ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Октябрь н. 3—8
  • «ФІы щІэныгъэрэ пэжыгъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъун хуейщ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «ФІы щІэныгъэрэ пэжыгъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъун хуейщ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • СЫТ ЗИЩІЫСЫР ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ПЭЖЫР?
  • «ФІЫ ЩІЭНЫГЪЭРЭ ПЭЖЫГЪЭКІЭ ФІЫУЭ ДЫЗЭРЫЛЪАГЪУНЫМ» КЪИКІЫР
  • Къуэш, шыпхъухэм фахуиІэ лъагъуныгъэр фымыгъэужьых
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Октябрь н. 3—8
Свидетели Иеговы вместе трудятся в Зале Царства

«ФІы щІэныгъэрэ пэжыгъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъун хуейщ»

«Псалъэмрэ бзэмрэ я закъуэкІэ фІыуэ дызэрылъагъукІэ ирикъунукъым. ФІы щІэныгъэрэ пэжыгъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъун хуейщ» (1 ИН. 3:18).

УЭРЭДХЭР: 106, 100

ФЩІЭЖУ ПІЭРЭ?

  • Сыт хуэдэ лъагъуныгъэра псом нэхърэ нэхъыщхьэр?

  • Сыт зищІысыр «пцІы зыхэмылъ фІылъагъуныгъэр»?

  • Дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур ди лъагъуныгъэр ди гум къызэрыбгъэдэкІыр?

1. Сыт хуэдэ лъагъуныгъэра псом нэхърэ нэхъыщхьэр икІи сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъуныр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

ЛЪАГЪУНЫГЪЭР къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ (1 Ин. 4:7). Алыхьым и принципхэм тегъэщІа лъагъуныгъэм щытепсэлъыхьым деж, Библием алыдж псалъэ ага́пе къегъэсэбэп. Ар лъагъуныгъэу щыІэм я нэхъыщхьэщ. А лъагъуныгъэм зыгуэрым худиІэ гурыщІэ закъуэхэракъым хыхьэр, атІэ япэ дыдэу ар къызыхэщыр псэемыблэжу ІуэхуфІ тщІэхэращ. Абы нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну дыхуегъэуш. Ага́пе лъагъуныгъэр щыдгъэлъагъуэм деж ди гъащІэм мыхьэнэ иІэу мэхъу икІи гуфІэгъуэ къыхелъхьэ.

2, 3. Иеговэ и лъагъуныгъэшхуэм къыхэкІкІэ цІыхухэм сыт яхуищІар?

2 Иеговэ цІыхухэр фІыщэу елъагъу. Іэдэмрэ Хьэуарэ къигъэщІын ипэ Алыхьым ищІа Іуэхухэри абы щыхьэт тохъуэ. Абы ЩІылъэр цІыхухэм унэ дахэ яхуэхъуу, тхъэжу щыпсэун щхьэкІэ къигъэщІат. Иеговэ ар и щхьэм щхьэкІэкъым, атІэ дэр щхьэкІэщ щІищІар. Жэнэтыр хьэзыр хъуа иужь, Иеговэ цІыхухэр къигъэщІри, гъащІэ мыухыж яІэу абы щыпсэуну Іэмал яритащ.

3 Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым пэщІэува иужь, Иеговэ лъагъуныгъэшхуэ игъэлъэгъуащ. Абыхэм я щІэблэм ар фІыуэ зылъагъуну цІыхухэр къызэрыхэкІыным Иеговэ шэч къытрихьэтэкъым. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ ахэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къаІэщІихыжын щхьэкІэ, и Къуэр щхьэщэхужу итыну мурад ищІащ (ЩІэдз. 3:15; 1 Ин. 4:10). А псалъэхэр щыжиІам щыщІэдзауэ Иеговэ щхьэщэхужыр итауэ илъытэт. Илъэс 4 000 хуэдиз дэкІа иужь, Иеговэ цІыхухэм щхьэкІэ и Къуэр щхьэщэхужу итащ (Ин. 3:16). Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ и лъагъуныгъэшхуэм щхьэкІэ!

4. Сытым къигъэлъагъуэрэ гуэныхьыщІэ цІыхум лъагъуныгъэ пэж зэригъэлъэгъуэфыныр?

4 Дэ Иеговэ езым хэлъ хьэл-щэнхэр тхэлъу дыкъигъэщІащи, дэри лъагъуныгъэ пэж тхуэгъэлъэгъуэнущ. Пэжщ, гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ нэхъ гугъущ лъагъуныгъэ бгъэлъэгъуэну, ауэ ар тхузэфІэмыкІыххэну щыткъым. Хьэбэл лъагъуныгъэ пэж зэриІэр игъэлъэгъуащ, иІэм и нэхъыфІыр Алыхьым тыгъэ щыхуищІам щыгъуэ (ЩІэдз. 4:3, 4). Нухьи апхуэдэ лъагъуныгъэм хуигъэушащ абы и гъусэу псэу цІыхухэм Алыхьым и хъыбарыр илъэс куэдкІэ яжриІэну, къызэремыдаІуэм емылъытауэ (2 Пет. 2:5). Ибрэхьим и дежкІэ Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэр псом нэхърэ нэхъапэу зэрыщытар къыхощ и къуэ Исхьэкъ къурмэныпхъэу къихьыну хьэзыру зэрыщытам (Екъуб 2:21). Дэри дыхуейщ Алыхьым хуэпэжу щыта цІыхухъухэм хуэдэу сыт щыгъуи лагъуныгъэ пэж дгъэлъэгъуэну.

СЫТ ЗИЩІЫСЫР ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ПЭЖЫР?

5. Дауэ дэ лъагъуныгъэ пэж зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

5 Сыт зищІысыр лъагъуныгъэ пэжыр? Библием дыкъыхуреджэ: «Псалъэмрэ бзэмрэ я закъуэкІэ фІыуэ дызэрылъагъукІэ ирикъунукъым. ФІы щІэныгъэрэ пэжыгъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъун хуейщ» (1 Ин. 3:18). Абы къикІрэ ди гум лъагъуныгъэ илъыр ди псалъэхэм къыхэщын хуэмейуэ? Хьэуэ (1 Фес. 4:18). Абы къикІыр псалъэ дахэхэм нэмыщІ ди лъагъуныгъэр иджыри ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм яшхын е щатІэгъэн ямыІэмэ, ахэр ди псалъэ гуапэхэм и закъуэкъым зыхуэныкъуэр (Екъуб 2:15, 16). Абы ещхьу, хъыбарыфІ гъэІуным хэт лэжьакІуэхэр нэхъыбэ хъуну Алыхьым делъэІун хуейщ, ауэ Иеговэрэ цІыхухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм иджыри дыхуигъэушын хуейщ дэ езыри жыджэру а лэжьыгъэм дыхэтыну (Мт. 9:38).

6, 7. 1) Сыт зищІысыр пцІы зыхэмылъ лъагъуныгъэр? 2) Лъагъуныгъэ нэпцІым и щапхъэхэр къэфхь.

6 Апостол Иуан «фІы щІэныгъэрэ пэжыгъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъун» хуейуэ жиІащ. Абы къикІыр ди лъагъуныгъэр пцІы зыхэмылъ лъагъуныгъэ пэжу щытын хуейщ (Рим 12:9; 2 Кор. 6:6). ЦІыхум лъагъуныгъэ хэлъу фэ зытригъэуэнкІэ хъунущ. Ауэ ар лъагъуныгъэ пэжу жыпІэ хъуну? Хьэуэ, фэрыщІагъ тхэлъу лъагъуныгъэ дгъэлъагъуэмэ, абы лъагъуныгъэ пэжкІэ уеджэ хъунукъым.

7 Лъагъуныгъэ нэпцІым и щапхъэхэр зэпкърытхынщ. ШейтІаным Іэдэн жыг хадэм Хьэуа ифІ къилъыхъуэ хуэдэу фэ зытригъэуат, ауэ абы щхьэхуещагъэрэ фэрыщІагърэ хэлъуу арат (ЩІэдз. 3:4, 5). Ахитофел Даут и ныбжьэгъу пэжу зэрыщымытыр зэман дэкІри къыщІэщащ. Ар пащтыхьым епцІыжащ, фейдэ къыхихыфыну щилъэгъуам (2 Сам. 15:31). Абыхэм хуэдэуи, нобэ Иеговэ епцІыжахэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр якъутэну хуейщ. Абыхэм нэгъуэщІхэр фІыуэ ялъагъуу фэ зытрагъауэурэ, псалъэ дахэхэмкІэ цІыхухэр дахьэх. Ауэ абыхэм езыхэм я фейдэщ къалъыхъуэр (Рим 16:17, 18).

8. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуей?

8 Лъагъуныгъэ нэпцІыр — Іейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар къыщІагъэсэбэпыр цІыхухэр къагъэпцІэн щхьэкІэщ. Ауэ апхуэдэ лъагъуныгъэкІэ Иеговэ къыпхуэгъэпцІэнукъым. Хьисэ жиІауэ щытащ фэрыщІхэм тезыр къазэрылъысынур (Мт. 24:51). Дэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм, дауикІ, дыхуейкъым лъагъуныгъэ диІэ хуэдэу фэ зытедгъэуэну. Абы къыхэкІкІэ дэтхэнэ зыми упщІэ зэттыж хъунущ: «Си лъагъуныгъэр — лъагъуныгъэ пэж? Абы щхьэхуещагъэрэ пцІырэ хэмылъу пІэрэ?» АдэкІэ пцІы зыхэмылъ лъагъуныгъэ зэрыдгъэлъагъуэ хъун Іэмалибгъу зэпкърытхынщ.

«ФІЫ ЩІЭНЫГЪЭРЭ ПЭЖЫГЪЭКІЭ ФІЫУЭ ДЫЗЭРЫЛЪАГЪУНЫМ» КЪИКІЫР

9. Лъагъуныгъэ пэжым сытым дыхуигъэушрэ?

9 ФІы фщІэ, абы зыми гу лъимытэнуми. Ди къуэш, ди шыпхъухэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, дэ абыхэм дадэІэпыкъуну дыхэтщ икІи дазэрыдэІэпыкъуар псоми къедгъэщІэну дыхущІэкъукъым. (Къеджэ Маттэ 6:1—4.) Ананийрэ Сапфирэрэ нэгъуэщІут а Іуэхум зэреплъыр. Абыхэм тыгъэ зэращІар псоми кърагъэщІэну хэтащ икІи щІы ящам къыщІаха псори тыгъэу къахьауэ жаІэри, пцІы яупсащ. Я фэрыщІагъэм тІури текІуэдэжащ (Апост. 5:1—10). Лъагъуныгъэ пэжым дыхуегъэуш, ІуэхуфІ тщІэхэр дымыгъэхъыбару, ди къуэшхэм дадэІэпыкъуну. УнафэщІ гупым дэІэпыкъу къуэшхэм абыкІэ щапхъэ тетх хъунущ. Абыхэм пщІэ лей къалъыхъуэкъым икІи ягъэзащІэ лэжьыгъэхэм теухуауэ нэгъуэщІхэм жраІэну хэткъым.

10. Дауэ дэ нэгъуэщІхэм пщІэ зэрахуэтщІыфынур?

10 Адрейхэм пщІэ яхуэфщІ. (Къеджэ Рим 12:10.) Хьисэ нэгъуэщІхэм пщІэ зэрыхуэщІын хуейм теухуауэ щапхъэ къытхуигъэнащ. Абы и апостолхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщІауэ щытащ (Ин. 13:3—5, 12—15). Хьисэ хэлъа Іэдэбагъым хуэдэ дэри зыхэтлъхьэн щхьэкІэ, къару куэд етхьэлІэн хуейщ. Апостолхэми Хьисэ ищІар къащыгурыІуар Алыхьым и къару лъапІэр къалъыса иужьщ (Ин. 13:7). ЩІэныгъэ диІэм, мылъку дбгъэдэлъым е Иеговэ и организацэм щыдгъэзащІэ къалэнхэм дызэримыпагэм нэгъуэщІхэм пщІэ зэрахуэтщІыр къегъэлъагъуэ (Рим 12:3). Ди къуэшым е ди шыпхъум нэгъуэщІхэр щыщытхъум деж, дэ абы и гъусэу догуфІэ. ИкІи абы къилэжь щытхъум хуэдэ дэри къэдлэжьу къытщыхъуми е абы иІэ ехъулІэныгъэм ди фІыгъэ хэлъу къэтлъытэми, дефыгъуэкъым.

11. Сыт ди щытхъур гум къыбгъэдэкІыу щІыщытын хуейр?

11 Ди къуэш, ди шыпхъухэм фи гум къыбгъэдэкІыу фыщытхъу. НэгъуэщІхэм фазэрыщытхъуным иужь фит, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щытхъу псалъэм цІыхум къару хелъхьэ (Еф. 4:29). Ауэ жытІэр ди гум къыбгъэдэкІыу щытын хуейщ, ди псалъэхэр щытхъу нэпцІ мыхъун щхьэкІэ е цІыхур зыхуэныкъуэ чэнджэщыр едмыту къэдмыгъэнэн щхьэкІэ (Прит. 29:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). ЦІыхум ущытхъуу, иужькІэ нэгъуэщІхэм абы ІейкІэ ухутепсэлъыхьыжыныр тэмэмкъым. Апостол Паул зэи апхуэдэу ищІэтэкъым. Абы и лъагъуныгъэм фэрыщІагъ хэлътэкъым. Паул Коринф дэс Алыхьым и лэжьакІуэхэм зэрыщытхъур яхуитха письмом къыхэщт (1 Кор. 11:2). Ауэ абыхэм щыуагъэ ящІэхэри илъагъути, зыхуэныкъуэ чэнджэщхэр гурыІуэгъуэу икІи щабэу яритащ (1 Кор. 11:20—22).

Христианка кладет деньги в конверт и передает его своей сестре по вере, которая оказалась в нужде

Гугъуехь пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъумкІэ, дэ лъагъуныгъэрэ хьэлэлагърэ догъэлъагъуэ. (12-нэ абзацым феплъ.)

12. Дауэ хьэщІагъэмрэ лъагъуныгъэ пэжымрэ зэрызыпыщІар?

12 ХьэщІагъэ зыхэвгъэлъ. Иеговэ хуейщ ди къуэш, ди шыпхъухэм хьэщІагъэ етхыну. (Къеджэ 1 Иуан 3:17.) Ауэ цІыхум хьэщІагъэ етхыр ди гум къыбгъэдэкІыу щытын хуейщ. УзэупщІыж хъунущ: «Хэт сэ хьэщІагъэ нэхъыбэу зэсхыр: си ныбжьэгъухэра, пщІэ зыпылъ къалэнхэр зэхуэсым щызыгъэзащІэхэра е си фейдэ къызыпыкІынухэра? Хьэмэрэ фІыуэ сымыцІыхухэм е хуэсщІар къысхуэзымыщІэжыфынухэм фІы яхуэсщІэну иужь сит?» (Лк. 14:12—14). Ди къуэшым е ди шыпхъум езым и къуаншагъэкІэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ хъуамэ, сыт тщІэнур? Е хьэщІагъэ зэтххэм яхуэтщІэр зэи фІыщІэ ямыщІмэ, дауэ абыхэм дазэрыхущытынур? Библием мыпхуэдэ чэнджэщ къыдет: «Фымытхьэусыхэу зыр зым вгъэхьэщІэ» (1 Пет. 4:9). Гум къыбгъэдэкІыу нэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъум насыпыфІэ дещІ (Апост. 20:35).

13. 1) Дапщэщ дэ шыІэныгъэ дгъэлъэгъуэн щыхуейнур? 2) Дауэ дэ дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?

13 ДэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэІэпыкъу. Библием щыжыІащ: «ДэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэІэпыкъу, цІыху псоми шыІэныгъэкІэ фадэгъуэгурыкІуэ». Мы унафэм дызэрыхущытым къегъэлъагъуэ лъагъуныгъэ пэж тхэлърэ тхэмылърэ (1 Фес. 5:14). Зи фІэщхъуныгъэр махэ хъуахэми фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтыжыфынущ. Ауэ иныкъуэхэм деж дэ шыІэныгъэ зыхэдгъэлъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэр дэІэпыкъуэгъу сыт щыгъуи хуэныкъуэщ. Ахэр зыгъэгушхуэфын Библием ит гупсысэхэмкІэ дадэгуашэ хъунущ, я гъусэу хъыбарыфІыр дгъэІу хъунущ е я гум илъыр къыщыджаІэм деж дедаІуэ хъунущ. Абы нэмыщІ дэ цІыхухэр «лъэкІыныгъэ зиІэрэ», «лІэкІыныгъэ зимыІэкІэ» дгуэш хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ псоми зы фІы гуэр тхэлъми, иджыри дызэлэжьын хуей лъэныкъуэхэр диІэщ. Апостол Паули зэрыщыуэр ищІэжт (2 Кор. 12:9, 10). Абы къыхэкІкІэ дэ псори дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэщ.

14. Ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

14 Мамырыгъэм фыхущІэкъу. Ди къуэш, ди шыпхъухэм ди псалъэхэр тэмэму къагурымыІуауэ е лей къыттрагъэхьауэ къыщытщыхъу къохъу. Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, абыхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ сыт щыгъуи зэрыдэлъыным иужь дитщ. (Къеджэ Рим 12:17, 18.) Дэ зыгуэрым и жагъуэ тщІауэ къытхуигъэгъуну дыщелъэІукІэ ди псалъэхэр ди гум къыбгъэдэкІыу щытын хуейщ. Псалъэм папщІэ, «Си жагъуэ хъуащ апхуэдэу зэрыхъуар» жыпІэ нэхърэ, къэхъуам уэри уи къуаншагъэ зэрыхэлъыр къыхэбгъэщ хъунущ, мыпхуэдэу жыпІэу: «Къысхуэгъэгъу си псалъэхэмкІэ уи жагъуэ зэрысщІам щхьэкІэ». Псом хуэмыдэу зэщхьэгъусэхэр мамырыгъэ я зэхуаку дэлъыну хущІэкъун хуейщ. ЗэлІзэфызым цІыхухэм къыщалъагъукІэ насыпыфІэ хуэдэу защІу, ауэ унэм зэмыпсалъэу е псалъэ жагъуэхэр зыжраІэу икІи зым адрейм лей ирихыу щыт хъунукъым.

15. Ди гум къыбгъэдэкІыу цІыхум зэрыхуэдгъэгъуар дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

15 Фи гум къыбгъэдэкІыу хуэвгъэгъу. Зыгуэрым ди жагъуэ ищІамэ, дэ зэрыхуэдгъэгъуным иужь дитщ икІи гужьгъэжь тщІыкъым. Библием итщ: «ФІылъагъуныгъэкІэ зым зыр ирешыІэ. Тхьэм и Псэ ЛъапІэм зэакъылэгъу фищІащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыІуэныгъэмкІэ фыхущІэкъу». Зыгуэрым ди жагъуэ зэрищІам гу лъимытэжами, мы псалъэхэм дытетмэ, дэ ар хуэдгъэгъунущ (Еф. 4:2, 3). Лъагъуныгъэм «зигъэгусэркъым», абы къыхэкІкІэ ди гум къыбгъэдэкІыу хуэдгъэгъун щхьэкІэ къэхъуа Іуэхугъуэм тедгъэзэжурэ дегупсысын хуейкъым (1 Кор. 13:4, 5). Ди къуэш, ди шыпхъухэм гужьгъэжь яхуэтщІмэ, абыхэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми ар зэран хуэхъунущ (Мт. 6:14, 15). Ди жагъуэ зыщІахэм щхьэкІэ Иеговэ дызэрелъэІум къегъэлъагъуэ ди гум къыбгъэдэкІыу абыхэм зэрахуэдгъэгъуар (Лк. 6:27, 28).

16. Иеговэ и организацэм щыдгъэзащІэ къалэнхэм дауэ дызэрыхущытын хуейр?

16 НэгъуэщІхэм яфІ къэфлъыхъуэ. Иеговэ и организацэм ди къалэнхэр щыдгъэзащІэм деж, нэгъуэщІхэм яфІ къэтлъыхъуэу щытмэ, ди лъагъуныгъэр дгъэлъэгъуэнущ (1 Кор. 10:24). Псалъэм папщІэ, конгрессхэм Іуэхузехьэхэр псом нэхъапэ къокІуэ, ауэ абыхэм ар къагъэсэбэпкъым тІысыпІэ нэхъыфІхэр езыхэм е я унагъуэхэм щхьэкІэ яубыдыну. Апхуэдэ тІысыпІэхэр абыхэм нэгъуэщІхэм къыхуагъанэ. АбыкІэ лъагъуныгъэ пэж зэраІэр къагъэлъагъуэ. Дауэ дэ абыхэм щапхъэ зэрытетхыфынур?

17. Гуэныхьышхуэ зыщІа цІыхур лъагъуныгъэ пэжым сытым хуигъэушыну?

17 Гуэныхь фщІамэ, ар щІэвмыхъумэ икІи афІэкІа зэрывмыщІэным иужь фит. Иныкъуэхэм деж Алыхьым и лэжьакІуэм гуэныхьышхуэ ещІэри, зэрыукІытэм е нэгъуэщІхэм я жагъуэ ищІыну зэрыхуэмейм щхьэкІэ, ар щІихъумэну хэтщ (Прит. 28:13, Гъэс.). Ауэ апхуэдэу пщІэным лъагъуныгъэ хэлъкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гуэныхь зыщІами нэгъуэщІхэми ар зэран хуохъу. Гуэныхь зыщІа цІыхум и ягъэкІэ ар зыхэт зэхуэсым илъ мамырыгъэри Алыхьым и къару лъапІэри фІэкІуэдынущ (Еф. 4:30). Гуэныхьышхуэ зыщІар лъагъуныгъэм хуигъэушынущ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуигъэзэну (Екъуб 5:14, 15).

18. Лъагъуныгъэ пэжым мыхьэнэшхуэ иІэу жыпІэ щІэхъуныр сыт?

18 Лъагъуныгъэр хьэл-щэну щыІэм я нэхъыщхьэщ (1 Кор. 13:13). Лъагъуныгъэ щыдгъэлъагъуэм деж Хьисэ и лъэужь дызэритыр икІи лъагъуныгъэр къызыбгъэдэкІ Иеговэ щапхъэ зэрытетхыр къыдогъэлъагъуэ (Еф. 5:1, 2). Паул итхащ: «ФІылъагъуныгъэ симыІэмэ, сэ сызырикІщ» (1 Кор. 13:2). Аращи, адэкІи «фІы щІэныгъэрэ пэжыгъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъуну» дыхущІэвгъэкъу!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын