ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Октябрь н. 32
  • ПщІэуэ пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ПщІэуэ пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Мыбы ещхь материал
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Октябрь н. 32

ПщІэуэ пІэрэ?

Хьисэ журтхэм яІа сыт хуэдэ хабзэра къемызэгъыу къилъытар, «тхьэ зэи фІуэ хъунукъым» щыжиІам?

Человек дает клятву в храме

МУСЭ И ХАБЗЭМКІЭ тхьэ пІуэным зыри Іей хэлътэкъым. Ауэ Хьисэ и зэманым цІыхухэм хьэл яхуэхъуат, жаІэ псалъэхэр адрейхэм я фІэщ ящІын щхьэкІэ, тхьэ яІуэну. Хьисэ журтхэм апхуэдэу зэращІэм щхьэкІэ, ахэр тІэу игъэкъуэншащ. Абы жиІащ: «„Аращ“ жыфІэу псалъэ жыфІэмэ, абы фытет, „Хьэуэ, аракъым“ жыфІэмэ, абыи фытемыкІ» (Мт. 5:33—37; 23:16—22).

Журтхэм сыт жамыІэми тхьэ яІуэну я хьэлу зэрыщытыр къыбгурегъаІуэ «Теологический словарь Нового Завета» жыхуиІэ тхылъым. Ар апхуэдэу зэрыщытым Талмудым итыр щыхьэт тохъуэ. Абы сыт хуэдэ псалъэхэр бгъэзэщІэн хуейми, сыт хуэдэхэр хуэмейми зэпкърыхауэ итщ (Theological Dictionary of the New Testament).

Апхуэдэу тхьэ пІуэныр Хьисэ и закъуэтэкъым къемызэгъыу къэзылъытэр. Журтхэм я тхыдэм елэжь Иосиф Флавий зы сектэ гуэрым хэтхэм щхьэкІэ итхыжащ: «Абыхэм я дэтхэнэ псалъэми нэхъ къару щІэлъщ цІыхухэм тхьэ яІуэу жаІэ псалъэхэм нэхърэ. Абыхэм тхьэ зэи яІуэкъым сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, тхьэ Іуэныр нэхъ Іейуэ ябж, тхьэ пІуар умыгъэзэщІэжыным нэхърэ. ЦІыхум тхьэ имыІуауэ жиІа псалъэхэр нэгъуэщІхэм я фІэщ мыхъумэ, апхуэдэр цІыху кІуэдауэ ябжт». «Книга Премудрости Иисуса, сына Сирахова» апокрифическэ тхылъым жеІэ: «Сыт щыгъуи тхьэ зыІуэм хабзэншагъэр и куэдщ» (Сирах 23:11, Синодым зэридзэкІащ). Хьисэ тэмэму къилъытэртэкъым сыт жомыІэми тхьэ пІуэныр. Дэ сыт щыгъуи пэж жытІэмэ, тхьэ тІуэн хуеинукъым, жытІэр нэгъуэщІхэм я фІэщ хъун щхьэкІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын