Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Сыт хуэдэ «мурад» куэд мыщІэу Иеговэ къэрал унафэщІхэм я гум ирилъхьэнур?
Гузэвэгъуэшхуэр зэрыщІидзэнум теухуауэ Апокалипсис 17:16, 17 мыпхуэдэу щыжыІащ: «УзыІуплъа хьэщхьэвылъэмрэ бжьакъуипщІымрэ псэжьыр жагъуэу ялъагъунущ. Абы иІэ псори трахынурэ, пцІанэу къагъэнэнущ. И пкъри яшхынущ, къэнари мафІэкІэ ягъэсынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Тхьэм и мурадыр ягъэзэщІэну абыхэм я гум кърилъхьащ: Тхьэм и псалъэхэр къэхъуу пэжу къыщІэкІыху, я мурадыр зыуэ зэдащІэу, я тепщэныгъэр хьэщхьэвылъэм иратыну». Япэм щыгъуэ дэ ди гугъэт дин нэпцІыр ягъэкІуэдыну Иеговэ къэрал унафэщІхэм я гум ирилъхьэну.
Ауэ мы пророчествэр къызэрыдгурыІуэм иджыпсту зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьащ. Иеговэ къэрал унафэщІхэм я гум ирилъхьэнущ «я тепщэныгъэр хьэщхьэвылъэм иратыну». А псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуныр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм дыхэплъэнщ.
Мы пророчествэм хэт зи гугъу ищІыр? «Псэжьыр» е «Бабилэнышхуэр» — ар дуней псом щыІэ дин нэпцІхэращ. «Хьэщхьэвылъэ плъыжь-фІыцІафэр» — ар «Организация Объединённых Наций» жыхуаІэращ (ООН). Абы къежьапІэ хуэхъуар 1919 гъэм, дуней псом мамырыгъэр щызэтриІыгъэн щхьэкІэ яухуа «Лига Наций» жыхуаІэращ (Апок. 17:3—5). «БжьакъуипщІыр» — ар хьэщхьэвылъэм и лъэныкъуэр зыІыгъ къэрал унафэщІхэращ.
Псэжьымрэ хьэщхьэвылъэ плъыжь-фІыцІафэмрэ сыткІэ зэпха? Псэжьыр хьэщхьэвылъэм тесщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы и Іуэхухэр диІыгъщ, ауэ зыхуеймкІэ иунэтІынуи хэтщ.
Псэжьым сыт къыщыщІынур? Хьэщхьэвылъэмрэ абы и бжьакъуипщІымрэ «псэжьыр жагъуэу ялъагъунущ». Абы и мылъкур къытрахынущ икІи и Іуэху Іейхэр къыщІагъэщынущ. ИужькІэ, абы щыщ къыхэмынэу, ягъэкІуэдынущ икІи апхуэдэу Иеговэ и тезырыр ягъэзэщІэнущ (Апок. 17:1; 18:8). Апхуэдэу дин нэпцІу хъуам кІэ къахуэкІуэнущ. Ауэ абы ипэ къихуэу, къэрал унафэщІхэм зэи ямыщІа Іуэхугъуэ Алыхьым яригъэщІэнущ.
Иеговэ къэрал унафэщІхэм сыт яригъэщІэнур? Абыхэм я гум мурад ирилъхьэнущ «я лъэкІыныгъэри я тепщэныгъэри хьэщхьэвылъэ [плъыжь-фІыцІафэм]», нэгъуэщІу жыпІэмэ, ООН-м иратыну (Апок. 17:13). Абы къикІыр къэрал унафэщІхэм я тепщэныгъэр хьэщхьэвылъэм иратыну езыхэр хуеину аракъым, атІэ Иеговэ апхуэдэу яригъэщІэну аращ (Прит. 21:1, Гъэсэпэтхыдэхэр; евгъапщэ Исайя 44:28). Абыхэм я тепщэныгъэр ООН-м хуэм-хуэмурэ иратыну арауэ пІэрэ? Хьэуэ. А Іуэхур зэуэ псынщІэу къэхъунущ. Хьэщхьэвылъэм тепщэныгъэр къыІэрыхьа иужь Иеговэ и тезырыр игъэзэщІэнущ: дин нэпцІхэр псори игъащІэкІэ игъэкІуэдынущ.
А Іуэхугъуэхэр дапхуэдэу къызэрыхъунур? Къэрал унафэщІхэр кІуэ пэтми ООН-м нэхъыфІу хущыту зэрыхъур хъыбарыщІэхэм щызэхэтхмэ, «пророчествэр гъэзэщІа мэхъу» жытІэу ди щхьэр къэдгъэпцІэжын хуейкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зыми ямыщІэххэу, зэуэ Иеговэ къэрал унафэщІхэр хуигъэушынущ я тепщэныгъэр хьэщхьэвылъэм иратыну. АбыкІэ дэ къыдгурыІуэнущ гузэвэгъуэшхуэр къызэрысыпар. Аращи, «дымыжейуэ дыхуэвгъэсакъ», къэхъун хуей Іуэхухэм хуэхьэзыру дыщытын щхьэкІэ! (1 Фес. 5:6).