14 УЭРЭДЫР
Дунейм и ПащтыхьыщІэр вгъэлъапІэ!
1. Лъэпкъ псоми щыщ налкъуту хъуар
Пащтыхьым зэхуешэсыр.
НысащІэм цІыху Іэдэбу хъуар
Тхьэм деж кърегъэблагъэ.
ТхьэлъэІум махуэ къэс хэдгъэтщ:
«Мураду уиІэу хъуар кърехъу!»
ГугъапІэ къыдитыр лъапІэу щытщ,
Быдэ дещІ, къару къытхелъхьэ.
ЕЖЬУ
Адэм и Къуэ лъапІэм нобэ щытхъу худохьыр —
Ар Пащтыхьыгъуэм и пашэу щытщ.
И увыпІэ лъагэр дэ дыдоІыгъ.
ЩІыхь лъагэ абы худощІ.
2. Пащтыхьым хуабжьу щытхъу худощІ
Дэ ди гур къигуфІыкІыу.
ХеящІэщ ар, захуагъэм тетщ,
Абы дыкъихъумэнущ.
Дахащэ дунеищІэр къос,
АфІэкІ щымыІэжын гугъуехь.
Ди лІахэри къигъэтэджыжынщ
Зигу къутахэр тыншыжынущ.
ЕЖЬУ
Адэм и Къуэ лъапІэм нобэ щытхъу худохьыр —
Ар Пащтыхьыгъуэм и пашэу щытщ.
И увыпІэ лъагэр дэ дыдоІыгъ.
ЩІыхь лъагэ абы худощІ.