76 УЭРЭДЫР
Сыт зыхэпщІэр?
1. Тхьэм щІыхь хубощІыр уэ.
Сыт абдеж зыхэпщІэр уэ?
Яхубохьыр цІыхухэм пэж,
Уигу илъу гукъыдэж.
Уэ пхуэзэфІэкІыр пщІащ,
Иеговэ хигъэхъуэнщ.
Зи гур къабзэхэр елъагъу
ДэІэпыкъуэгъу яхуохъу.
ЕЖЬУ
Ди макъыр, ди гур, ди къарур
Удот, Иеговэ, диІэ псор.
Апхуэдэу щытхъур къыпхудохь,
Иеговэ, ди Алыхь.
2. Куэд къодэІуамэ уэ,
Сыт абдеж зыхэпщІэр уэ?
Тхьэм и Псалъэм гу лъатащ,
Ар хуабжьу ягу дыхьащ.
ЩыІэщ Тхьэр зи фІэщ мыхъу,
Я щхьэм щыгугъыжу мэхъу.
Ауэ едмыгъэтІылъэкІ,
Хъыбарыр къыдохьэкІ.
ЕЖЬУ
Ди макъыр, ди гур, ди къарур
Удот, Иеговэ, диІэ псор.
Апхуэдэу щытхъур къыпхудохь,
Иеговэ, ди Алыхь.
3. ПщІэ Тхьэм къыпхуещІыр уэ.
Сыт абдеж зыхэпщІэр уэ?
Иеговэ дзыхь къыпхуещІ,
Уэ арэзы Ар бощІ.
ДгъэІур Тхьэм и хъыбарщ,
ДыгуфІэжу псом деж тхьынщ.
ЦІыху Іэдэбхэр къэтлъыхъуэнщ,
Иеговэ дгъэлъэпІэнщ.
ЕЖЬУ
Ди макъыр, ди гур, ди къарур
Удот, Иеговэ, диІэ псор.
Апхуэдэу щытхъур къыпхудохь,
Иеговэ, ди Алыхь.
(Абы нэмыщІ феплъ Апост. 13:48; 1 Фес. 2:4; 1 Тим. 1:11.)