъэсауэ хуэпэжу дыщытыну дыхуейщи «Зиусхьэным и Іэнэми жин бзаджэхэм я Іэнэми» дыпэрыс хъунукъым. (Къеджэ 1 Коринф 10:21, 22.) ЦІыхухэр щызэдэшхэм деж, абы къегъэлъагъуэ абыхэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ зэрыдэлъыр. Дэ къыхэтх зыгъэпсэхукІэхэм залымыгъэр, Іэзэгъуазэр, зинэ щІэныр, Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэр, еплъыкІэ къемызэгъхэр къыхэщу щытмэ, Иеговэ и бийхэм дадэшхэу икІи абыхэм ягъэхьэзырар тшхыуэ жыпІэ хъунущ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ ди щхьэ зэран дыхуохъуж икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр докъутэ.

13, 14. 1) ЗыгъэпсэхукІэхэр дызэрышхэм сыткІэ ебгъэщхь хъуну? 2) Екъуб 1:14, 15 зэритымкІэ, зыгъэпсэхукІэ Іейхэр сыт зэран къытхуэхъуу жыпІэ щІэхъунур?

13 ЗыгъэпсэхукІэхэр дызэрышхэм сыткІэ ебгъэщхь хъунуми деплъынщ. Дыщышхэм деж ди жьэм жьэдэтлъхьэныр къыхэтхыну Іэмал диІэщ. Ауэ шхыныр едгъэха иужь дэ дэмылъыта Іуэхугъуэхэр ди кІуэцІым къыщыхъуу щІадзэ. Зэман дэкІа иужь ерыскъым хэлъ элементхэр ди Іэпкълъэпкъым щыщ мэхъу. Ерыскъы узыншэм ди узыншагъэр нэхъ быдэ ещІ, ерыскъы мыхьэнэншэм узыншагъэр хегъэщІ. Ерыскъы мыхьэнэншэм зэран къихьыр занщІэу зыхэдмыщІэнкІэ хъунущ, ауэ иужькІэ Іэмал имыІэу зыкъыдигъэщІэнущ.

14 Апхуэдэу зэрызыдгъэпсэхуну щІыкІэр къыщыхэтхым деж ди акъылым идгъэхьэну гупсысэхэр къыхэтхыну дэ езым Іэмал диІэщ. Ауэ зыгуэр ди акъылым идгъэхьа иужь, дэ дэмылъыта Іуэхугъуэхэр къэхъуу щІадзэ икІи абыхэм ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ яхъуэж. ЗыгъэпсэхукІэ тэмэмым къару къыдет, ауэ мыхъумыщІэр сыт щыгъуи зэран мэхъу. (Къеджэ Екъуб 1:14, 15.) ЗыгъэпсэхукІэ мыхъумыщІэм зэран къихьыр занщІэу дымылъэгъункІэ хъунущ, ауэ иужькІэ Іэмал имыІэу ар наІуэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ Библием дэ чэнджэщ къыдет: «ЗыкъэвмыгъэпцІэж. Тхьэм фэ зыкъывигъэгъэпцІэнукъым. ЦІыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ. И гуэныхьыщІэ щэныжьым и хьэсэм тезысэ цІыхум кІуэдыныгъэр игъуэтыжынущ» (Гал. 6:7, 8). Аращ мыхьэнэшхуэ щІиІэр Иеговэ илъагъу мыхъу Іуэхугъуэхэр зыхэт зыгъэпсэхукІэ дэтхэнэми пэІэщІэ зыхуэтщІыным! (Пс. 97:10).

15. Иеговэ дигъэгушхуэн щхьэкІэ сыт хуэдэ тыгъэ къыдита?

15 Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым ягу ирохь фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІ JW Broadcasting® жыхуиІэ ди интернет-телевидением еплъыну. Ди шыпхъу Мэ́рилин къыддогуашэ: «Ди телевидением уегъэгушхуэ. Абы иту хъуам уеплъ хъунущ къемызэгъ гуэр урихьэлІэнкІэ умышынэу. Закъуэныгъэр щызыхэсщІэм е гукъыдэж сыщимыІэм деж, сэ узыгъэгушхуэ псалъэ е программэ тызогъэувэ. Абы Иеговэрэ организацэмрэ нэхъ гъунэгъу сыхуещІ. JW Broadcasting къызэрежьэрэ си гъащІэм зихъуэжащ». Иеговэ къыбгъэдэкІ а тыгъэр лъапІэу флъытэрэ? Мазэ къэс къыдэкІ программэхэм нэмыщІ ди телевидением нэгъуэщІ аудиозаписьхэр икІи видеоматериалхэр къыщыбгъуэтыфынущ, абыхэм хохьэ къару къыпхэзылъхьэ уэрэдхэр.

16, 17. Зыгъэпсэхуным зэман тедгъэкІуадэм сыт дыкІэлъыплъын щІыхуейр икІи сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур?

16 Сыт хуэдэ зыгъэпсэхукІэ къыхэтхынуми дызэрегупсысым нэмыщІ, абыхэм дапхуэдиз зэман едгъэхьми дыкІэлъыплъын хуейщ. Апхуэдэу дымыщІэмэ, Иеговэ дызэрыхуэлажьэм зэман тедгъэкІуадэм нэхърэ нэхъыбэ зыгъэпсэхуным тедгъэкІуэдэнкІэ хъунущ. Куэдым я дежкІэ гугъущ зыгъэпсэхуным зэман трагъэкІуадэм кІэлъыплъыну. Илъэс 18 хъу ди шыпхъу А́бигейл жеІэ: «Махуэ гугъум икІэм зызгъэпсэхуну телевизорыр къыздоІэпыкъу. Ауэ сымысакъыу щытмэ, сыхьэт бжыгъэкІэ телевизорым сыІусыфынущ». Ди къуэш ныбжьыщІэ Са́мьюэл къыддогуашэ: «Сэ интернетым илъ видео кІэщІхэм кІэ имыІэу сеплъыфынущ. Зы ролик сеплъыну сотІысри, къэзмыщІэурэ сыхьэтищ-плІыкІэ сыщысщ».

17 Зыгъэпсэхуным зэман тевгъэкІуадэм фыкІэлъыплъыну сыт къывдэІэпыкъунур? ЯпэщІыкІэ зэхэвгъэкІ абы иджыпсту дапхуэдиз зэман тевгъэкІуадэми. Тхьэмахуэм и кІуэцІым зыгъэпсэхуным зэман евгъэхьыр фтхы хъунущ. Календарым ифтхэ сыхьэт дапщэкІэ телевизорым феплъми, интернетым фисми икІи электроннэ ІэмэпсымэкІэ фыджэгуми. Зэман куэд ихьу къыщІэкІмэ, график фщІы. ЯпэщІыкІэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэр япэ ивгъэщ, абы иужь зыщывгъэпсэхунур тевухуэ. Иеговэ фелъэІу график фщІам фытетыну къывдэІэпыкъуну. Апхуэдэу фщІэмэ, фэ зэмани къару нэхъыби фиІэнущ Библиер фэ езым е унагъуэкІэ вджын, зэІущІэхэм фыкІуэн, хъыбарыфІ гъэІуным фыхэтын икІи нэгъуэщІхэр евгъэджэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ мыхьэнэ имыІэу фи зэманыр зэрывгъэкІуам щхьэкІэ фи напэр къывэныкъуэкъунукъым.

СЫТ ЩЫГЪУИ ИЕГОВЭ НЭГЪЭСАУЭ ФЫХУЭПЭЖ

18, 19. Дэ Иеговэ нэгъэсауэ дызэрыхуэпэжыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?

18 ШейтІаным и дунейм кІэ къызэрыхуэкІуэнумрэ къытпэщылъ дунеищІэмрэ теухуауэ апостол Петр щитхам мыпхуэдэу жиІащ: «Аращи, фІыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкІэ, лажьэ зыри фимыІэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыІэу икІи гузэгъэгъуэ фиІэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит» (2 Пет. 3:14). Мы псалъэхэм дытету, къарууэ диІэр етхьэлІэу Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу дыпсэумэ икІи дыхуэлажьэмэ, дэ дгъэлъэгъуэнущ нэгъэсауэ Иеговэ дызэрыхуэпэжыр.

19 Нэхъ мыхьэнэ зиІэр ди гъащІэм япэ идмыгъэщын щхьэкІэ ШейтІанымрэ абы и дунеймрэ адэкІи зэран къытхуэхъуну хэтынущ (Лк. 4:13). Ауэ сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, къару едвгъэхьэлІэ ди гум Иеговэ увыпІэ щиІыгъыр зыми едмытын щхьэкІэ. Дэ Иеговэ нэгъэсауэ дыхуэпэжыну мурад быдэ тщІащ — а зыращ дыхуэлэжьэну зыхуэфащэр!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ нэгъэсауэ хуэпэжыным сыт къикІыр?

  • Мылъкум дызэрыхущытыр дауэ Алыхьым дызэрыхуэпэжым зэран зэрыхуэхъуфынур?

  • ЗыгъэпсэхукІэ къыхэтхыр дауэ Алыхьым дызэрыхуэпэжым зэран зэрыхуэхъуфынур?

30-НЭ УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си ныбжьэгъу!

a Дэ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьащ. Ауэ нэгъэсауэ дыхуэпэжу пІэрэ абы? Ар унафэ тщІыхэм къыхэщынущ. Иеговэ дапхуэдизу дыхуэпэжми къэзыгъэлъагъуэ ІуэхугъуитІ зэпкърытхынщ.

b СУРЭТХЭР. ПщэфІапІэ фІейм щагъэхьэзыра шхын зэІыхьар дэ тшхынукъым. НтІэ сыт залымыгъэ, Іэзэгъуазэ икІи зинэ щІэн зыхэтым дыщІеплъынур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын