15 УЭРЭДЫР
Иеговэ и Къуэ пажэм щІыхь хуэфщІ!
1. Хьисэ щІасэм щІыхь хуэфщІ —
Алыхьым Пащтыхь ищІам.
Пэжагъ, захуагъэ хэлъу,
Унафэхэр къыбгъэдокІ.
И Адэм и цІэ лъапІэм
ПщІэ пылъыр къиІэтынщ.
Алыхьыр игъэпэжу,
И тепщэр диІыгъынщ.
ЕЖЬУ
Хьисэ пажэм щІыхь хуэфщІ —
Иеговэ Пащтыхь ищІам!
Ар тетщ Сион бгы лъапІэм,
Абы и лъэныкъуэр тІыгъщ.
2. Хьисэ щІасэм щІыхь хуэфщІ —
Дэр щхьэкІэ илъ зыгъэжам!
Гуэныхьхэр къытхуэгъуну
Іэмал абы къыдитащ.
НысащІэр Хьисэ поплъэ,
Щыгъын хужьыбзэ щыгъщ,
Иеговэ зэрыпэжыр
ЦІыху псоми ялъэгъунщ
ЕЖЬУ
Хьисэ пажэм щІыхь хуэфщІ —
Иеговэ Пащтыхь ищІам!
Ар тетщ Сион бгы лъапІэм,
Абы и лъэныкъуэр тІыгъщ.