2-НЕ ІЫХЬЭ
Хэт Алыхь пэжыр?
Алыхь пэжыр закъуэщ. Абы и цІэр Иеговэщ. Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ: «ЦІыхухэм ящІэн щхьэкІэ уэ, Иеговэ цІэр зезыхьэр, уэ зыращ ди Щхьэщыгум иту щІылъэ псом щхьэщытыр» (Забур 83:18). Алыхьыр — Духщ, аращ ар нэкІэ щІэдмылъэгъуфыр. Абы дэ фІыуэ дыкъелъагъу икІи хуейщ дэри ар фІыуэ тлъагъуну. Абы нэмыщІ Алыхьыр хуейщ, цІыхухэри фІыуэ тлъагъуну (Матфей 22:35—40). Ар псоми къытщхьэщытщ, аращ псори къэзыгъэщІар.
Алыхьым псом япэу лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ мелыІыч къигъэщІащ иужькІи ар щІым къигъэкІуащ. Ар Хьисэ бегъымбарщ. Абы нэмыщІ Иеговэ нэгъуэщІ мелыІычхэри къигъэщІащ.
Иеговэ псори къигъэщІащ, уафэм щыІэри... щІылъэм щыІэри. Апокалипсис 4:11
Алыхь Иеговэ къигъэщІащ вагъуэхэри, щІылъэри, щІылъэм тет псори (Апокалипсис 10:6).
Абы щІым къыхищІыкІащ Іэдэм — япэ цІыхур (1 Коринф 15:47).