5 разделым ухэзыгъэгъуазэ
Израил лъэпкъыр Хы Плъыжьым зэрызэпрыкІрэ мэзитІ дэкІауэ, ахэр Синай бгым и деж къыщыувыІащ. А бгым деж Иеговэ израил лъэпкъым зэгурыІуэныгъэ ярищІылІащ, ар и лъэпкъ хэха хъун щхьэкІэ. Иеговэ ахэр къихъумэт икІи зыхуэныкъуэ псори яритт: манн шхыныгъуэр уафэм къахуригъэхт; я щыгъыныр мылажьэу щигъэтт; шынагъуэ здэщымыІэ щІыпІэхэм къыщыувыІэт. Сабийм и гъусэу уэ мы тхылъым уеджэмэ, фэ зэгусэу фегупсыс хъунущ Иеговэ и хабзэхэр израил лъэпкъым щІаритам, шатыр лъапІэр ящІыну унафэ щІахуищІам икІи дин пашэхэр щІыхихам и щхьэусыгъуэхэм. ИтІанэ гу лъыфтэ уи псалъэм утетыжыным икІи Іэдэбагъ пхэлъу Иеговэ хуэпэжу укъэнэным мыхьэнэшхуэ зэриІэм.