ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Август н. 27—29
  • ШыІэныгъэр къыддоІэпыкъу гугъэ хэдмыхыжыну

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ШыІэныгъэр къыддоІэпыкъу гугъэ хэдмыхыжыну
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ШЫІЭНЫГЪЭР ЗИЩІЫСЫР СЫТ?
  • ШЫІЭНЫГЪЭР ДАУЭ НЭХЪЫБЭУ ЗЫХЭТЛЪХЬА ХЪУНУ?
  • ШЫІЭНЫГЪЭ ЩЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭН ХУЕЙ ІУЭХУГЪУЭХЭР
  • ИЕГОВЭ ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЭРИГЪЭЛЪАГЪУЭМ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
  • АдэкІи шыІэныгъэ вгъэлъагъуэ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • «ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ»
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Август н. 27—29

ШыІэныгъэр къыддоІэпыкъу гугъэ хэдмыхыжыну

  • ФІЫЛЪАГЪУНЫГЪЭР

  • ГУФІЭГЪУЭР

  • ГУЗЭГЪЭГЪУЭР

  • ШЫІЭНЫГЪЭР

  • ФІЫГЪУЭР

  • ФІЫ ЩІЭНЫР

  • ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР

  • ГУЩАБАГЪЭР

  • ЗЫШЫІЭНЫГЪЭР

ДУНЕЙМ и кІэр къэблэгъэху гъащІэр нэхъ гугъу хъуурэ макІуэ. Абы къыхэкІкІэ, псом хуэмыдэу ди зэманым, Иеговэ и лэжьакІуэхэм шыІэныгъэ яхэлъын хуейщ (2 Тим. 3:1—5). Дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм шыІэныгъэ яхурикъукъым. Абыхэм фІыуэ залъагъуж, зэкІужыныгъэр зыхуэдэр ящІэкъым, зышыІэныгъи яхэлъкъым. Абы ипкъ иткІэ дэтхэнэ зыри дызэупщІыжын хуейщ: «Ар сэ зэран къысхуэмыхъуауэ пІэрэ? ШыІэныгъэ нэгъэсар зищІысыр сыт? А хьэл-щэн дахэр дауэ зыхэслъхьа хъуну?»

ШЫІЭНЫГЪЭР ЗИЩІЫСЫР СЫТ?

Библием ит «шыІэныгъэ» псалъэм къикІыр сыт? Ар гугъуехьхэр ауэ сытми пшэчын закъуэракъым. ШыІэныгъэ зыхэлъ цІыхум мурад гуэррэ, гугъапІэрэ иІэу псори ешэч: ар и щхьэ закъуэм емыгупсысыу, нэгъуэщІхэми яфІ къелъыхъуэ, ахэр Іейуэ къыхущытми. ШыІэныгъэ зыхэлъ цІыхум и жагъуэ къэзыщІамрэ езымрэ я зэхущытыкІэр нэхъыфІ зэрыхъужынум гугъэ хихыжкъым. ГъэщІэгъуэнкъым Алыхьым и Псалъэм лъагъуныгъэр лъабжьэ зыхуэхъу хьэл-щэн дахэхэм щыщу шыІэныгъэр япэу къызэрихьыр (1 Кор. 13:4)a. Абы нэмыщІ шыІэныгъэр Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ (Гал. 5:22, 23). ШыІэныгъэр дауэ нэхъыбэу зыхэтлъхьа хъуну?

ШЫІЭНЫГЪЭР ДАУЭ НЭХЪЫБЭУ ЗЫХЭТЛЪХЬА ХЪУНУ?

ШыІэныгъэр нэхъыбэу тхэлъын щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэм дыхуэныкъуэщ. Иеговэ щыгугъхэм икІи и къару лъапІэр къритыну елъэІухэм и къару лъапІэр ирет (Лк. 11:13). Алыхьым и къару лъапІэм псори хузэфІокІ, ауэ дэри ди лъэныкъуэкІэ дыщІелъэІуам теухуауэ къару етхьэлІэн хуейщ (Пс. 86:10, 11). Абы къыхэкІкІэ, шыІэныгъэр нэхъыбэу дгъэлъэгъуэн папщІэ, махуэ къэс абы дегугъун хуейщ. Апхуэдэурэ ар хьэл тхуэхъунущ. Ауэ зэми шыІэныгъэ щытхуримыкъу къохъу. Абы щыгъуэ сыт къыддэІэпыкъунур?

ШыІэныгъэр нэхъыбэу тхэлъын щхьэкІэ, Хьисэ и щапхъэ дагъуэншэм дегупсысын икІи абы дыдэплъеин хуейщ. ШыІэныгъэр «щэныщІэфІым» хыхьэ хьэл-щэнхэм щыщ зыуэ апостол Паул жиІащ. Иджыри абы мыпхуэдэу итхащ: «Мэссихь къывит гузэгъэгъуэм фи гум тепщэныгъэ щрыреІэ» (Кол. 3:10, 12, 15). Апхуэдэ гузэгъэгъуэм ди гум тепщэныгъэ щиІэн щхьэкІэ, Хьисэ хуэдэу быдэу ди фІэщ хъун хуейщ Алыхьым захуагъэр и зэманым зэрызэтригъэувэжынур. Хьисэ щапхъэ тетхмэ, сыт хуэдэ Іуэхугъуэ димыхуэми шыІэныгъэр тфІэкІуэдынукъым (Ин. 14:27; 16:33).

Дэ псори дыхуейщ Алыхьым дыкъызэригъэгугъа дунеищІэр нэхъ псынщІэу къэсыну. Ауэ Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу къызэрытхущытым дызэрегупсысыр къыддоІэпыкъу дэри езым нэхъыбэу шыІэныгъэ тхэлъыну. Библием дыкъегъэгугъэ: «ЦІыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цІыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщІэныр хигъэтІэсэнукъым. Тхьэм шыІэныгъэ къыфхуиІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зы цІыхуи кІуэдыну хуэмейуэ, цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну хуейщ ар» (2 Пет. 3:9). Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу къызэрытхущытым дызэрегупсысыр къыддоІэпыкъу дэри адрейхэм шыІэныгъэ тхэлъу дахущытыну (Рим 2:4). ШыІэныгъэ щыдгъэлъэгъуэн хуей сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм дыпэщІэхуэфыну?

ШЫІЭНЫГЪЭ ЩЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭН ХУЕЙ ІУЭХУГЪУЭХЭР

ШыІэныгъэ бгъэлъэгъуэну щымытынш Іуэхугъуэ дэ щІэх-щІэхыурэ дрохьэлІэ. Псалъэм папщІэ, цІыхум зыгуэр къыбжеІэж. Ауэ, уэ узэреплъымкІэ, мыхьэнэшхуэ зиІэу къыпщыхъу гуэр иджыпсту жомыІэу хъунукъым. Абдежым ар зэпомыуду жиІэну зыхуейр и кІэм нэс жебгъэІэмэ нэхъыфІщ (Екъуб 1:19). Ди къуэш гуэр е ди шыпхъу гуэр уи гум щытемыхуэм деж шыІэныгъэ пхэмылъу хъунукъым. Абы ухуэгубжь е ухуэбампІэ нэхърэ Иеговэрэ Хьисэрэ уи щыуагъэхэм зэрыхущытым уегупсысмэ нэхъыфІщ. Абыхэм ди щыуагъэхэм фІэкІа ямылъагъуу щыткъым, атІэ фІы къызэрытхалъэгъуэным иужь итщ икІи фІыкІэ зыщытхъуэжынум поплъэ (1 Тим. 1:16; 1 Пет. 3:12).

Къемызэгъ гуэр пщІауэ е жыпІауэ зыгуэрым къыщыхъуамэ, абы щыгъуи шыІэныгъэ бгъэлъэгъуэн хуейщ. Къэхъуар уи гум ежэлІэнкІэ хъунущ е зыкІи узэрымыкъуаншэр цІыхум къыгурыбгъэІуэну иужь уихьэнкІэ хъунущ. Ауэ Библием мыпхуэдэ чэнджэщ къыдет: «ШыІэныгъэ зиІэр пагэм нэхърэ нэхъыфІщ. Уи жагъуэ пщІыну умыпІащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ жагъуэр зигу илъыр акъылыншэращ» (Эккл. 7:8, 9). Пхуэмыфащэу, къомылэжьауэ уагъэкъуаншэми, укъэмыгубжьу зырызыпІыгъыным иужь ит. Хьисэ щагъэкъуаншэми арат ищІэр (Мт. 11:19).

Адэ-анэр шыІэныгъэм псом хуэмыдэу хуэныкъуэщ я сабийм гупсысэкІэ тэмэм имыІэу, Іейм дишэхыу щалъагъум деж. Вефилым щылажьэ Матти́ас и щапхъэр къэтхьынщ. Ар школым щеджэм щыгъуэ, и диным щхьэкІэ зэпымыууэ къыдеджэхэр къыщыдыхьэшхт. ЯпэщІыкІэ абы теухуауэ щІалэм и адэ-анэм зыри ящІэтэкъым. Ауэ иужькІэ адэ-анэм гу лъатащ Маттиас Библием ит пэжым шэч къызэрытрихьэм. Маттиас и адэ Йи́ллис игу къегъэкІыж: «Абы щыгъуэ си щхьэгъусэмрэ сэрэ шыІэныгъэ куэду тхэмылъу хъунутэкъым. Маттиас къыдэупщІт: „Хэт хъуну Алыхьыр? Библиер Алыхьым и Псалъэу щымытмэ-щэ? Алыхьым къытхуигъэувыр а тхылъым зэритыр дэнэ фэ щыфщІэр?“» Абы нэмыщІ Маттиас и адэм еупщІт: «Фэ Алыхьым хувиІэ фІэщхъуныгъэмрэ гурыщІэхэмрэ хуэдэ сызэримыІэ къудейм щхьэкІэ щхьэ сывгъэкъуаншэрэ?»

Йиллис пещэ: «Зэми абы упщІэхэр къыщыдитым деж къэгубжьт, ауэ зыхуэгубжьыр дэратэкъым, атІэ Библием ит пэжырат. Маттиас и гугъэт пэжым и гъащІэр гугъу ищІауэ». Сыт абы щыгъуэм Йиллис ищІар? Ар къыддогуашэ: «Маттиасрэ сэрэ дытІысти сыхьэт бжыгъэкІэ дызэпсалъэт. Нэхъыбэу псалъэр арат, сэ зэзэмызэ упщІэхэр естт, и гум илъыр къэсхутэн папщІэ. Куууэ зэгупсыс хъун гуэр иныкъуэм деж си къуэм жесІэти, махуэ зы-тІу дэкІа иужь ди псалъэмакъым пытщэжт. Ауэ зэми абы и псалъэхэм сэ махуэ зыбжанэкІэ сегупсыст. Хуэм-хуэмурэ Маттиас къыгурыІуэу щІидзащ Алыхьым и тепщэныгъэм и лъагъуныгъэм икІи абы дэр щхьэкІэ ита щхьэщэхужым теухуа упщІэхэр. Дэ зэманрэ къарурэ куэду ди къуэм зэрытедгъэкІуэдам дыхущІегъуэжкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ хуэм-хуэмурэ абы Иеговэ фІыуэ илъагъуу щІидзащ. А зэманым ди къуэм шыІэныгъэ тхэлъу дызэрыдэІэпыкъуфам си щхьэгъусэмрэ сэрэ дыщогуфІыкІыж икІи абы къару етхьэлІам фІы къыпэкІуащ: Маттиас и гум дылъэІэсыфащ».

Йиллисрэ абы и щхьэгъусэмрэ Иеговэ щыгугъыу икІи шыІэныгъэ яхэлъу я къуэм дэІэпыкъуащ. Йиллис игу къегъэкІыж: «Маттиас щІэх-щІэхыурэ жесІэт и анэмрэ сэрэ ар фІыщэу зэрытлъагъур икІи Иеговэ абы дэІэпыкъуну дызэрыхуелъэІур». ШыІэныгъэр хьэл-щэн лъапІэщ икІи а хьэл-щэныр зэрагъэлъэгъуэфам Маттиас и адэ-анэр хуабжьу щогуфІыкІыж!

Алыхьым и лэжьакІуэм шыІэныгъэ хэлъын хуейщ уз хэтІэса зиІэ и Іыхьлым ар щыдэІэпыкъум дежи. Европэм щыпсэу Э́лленb и щапхъэм деплъынщ.

Илъэсий ипэ Эллен и щхьэгъусэм инсульт тІэурэ къеуащ. А узым къыхэкІыу абы гущІэгъуи, гуфІэгъуи, гуауи иджы зыхищІэжкъым. ДауикІ, Эллен и Іуэхур егъэлеяуэ гугъущ. Абы жеІэж: «Сэ шыІэныгъэ куэду схэлъын хуейщ икІи абы теухуауэ Иеговэ щІэх-щІэхыурэ солъэІу. Филиппи 4:13 итщ: „ЛъэкІыныгъэ къызэзытым и къарукІэ псори сщІэн слъэкІынущ“ (ДЩІ). Мыр нэхъыфІ дыдэу слъагъу едзыгъуэщ икІи абы сыщеджэм деж гупсэхугъуэ согъуэт». Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунум шэч къытримыхьэу Эллен шыІэныгъэ хэлъу и гугъуехьхэм полъэщ (Пс. 62:5, 6).

ИЕГОВЭ ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЭРИГЪЭЛЪАГЪУЭМ ЩАПХЪЭ ТЕФХ

ШыІэныгъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Иеговэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэ дегъэлъагъу (2 Пет. 3:15). Иеговэ шыІэныгъэ нэгъэса мызэ-мытІэу зэригъэлъэгъуам Библиер топсэлъыхьыж (Неем. 9:30; Ис. 30:18). Алыхьым Содом къалэр игъэкІуэдыну унафэ щищІам щыгъуэ, абы теухуауэ Ибрэхьим Иеговэ упщІэ зыбжанэ ириту щІидзат. Иеговэ Ибрэхьим зэпимыуду жиІэну зыхуей псор жригъэІэт икІи шыІэныгъэ хэлъу абы жиІэм едаІуэт. Ибрэхьим щІэгузавэ Іуэхур къызэрыгурыІуэр Иеговэ абы иригъэлъэгъуащ икІи Содом цІыху пэжу пщІы къыщигъуэтмэ, а къалэр имыгъэкІуэдыну къигъэгугъащ (ЩІэдз. 18:22—33). ШыІэныгъэ пхэлъу икІи укъэмыгубжьу нэгъуэщІхэм узэредэІуэн хуейм теухуауэ Иеговэ щапхъэфІ тхуохъу!

ШыІэныгъэр Алыхьым и лэжьакІуэм Іэмал имыІэу хэлъын хуей хьэл-щэн дахэщ. А хьэл-щэн лъапІэр зэрыхэдгъэхъуэным дыхущІэкъумэ, лъагъуныгъэрэ шыІэныгъэрэ зыхэлъ ди Адэр дгъэлъэпІэнущ. Абы нэмыщІ «фІэщхъуныгъэрэ шыІэныгъэрэ» дызэриІэм щхьэкІэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псор ІыхьэфІу къытлъысынущ (Евр. 6:10—12).

a Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм теухуа статьяхэр бгъу мэхъу. Лъагъуныгъэм япэ статьяр топсэлъыхь.

b ЦІэр зэхъуэкІащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын