60 УЭРЭДЫР
ХъыбарыфІым гъащІэр кърегъэл
1. Иеговэ и махуэр
Къэсащ, ар нэрылъагъущ.
ДымыбзыщІу и псалъэр
ЦІыху псоми яхуэтхьынщ.
ЕЖЬУ
ЕдаІуэр Тхьэм ныбжьэгъу хуэхъунщ,
Дэ хъыбарыфІыр дгъэІунщ.
Иеговэ тщІымэ арэзы,
Куэд мыщІэу гъащІэ мыухыжыр тлъэгъунщ.
2. ФІыгъуэ куэд игъуэтынщ
ХъыбарыфІыр къэзыщтам.
Дзыхь Алыхьым хуищІынщ,
Гузэгъэгъуэ игъуэтынщ.
ЕЖЬУ
ЕдаІуэр Тхьэм ныбжьэгъу хуэхъунщ,
Дэ хъыбарыфІыр дгъэІунщ.
Иеговэ тщІымэ арэзы,
Куэд мыщІэу гъащІэ мыухыжыр тлъэгъунщ.
ЗЭПЫЗЫЩІЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Иеговэ и пэжыгъэр
Къэзыщтэ псори къелыфынщ.
ДымыщІу зэхэгъэж дэ
Лъэпкъ псоми пэжыр къедгъэщІэнщ.
ЕЖЬУ
ЕдаІуэр Тхьэм ныбжьэгъу хуэхъунщ,
Дэ хъыбарыфІыр дгъэІунщ.
Иеговэ тщІымэ арэзы,
Куэд мыщІэу гъащІэ мыухыжыр тлъэгъунщ.
(Абы нэмыщІ феплъ 2 Лет. 36:15; Ис. 61:2; Иез. 33:6; 2 Фес. 1:8.)