ЯПЭ ІЫХЬЭ
Дауэ Алыхьым жиІэм дызэредэІуэфынур?
Тхыгъэ ЛъапІэмкІэ Алыхьыр къыдопсалъэ. 2 Тимофей 3:16
Алыхь пэжым къыджиІэну зыхуейр бегъымбархэм зы тхылъ лъапІэу иригъэтхащ. А тхылъыр Библиеращ. Алыхьыр хуейщ абы ит мыхьэнэшхуэ зиІэ псалъэхэр уэри къэпщІэну.
Алыхьым ещІэ дэркІэ сытыр нэхъыфІми. Аращ къызыбгъэдэкІыр Іущагъри зэхэщІыкІыныгъэри. Абы уедаІуэмэ нэгъэсауэ Іущу, зэхэщІыкІыныгъэ уиІэу ухъунущ (Екъуб 3:17; Лука 11:28).
Алыхьыр хуейщ Тхыгъэ ЛъапІэм псори еджэну. Ар бзэ куэдкІэ зэдзэкІауэ щыІэщ.
Уэ Алыхьым жиІэм уедэІуэну ухуеймэ Тхыгъэ ЛъапІэм уеджэу, абы итыр къыбгурыІуэу щытын хуейщ.
Лъэпкъыу щыІэм абы и псалъэхэр зэхах. Матфей 28:19
Иеговэ и Щыхьэтхэр къыбдэІэпыкъуфынущ Тхыгъэ ЛъапІэр къыбгурыІуэн щхьэкІэ.
Абыхэм дуней псом тет цІыхухэр Алыхьым теухуа пэжым хурагъаджэ.
Абыхэм пщІэншэу урагъэджэнущ. Абы нэмыщІ Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм Алыхьым теухуауэ уэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.