ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Май н. 15—20
  • Фи бийр фІыуэ фцІыхуу пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Фи бийр фІыуэ фцІыхуу пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ШЕЙТІАНЫМ И ТЕПЩЭНЫГЪЭМ ДАПХУЭДИЗКІЭ ЗИУБГЪУА?
  • ДАПХУЭДЭУ ШЕЙТІАНЫМ ЦІЫХУХЭР КЪИГЪЭПЦІЭНУ ЗЭРЫХЭТЫР?
  • СЫТ ШЕЙТІАНЫМ ХУЗЭФІЭМЫКІЫР?
  • Хэт Иблисыр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Хэт Алыхьым и бийхэр?
    Уэ Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуфынущ!
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Май н. 15—20

Фи бийр фІыуэ фцІыхуу пІэрэ?

«Ар [ШейтІаныр] зэщэр дымыщІэу дыщыткъым» (2 КОР. 2:11).

УЭРЭДХЭР: 150, 32

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • ШейтІаным и тепщэныгъэм дапхуэдизкІэ зиубгъуа?

  • Дапхуэдэу ШейтІаным цІыхухэр къигъэпцІэну зэрыхэтыр?

  • Ди бийм теухуауэ сыт фэ къэфщІар?

1. Ди бийм теухуауэ сыт Иеговэ жиІар, Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь къахьа иужь?

ІЭДЭМ, дауикІ, ищІэт блэхэр зэрымыпсалъэр. Абы къыхэкІкІэ абы къыгурыІуэу къыщІэкІынт Хьэуа къепсэлъар уафэм щыпсэухэм ящыщ гуэру зэрыщытыр (ЩІэдз. 3:1—6). Іэдэми Хьэуаи абы теухуауэ зыри ящІэтэкъым. Абы емылъытауэ, Іэдэм унафэ ищІащ — фІыуэ къэзылъагъу и Адэм и щІыбыр хуигъазэу, Алыхьым пэщІэувам и лъэныкъуэ иубыдыну, ар имыцІыхуми (1 Тим. 2:14). Иеговэ занщІэу нэхъыбэ къызэІуихыу щІидзащ Іэдэмрэ Хьэуарэ къэзыгъэпцІа бийм теухуауэ икІи псалъэ итащ икІэм-икІэжым ар игъэкІуэдыну. Ауэ Иеговэ иджыри жиІащ, блэр къигъэсэбэпу къэпсэлъар Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэм зэман гуэркІэ зэрыпэщІэтынур (ЩІэдз. 3:15).

2, 3. Мэссихьыр къэкІуэн ипэ ШейтІаным теухуауэ Алыхьым мащІэу фІэкІа цІыхухэм сыт къащІыхузэІуимыхар?

2 Иеговэ — Іущагъ зыбгъэдэлъ Алыхьщ, абы къыхэкІкІэ къыпэщІэува мелыІычым и цІэр къытхузэІуихакъымa. Ар къыпэщІэува иужь илъэс 2 500 дэкІауэщ Иеговэ ар хэту щытми цІыхухэм къащригъэщІар (Иов 1:6). Ар нобэ зэрытцІыхур «ШейтІанущ», а псалъэм «ныкъуэкъуэгъу» къикІыу аращ. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм абы тхылъищым фІэкІ ущрихьэлІэкъым: 1 Летопись, Иов, Захария тхылъхэм. Сыт-тІэ а бийм теухуауэ Алыхьым мащІэу фІэкІа цІыхухэм къащІыхузэІуимыхар?

3 Иеговэ ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм ШейтІанымрэ абы ищІэ Іуэхухэмрэ теухуауэ куэд иригъэтхакъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Алыхьым ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр щІаригъэтхар и лэжьакІуэхэм Мэссихьыр хэтми къацІыхуу, абы и ужь иувэн щхьэкІэщ (Лк. 24:44; Гал. 3:24). Мэссихьыр къэкІуа иужь, Иеговэ абырэ абы и апостолхэмрэ къигъэсэбэпри, ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэ зыубыда мелыІычхэмрэ теухуауэ дэ иджыпсту тщІэхэм щыщ куэд цІыхухэм къахузэІуихащb. ИкІи ар гурыІуэгъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэ зыІыгъхэмрэ игъэкІуэдын щхьэкІэ, Иеговэ Хьисэрэ абы и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэмрэщ къигъэсэбэпынур (Рим 16:20; Апок. 17:14; 20:10).

Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІыч пэжхэр ди гъусэмэ, ди бийм дыпэщІэтыфынущ

4. Сыт дэ Иблисым дыщышынэн щІыхуэмейр?

4 Апостол Петр ШейтІан Иблисыр «аслъэн гъуахъуэм» иригъэщхьащ, апостол Иуани абы «благъуэжькІэ» икІи «блэжькІэ» еджащ (1 Пет. 5:8; Апок. 12:9). Ауэ дэ Иблисым дыщышынэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и зэфІэкІым гъунэ иІэщ. (Къеджэ Екъуб 4:7.) Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІыч пэжхэр дэ къыддэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ. Ахэр ди гъусэмэ, ди бийм дыпэщІэтыфынущ. Ауэ дэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІищым я жэуапхэр къэдгъуэтын хуейщ: ШейтІаным и тепщэныгъэм дапхуэдизкІэ зиубгъуа? Дапхуэдэу ШейтІаным цІыхухэр къигъэпцІэну зэрыхэтыр? ИкІи сыт абы хузэфІэмыкІыр? Аращи, мы упщІэхэм я жэуапхэр щызэпкърытхкІэ, девгъэгупсыс сыт хуэдэ дерс дэ абы хэтхыфынуми.

ШЕЙТІАНЫМ И ТЕПЩЭНЫГЪЭМ ДАПХУЭДИЗКІЭ ЗИУБГЪУА?

5, 6. Сыт цІыхухэм я правительствэхэм щІахузэфІэмыкІынур цІыхубэр нэхъыбэу зыхуэныкъуэр иратыну?

5 ШейтІаныр Алыхьым щыпэщІэувам щыгъуэ, абы и лъэныкъуэр мелыІыч куэдым яубыдауэ щытащ. Псыдзэшхуэр къэхъун ипэ абыхэм ящыщу языныкъуэхэр ШейтІаным хуигъэушащ щІылъэм къехыу цІыхубзхэм яригъусэну. Библиер абы гъэщІэгъуэну топсэлъыхьыж. Абы зэритымкІэ, «благъуэжь абрагъуэр» уафэм къыщрадзыхым щыгъуэ, «вагъуэхэм я Іыхьэ щанэр и кІэмкІэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щІылъэм къридзыхащ» (Апок. 12:3, 4; ЩІэдз. 6:1—4; 6). А мелыІычхэм Алыхьым и унагъуэр къагъэна иужь, абыхэм ШейтІаныр я тепщэ хъуащ. Ауэ дэ ди гугъэн хуейкъым ахэр утІыпщауэ, щхьэж езым зыхуейр ищІэу дунейм тету. ШейтІаным Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм ещхьу, езыми нэрымылъагъуу пащтыхьыгъуэ игъэуващ икІи пащтыхьу езыр теувэжащ. Абы нэмыщІ жин бзаджэхэр зэхуишэсри, ахэр мы дунейм и тепщэ ищІащ (Еф. 6:12).

6 И нэрымылъагъу организацэр къигъэсэбэпу ШейтІаным цІыхухэм я правительствэхэр здыхуеймкІэ еунэтІ. Ар къыхощ абы «дунейм тет къэралыгъуэ псори» Хьисэ иригъэлъагъуу, мыпхуэдэу зэрыжриІам: «Мы къэралыгъуэхэм я тепщэныгъэ псори щІыхьышхуэу яІэри сэ уэ уэстынущ, ахэр си ІэмыщІэм илъщ икІи сэ сызыхуейм естыну сыхуитщи» (Лк. 4:5, 6). ШейтІаныр зэран зэрахуэхъум емылъытауэ, языныкъуэ правительствэхэм фІы гуэрхэр ящІэну хэтщ, языныкъуэ тепщэхэри я гум къыбгъэдэкІыу цІыхухэм дэІэпыкъуну хуейщ. Ауэ цІыхухэр нэхъыбэу зыхуэныкъуэр яритыну зыхузэфІэкІын правительстви цІыхуи щыІэкъым (Пс. 146:3, 4; Апок. 12:12).

7. Дауэ ШейтІаным правительствэхэм нэмыщІ, дин нэпцІымрэ коммерциемрэ къызэригъэсэбэпыр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

7 «ЩІылъэм тет цІыху псори» къагъэпцІэн щхьэкІэ ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ правительствэхэм нэмыщІ, дин нэпцІымрэ коммерциемрэ къагъэсэбэп (Апок. 12:9). ШейтІаным дин нэпцІыр къигъэсэбэпурэ Иеговэ пцІы трелъхьэ. Абы нэмыщІ абы лъэкІ къигъанэкъым Алыхьым и цІэр цІыхухэм къамыщІэн щхьэкІэ (Иер. 23:26, 27). Аращи, гурэ псэкІэ Алыхьым хуэлажьэу зи гугъэ цІыхухэр, пэжыр жыпІэмэ, жин бзаджэхэм хуэлажьэу аращ (1 Кор. 10:20; 2 Кор. 11:13—15). Абы нэмыщІ ШейтІаным коммерциер къигъэсэбэпу цІыхухэр къегъапцІэ икІи ахъшэмрэ мылъкумрэ насыпыр елъытауэ я фІэщ ищІыну хуейщ (Прит. 18:11, Гъэсэпэтхыдэхэр). Алыхьым хуэлэжьэным и пІэкІэ, ШейтІаным къигъэпцІахэр «ахъшэм» и пщылІ мэхъу икІи ар къэлэжьыным я гъащІэ псор трагъэкІуадэ (Мт. 6:24). Абыхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуу щытами, ахъшэ къэлэжьыным а лъагъуныгъэм зыри къыхинэжакъым (Мт. 13:22; 1 Ин. 2:15, 16).

Дэ е Иеговэ и лъэныкъуэращ, е ШейтІаным и лъэныкъуэращ тхуэубыдынур

8, 9. 1) Іэдэмрэ Хьэуарэ, абы нэмыщІ Алыхьым пэува мелыІычхэмрэ ящІам сыт хуэдэ дерсхэр хэтхыфыну? 2) ШейтІаным и тепщэныгъэм дапхуэдизкІэ зиубгъуами тщІэну сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

8 Іэдэмрэ Хьэуарэ, абы нэмыщІ Алыхьым пэува мелыІычхэмрэ ящІам дэ дерситІ хэтхыфынущ. Япэрауэ, дэ е Иеговэ и лъэныкъуэращ, е ШейтІаным и лъэныкъуэращ тхуэубыдынур, нэгъуэщІ щыІэкъым (Мт. 7:13). ЕтІуанэрауэ, цІыхум ШейтІаным и лъэныкъуэ иубыдми, абы хихыну зыщыгугъа фейдэ псор къыІэрыхьэнукъым. Іэдэмрэ Хьэуарэ фІымрэ Іеймрэ езыхэм зэхагъэкІыну Іэмал яІэ хъуат. Жин бзаджэхэми цІыхухэм я правительствэхэм зы лъэныкъуэ гуэркІэ я тепщэу щытыну Іэмал яІэ хъуащ (ЩІэдз. 3:22). Ауэ ШейтІаным зыгуэр къыщыуитым деж, абы сыт щыгъуи уасэшхуэ щІэптын хуей мэхъу (Иов 21:7—17; Гал. 6:7, 8).

9 ШейтІаным и тепщэныгъэм дапхуэдизкІэ зиубгъуами тщІэну сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Ар къыддоІэпыкъу къэрал унафэщІхэм еплъыкІэ тэмэм дахуиІэну икІи хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну дыхуегъэуш. Дэ къыдгуроІуэ тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ яхуэтщІыну Иеговэ зэрыхуейр (1 Пет. 2:17). Алыхьыр къытщогугъ дыщыпсэу къэралым и хабзэхэм дытетыну, ахэр езым и хабзэхэм пэщІэмыувэу щытмэ (Рим 13:1—4). Ауэ дэ тщыгъупщэ хъунукъым политикэм дыхэІэбэн зэрыхуэмейр икІи зэи парт гуэрым е унафэщІ гуэрым и лъэныкъуэ дубыдын зэрыхуэмейр (Ин. 17:15, 16; 18:36). ШейтІаным Алыхьым пцІы трилъхьэу, и цІэр игъэулъиину зэрыхэтыр зэрытщІэм нэхъыбэжу дыхуегъэуш Алыхьым теухуа пэжымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэну. Дэ Алыхьым и цІэмкІэ зэрызыхуэдгъэзэфым икъукІэ дрогуфІэ икІи абы и цІэр зетхьэу и Щыхьэту дызэрыщытым дропагэ. Ахъшэмрэ мылъкумрэ къыдатыфынум нэхърэ, Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр куэдкІэ зэрынэхъ лъапІэм дэ шэч къытетхьэкъым (Ис. 43:10; 1 Тим. 6:6—10).

ДАПХУЭДЭУ ШЕЙТІАНЫМ ЦІЫХУХЭР КЪИГЪЭПЦІЭНУ ЗЭРЫХЭТЫР?

10—12. 1) ШейтІаным дауэ хузэфІэкІа языныкъуэ мелыІычхэр и лъэныкъуэ ищІыну? 2) А мелыІычхэм къащыщІам дэ сытым дыхуигъасэрэ?

10 ШейтІаным фІы дыдэу ещІэ цІыхухэр дауэ къэбгъапцІэ хъунуми. Абы Іэмал куэд къегъэсэбэп зыгуэрым дыдихьэхыу, абыкІэ дыкъиубыду зыхуейр дигъэщІэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ и унафэм дыщІигъэтын щхьэкІэ дигъэшынэну хэтщ.

11 ШейтІаным и къунтхым мелыІыч куэд къиубыдащ. Ар дауэ абы зэрыхузэфІэкІар? Ахэр зэрызыІэпишэну щІыкІэр къыгурыІуэн щхьэкІэ куэдрэ абыхэм кІэлъыплъауэ къыщІэкІынщ. Ахэр къиубыдын щхьэкІэ ШейтІаным и къунтхым фІищІар языныкъуэ мелыІычхэм ирагъэнэхащ — щІылъэм щыІэ цІыхубзхэм яригъусащ. Арати, абыхэм къалъху сабийхэр цІыхухэр гугъу езыгъэхь, гущІэгъуншэ иныжь хъуащ (ЩІэдз. 6:1—4). ШейтІаным мелыІычхэр зэрыдихьэхар цІыхубз закъуэкІэкъым, атІэ ахэр иджыри къигъэгугъауэ къыщІэкІынущ цІыхухэм я тепщэу щытыну. Апхуэдэу ШейтІаныр хуеяуэ къыщІэкІынущ «цІыхубзым» къыщІэхъуэну щІэблэм теухуауэ Иеговэ жиІа псалъэхэр къэхъуным зэран хуэхъуну (ЩІэдз. 3:15). Дапхуэдэу мыхъуами, ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ ехъулІэныгъэ яІакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ Псыдзэшхуэ къигъэхъури, абыхэм я мурадхэр икъутащ.

ШейтІаным дыкъиубыдын щхьэкІэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къегъэсэбэп: зинэ щІэныр, пагагъэр, Іэзэгъуазэр (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)

12 А Іуэхугъуэм сытым дэ дыхуигъасэрэ? Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым зинэ щІэнымрэ пагагъэмрэ ШейтІаным дыкъиубыдын щхьэкІэ къигъэсэбэп Іэмалхэм зэрыщыщыр. Абы и лъэныкъуэ зыубыда мелыІычхэр зэман куэдкІэ езы Алыхьым и гъусэу уафэм щыІащ. Абы емылъытауэ, абыхэм гупсысэ мыхъумыщІэхэр зытрагъэкІуащ. Илъэс куэд щІауэ Иеговэ дыхуэлажьэми, дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм ди гум лъабжьэ зэрыщащІыфынур (1 Кор. 10:12). Абы къыхэкІкІэ дэ сыт щыгъуи дыкІэлъыплъын хуейщ ди гум илъым, зинэ щІэным дыхуэзышэнкІэ хъуну гупсысэ мыхъумыщІэхэри ди акъылым итхун хуейщ икІи пагагъэмрэ зыкъыфІэщІыжынымрэ дебэнын хуейщ (Гал. 5:26; къеджэ Колоссэ 3:5).

13. ШейтІаным дыкъиубыдын щхьэкІэ сыт хуэдэ Іэмал иджыри къигъэсэбэпыр икІи абы дыкъимыгъэпцІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

13 ШейтІаным дыкъиубыдын щхьэкІэ къигъэсэбэп Іэмалхэм хохьэ Іэзэгъуазэр. ЦІыхухэр Іэзэгъуазэм дихьэхын щхьэкІэ ШейтІаным дин нэпцІым нэмыщІ, мы дунейм щыІэ зыгъэпсэхукІэхэри къегъэсэбэп. Фильмхэм, тхылъхэм, телевизорымкІэ къагъэлъагъуэ программэхэм икІи электроннэ Іэмэпсымэхэм тет джэгухэм Іэзэгъуазэр зы фІы гуэру къытщагъэхъу. НтІэ, ШейтІаным зыкъедмыгъэгъэпцІэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Дэ дыщыгугъ хъунукъым Алыхьым и организацэм зыгъэпсэхукІэ къезэгъхэмрэ къемызэгъхэмрэ тхауэ къыдитыну. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми ди напэр дгъэсэн хуейщ, Иеговэ и хабзэхэм техуэ унафэ тщІын щхьэкІэ (Евр. 5:14). Дэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэн щхьэкІэ Паул и чэнджэщыр дэІэпыкъуэгъу тхуэхъунущ. Абы жиІауэ щытащ: «Фи фІылъагъуныгъэр пэж ирехъу». АбыкІэ бзитІщхьитІу дыщымыту ди лъагъуныгъэр пэжу щытын зэрыхуейр къыдгуригъэІуащ (Рим 12:9). ФызэупщІыж: «Зэрызызгъэпсэхуну щІыкІэр къыщыхэсхкІэ бзитІщхьитІу сыщымыту пІэрэ? Библием езгъаджэхэм е хъыбарыфІымкІэ сыздэгуашэхэм сызэплъыр е сызэджэр къащІауэ щытамэ, сытыт абыхэм сэ стеухуауэ я гугъэнур? Ахэр зыхуезгъаджэм сытету сызэрыпсэур ялъэгъунут?» Ди псалъэхэмрэ ди Іуэхухэмрэ зэщхьэщыкІыу щымытмэ, дэ ШейтІаным дыкъигъэпцІэфынукъым (1 Ин. 3:18).

ШейтІаным дигъэшынэну хэтщ: хъыбарыфІ гъэІуныр къытпаубыд, къыддеджэхэр къытщодыхьэшх, ди Іыхьлыхэр къытпоув (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Дауэ ШейтІаным дыкъигъэпцІэну зэрыхэтыр икІи сыт къыддэІэпыкъунур абы дыпэщІэтыну?

14 ШейтІаным дыкъиубыдын щхьэкІэ Іэмал къигъэсэбэпхэм нэмыщІ, иджыри дигъэшынэу Иеговэ дригъэпцІыжыну хэтщ. Псалъэм папщІэ, абы правительствэхэр хуигъэушыфынущ хъыбарыфІ гъэІуныр къытпаубыдыну. Абы нэмыщІ къыддэлажьэхэр е къыддеджэхэр ШейтІаным къигъэсэбэпыфынущ Библием ит принципхэм дызэрытетым щхьэкІэ ахэр къытщигъэдыхьэшхыну (1 Пет. 4:4). Иныкъуэм деж абы ди Іыхьлыхэри къегъэсэбэп. Абыхэм фІы къытхуащІэ я гугъэу ди зэхуэсхэм дамыгъэкІуэну къытпоув (Мт. 10:36). Сыт дэ къыддэІэпыкъунур ШейтІаным дигъэшынэну зэрыхэт щІыкІэхэм дыпэщІэтыну? Япэрауэ, апхуэдэу къызэрыхъур дгъэщІэгъуэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаныр къытпэщІэувауэ, зауэ ирегъэкІуэкІ (Апок. 2:10; 12:17). ЕтІуанэрауэ, апхуэдэ гугъуехьхэм дыщрихьэлІэхэм деж, дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ШейтІаным упщІэ къиІэтауэ щытам дэтхэнэ зыми жэуап зэреттыр. Абы жеІэ дэ ди Іуэхур щытыншым фІэкІ Иеговэ дыхуэмылэжьэну икІи гугъуехь дыпэщІэхуэмэ, Алыхьым депцІыжыну (Иов 1:9—11; 2:4, 5). Ещанэрауэ, дэ Иеговэ сыт щыгъуи делъэІун хуейщ къару къыдитыну. Шэч къытевмыхьэ: Иеговэ зэи фыкъигъэнэнукъым (Евр. 13:5).

СЫТ ШЕЙТІАНЫМ ХУЗЭФІЭМЫКІЫР?

15. Дэ дыхуэмейуэ ШейтІаным зыгуэр дигъэщІэну хузэфІэкІыну пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

15 ШейтІаным лъэкІыныгъэ иІэкъым цІыхум ищІэну зыхуэмейр иригъэщІэну (Екъуб 1:14). ЦІыху куэдым езыхэм къагурымыІуэжу, ШейтІаныр зыхуейр ящІэ. Ауэ цІыхум пэжыр къищІа иужькІэ, зыхуэлэжьэнур хэтми езым къыхех (Апост. 3:17; 17:30). Дэ Алыхьым и хабзэхэм дытетыну мурад быдэ тщІауэ щытмэ, ШейтІаным хузэфІэкІынукъым Иеговэ дригъэпцІыжыну (Иов 2:3; 27:5).

16, 17. 1) Сыт иджыри ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ яхузэфІэмыкІыр? 2) Иеговэ макъкІэ зыхуэдгъэзэну сыт дышынэн щІыхуэмейр?

16 Сыт иджыри ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ яхузэфІэмыкІыр? Псалъэм папщІэ, Библием зыщІыпІи щыжыІакъым абыхэм ди акъылым илъыр ялъагъуу е ди гум илъыр ящІэу. Ар зыхузэфІэкІыр Иеговэрэ Хьисэрэщ (1 Сам. 16:7; Мк. 2:8). Апхуэдэу щыщыткІэ, зыгуэр щыжытІэкІэ е Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуэдгъазэкІэ, дигукІэ жыдмыІэу ар макъкІэ жытІэмэ, дышынэн хуейуэ пІэрэ ди псалъэхэр ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ зэхахыу, абыкІэ зэран къытхуэхъужыну? Хьэуэ. Сыт щхьэкІэ? Девгъэгупсысыт: дэ Иеговэ дыщыхуэлажьэкІэ, пэжым дытетыну, фІы тщІэну дышынэкъым ШейтІаным ар къилъэгъунущ жытІэу. Абы ещхьу, дэ дышынэн хуейкъым ШейтІаным дызэрызэхихынум щхьэкІэ макъкІэ Иеговэ зыхуэдгъэзэну. Библием мызэ-мытІэу къыщыхощ Алыхьым и лэжьакІуэхэм макъкІэ Иеговэ зырызыхуагъазэу щытар, ауэ зыщІыпІи щыжыІакъым ахэр шынэу щытауэ, я псалъэхэр ШейтІаным зэрызэхихыным щхьэкІэ (1 Цар. 8:22, 23; Ин. 11:41, 42; Апост. 4:23, 24). Ди псалъэхэмрэ ди ІуэхущІафэхэмрэ Иеговэ и мурадым техуэу щытмэ, дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ зримыгъэзэхуэжыфын зэран гуэр ШейтІаным къыдищІэну зэрыхуимыдэным. (Къеджэ Псалом 34:7c.)

17 Дэ ди бийр фІыуэ тцІыхун хуейщ, ауэ абы дыщышынэн хуейкъым. Иеговэ ди щІэгъэкъуэну щытмэ, дэ, цІыху гуэныхьыщІэхэри, ШейтІаным дытекІуэфынущ! (1 Ин. 2:14) Иблисым дыпэувмэ, ар щІэпхъуэжынущ (Екъуб 4:7; 1 Пет. 5:9). Нобэ, псом хуэмыдэу, ШейтІаныр зэщэр щІалэгъуалэращ. Сыт абыхэм къадэІэпыкъунур абы пэщІэтыну? Мы упщІэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

a Библием языныкъуэ мелыІычхэм я цІэхэр къыщыхьащ (Суд. 13:18; Дан. 8:16; Лк. 1:19; Апок. 12:7). Иеговэ дэтхэнэ зы вагъуэми цІэ щритакІэ, жыпІэ хъунущ уафэм щыпсэу дэтхэнэ зы мелыІэчми цІэ иІэу (Пс. 147:4). Аращи, иужькІэ ШейтІанкІэ зэджэ хъуами цІэ иІауэ жыпІэ хъунущ.

b ДунеищІэкІэ еджэу урысыбзэкІэ зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэм ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм ШейтІан цІэм 18-рэ фІэкІ ущрихьэлІэкъым, ауэ АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм абы 36-рэ ущрохьэлІэ.

c Псалом 34:7: «Иеговэ и мелыІычым Алыхь фІэлІыкІ зиІэхэр къехъумэ икІи ахэр кърегъэл».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын