ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Февраль н. 31—н. 32, абз. 6
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Мыбы ещхь материал
  • Екъуб щыпэлъхум къылъыс щІэиныр къыІэрохьэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Екъубрэ Эсаурэ зэкІужащ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Иеговэ и еплъыкІэр лъапІэу зылъытэ цІыхум Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къещтэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Февраль н. 31—н. 32, абз. 6

Мэссихьыр Екъуб къытехъукІауэ жыпІэ хъуну щыпэлъхум хуитыныгъэ иІэр Эсау абы зэрырищэжам щхьэкІэ?

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мэссихьыр къызыхэкІа лъэпкъ къудамэр пыщІауэ щытын хуейт пасэрей зэманым Израилым щыпэлъхум хуитыныгъэ иІэу щытам?

Япэм апхуэдэу дегупсысу щытащ. Абы лъабжьэ хуэхъуу дигугъэт Еврейхэм 12:16 ит псалъэхэр. Мы едзыгъуэм щыжыІащ Эсау (Исав) Алыхьым къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэр фІыщІэ зэримыщІу щытар икІи зэрищэжар «къуэ нэхъыжьым иІэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкІэ». Абы къыхэкІыу дэ япэм дегупсыст щыпэлъхум (первенец) и хуитыныгъэхэм и гъусэу Екъуб Мэссихь къытехъукІыну Іэмал иІэ хъуауэ (Мт. 1:2, 16; Лк. 3:23, 34).

Ауэ Библием къегъэлъагъуэ Мэссихьыр къызыхэкІа лъэпкъ къудамэм хэта цІыхухъухэр псори щыпэлъхуу зэрыщымытар. Щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

Екъуб япэу къуэ иІар Леа (Лия) къилъхуа Рубэнт (Рувим). ИужькІэ Екъуб фІыщэу илъагъу и щхьэгъусэ Рахэл къуэ къилъхуащ — Исуф. Рубэн гуэныхьышхуэ щищІам щыпэлъхум иІэ хуитыныгъэр фІэкІуэдри, ар Исуф Іэрыхьащ (ЩІэдз. 29:31—35; 30:22—25; 35:22—26; 49:22—26; 1 Лет. 5:1, 2). Ауэ Рубэни Исуфи Мэссихьыр къызытехъукІахэм ящыщ хъуакъым. Ар къызытехъукІар Иудэщ, Леа къилъхуауэ, Екъуб и къуэ еплІанэм (ЩІэдз. 49:10).

Лука 3:32-м Мэссихь къызытехъукІахэу иджыри цІыхуитхум и гугъу ещІ, икІи ахэр псори щыпэлъхуу щытауэ къыщІэкІынущ. Вооз Овид къыхуалъхуащ, ар Иессэ (Иессей) и адэращ (Руфэ 4:17, 20—22; 1 Лет. 2:10—12).

Ауэ Иессэ и къуэ Даут щыпэлъхутэкъым. Иессэ и къуэхэм ар я нэхъыщІэ дыдэт. Абы емылъытауэ Мэссихь Даут и щІэблэ хъуащ (1 Сам. 16:10, 11; 17:12; Мт. 1:5, 6). Абы къыкІэлъыкІуэу Мэссихьыр къызыхэкІа лъэпкъ къудамэм щыщ хъуащ Даут и къуэ Сэлмэн, ауэ ари щыпэлъхутэкъым (2 Сам. 3:2—5).

Ауэ жыпІэ хъунукъым щыпэлъхуу щытыным мыхьэнэ имыІэу. Щыпэлъхум пщІэ зыпылъ увыпІэ иІыгът икІи и адэр лІа иужь унагъуэм и нэхъыжь хъут. Абы щІэину ІыхьитІ иратт (ЩІэдз. 43:33; Втор. 21:17; Иис. Н. 17:1).

Ауэ щыпэлъхум иІэ хуитыныгъэр зым къыбгъэдэкІыу адрейм Іэрыхьэфынут. Псалъэм папщІэ, Ибрэхьим Исмэхьил зыхигъэкІри, щыпэлъхум иІэ хуитыныгъэр Исхьэкъ иритащ (ЩІэдз. 21:14—21; 22:2). Абы нэмыщІ, ипэм зэрыжытІащи, Рубэн щыпэлъхум и хуитыныгъэ иІар Исуф иратауэ щытащ.

Иджы Еврейхэм 12:16 ит псалъэхэм дгъэзэжынщ. Абы щыжыІащ: «Фэ фщыщу зыри зинэ зыщІэ цІыхухэм ящыщ иремыхъу, е Эсау хуэдэу Тхьэм и фІэлІыкІ зи гум имылъ цІыхухэм ящыщ иремыхъу. Эсау къуэ нэхъыжьым иІэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкІэ ищэжащ». Сыт мы псалъэхэм къикІыр?

Апостол Паул Мэссихьыр къызыхэкІа лъэпкъ къудамэм тепсэлъыхьакъым. Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр щыуагъэм щихъумэну хуейуэ арат. Абы ахэр къыхуриджащ: «Гъуэгу захуэм фрикІуэ». Апхуэдэу ящІэмэ, къамылэжьауэ Алыхьым фІыгъуэ къаритыр яфІэкІуэдынутэкъым абыхэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ къэхъункІэ хъунут ахэр «зинэ зыщІэ цІыхухэм ящыщ» хъуатэмэ (Евр. 12:12—16). Абы щыгъуэ Алыхьым къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэр фІыщІэ зымыщІ икІи и Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу Эсау хуэдэ хъууэ арат ахэр.

А зэманым хабзэ щыІам тету Эсау Алыхьым къурмэн къыхуихьыну, апхуэдэ щІыхь иныкъуэхэм деж хуащІу щытауэ къыщІэкІынщ (ЩІэдз. 8:20, 21; 12:7, 8; Иов 1:4, 5). Ауэ Эсау и Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхуу щытти, щыпэлъхум иІэ хуитыныгъэхэм пыщІа, щІыхь зыпылъ къалэнхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкІэ ищэжащ! Эсау хуэмейуэ къыщІэкІынт, Иеговэ зи гугъу ищІауэ щыта Ибрэхьим и щІэблэм ишэчын хуей гугъуехьыр къылъысыну (ЩІэдз. 15:13). Абы нэмыщІ абы тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ цІыхубзитІ щхьэгъусэу къызэришам къигъэлъэгъуащ Алыхьым къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэр фІыщІэ зэримыщІыр. Ар абы и адэ-анэм хуабжьу ягу къеуащ (ЩІэдз. 26:34, 35). Абы елъытауэ, Екъуб Алыхь пэжым хуэлажьэ щхьэгъусэ къишащ (ЩІэдз. 28:6, 7; 29:10—12, 18).

НтІэ, дызытепсэлъыхьам сыт къыдгуригъаІуэр? Мэссихьыр къызыхэкІа лъэпкъ къудамэм хэта языныкъуэ цІыхухъухэр щыпэлъхуу щытащ, ауэ языныкъуэхэри щытакъым. Журтхэм ар ящІэт икІи абы зыри Іей халъагъуэтэкъым. Абыхэм я фІэщ хъут Мэссихь Иессэ и къуэ нэхъыщІэ Даут и щІэблэу зэрыщытыр (Мт. 22:42).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын