ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Август н. 26—30
  • Хъыджэбз цІыкІу укІытэхыр миссионер зэрыхъуар

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хъыджэбз цІыкІу укІытэхыр миссионер зэрыхъуар
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПОЛНОВРЕМЕННЭ ЛЭЖЬЫГЪЭР ЩІЫЗОДЗЭ
  • МИССИОНЕРУ СЫЛЭЖЬЭНУ ГУКЪЫДЭЖ СИІЭ МЭХЪУ
  • ЗАУЭ ЩЕКІУЭКІ КЪЭРАЛЫМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДОГЪЭІУ
  • КЪАЛЭНЫЩІЭ
  • УЗЫНШАГЪЭМ ПЫЩІА ГУГЪУЕХЬХЭР
  • ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫЗДЭІЭПЫКЪУАМ ЩХЬЭКІЭ ФІЫЩІЭШХУЭ ХУЗОЩІ
  • Иеговэ си гъуэгур занщІэ ищІащ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Иеговэ си щІалэгъуэ лъандэрэ срегъаджэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Август н. 26—30
Марианнэ Вертхольц.

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Хъыджэбз цІыкІу укІытэхыр миссионер зэрыхъуар

ЖЫЗЫІЭЖАР ВЕРТХОЛЬЦ МАРИАННЭЩ

СЫЩЫЦІЫКІУМ сэ укІытэхыу сыщытащ. Ауэ зэман дэкІри, Иеговэ и фІыгъэкІэ шынэм сытекІуащ икІи цІыхухэр фІыуэ слъагъуу сыхъуащ, уеблэмэ, миссионеру сылэжьащ. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр сщІыну хэт иджыри къыздэІэпыкъуар? Сэ къыздэІэпыкъуащ си адэр, ди зэхуэсым щыщ шыпхъу ныбжьыщІэр икІи Іущагъ зыхэлъ псалъэхэр гуапэу къызжезыІэу щыта си щхьэгъусэр. Хуит сыкъэфщІмэ, си гъащІэм теухуауэ вжесІэжынщ.

Сэ 1951 гъэм Венэ къалэм (Австрие) сыкъыщалъхуащ. Си адэ-анэр католикт. Сэ Алыхьыр си фІэщ хъут икІи щІэх-щІэхыурэ абы лъэІукІэ зыхуэзгъазэт. Илъэсибгъу сыщыхъум си адэм Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджын щІидзащ. Куэд дэмыкІыу си анэри абы гъусэ хуэхъуащ.

Си шыпхъу Элизабет си гъусэу (си щІыбагъым дэсщ)

Арати, Венэ щыІэ, «Дёблинг» зи цІэ зэхуэсым дыкІуэу щІэддзащ. Дэ ди унагъуэм зэгъусэу зэман куэд дгъакІуэт: Библием деджэт, ар куууэ зэпкърытхт, зэІущІэхэм дыкІуэт икІи конгрессхэр щекІуэкІкІэ дэІэпыкъуэгъу дыхъуну дыхьэзырт. Сэ иджыри сыцІыкІуу си адэм и фІыгъэкІэ Иеговэ фІыщэу слъэгъуащ. Ди адэр сыт щыгъуи хуейт си шыпхъу нэхъыщІэмрэ сэрэ пионеру дылэжьэну икІи абы теухуауэ зэпымыууэ Иеговэ елъэІут. Ауэ а зэманым сэ си мурадхэр нэгъуэщІт.

ПОЛНОВРЕМЕННЭ ЛЭЖЬЫГЪЭР ЩІЫЗОДЗЭ

1965 гъэм, илъэс 14 сыщыхъум сэ псым зыщІэзгъэуащ. Ауэ хъыбарыфІыр згъэІуну сэркІэ гугъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сымыцІыхухэм сабгъэдыхьэу сепсэлъэну си дежкІэ тынштэкъым. Сэ си гурэ си щхьэрэ зэтелътэкъым, абы къыхэкІкІэ къыздеджэхэм сахэпшэхъуэну сыхуейт. Псым зэрызыщІэзгъауэрэ куэд дэмыкІыу Иеговэ хуэмылажьэ хъыджэбз цІыкІухэр ныбжьэгъу схуэхъуащ. Абыхэм сахэтыну сэ сигу ирихьт, ауэ си напэри къызэныкъуэкъут. Сэ къызгурыІуэт Алыхьым хуэмылажьэхэм я гъусэу апхуэдиз зэман згъэкІуэн зэрыхуэмейр. Зыгуэр схъуэжыну лІыгъи схурикъутэкъым, дэІэпыкъуэгъу сызэрыхуэныкъуэр зыхэсщІэт. Хэт-тІэ къыздэІэпыкъуар?

Марианнэрэ Доротирэ.

Сэ Дороти деж куэдым зыщезгъэсащ (сэмэгурабгъумкІэ)

А зэманым ирихьэлІэу ди зэхуэсым илъэс 16 фІэкІа мыхъу До́роти хъыбарыфІыр игъэІуу щІидзащ. Абы хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ игъэІуну фІыуэ зэрилъагъур сэ гъэщІэгъуэныщэ сщыхъуащ. Сэ абы нэхърэ тІэкІукІэ сынэхъыжьми, хъыбарыфІ гъэІуным мащІэут сызэрыхэтыр. Абы щыгъуэ мыпхуэдэу сегупсысащ: «Сэ си адэ-анэр Иеговэ и Щыхьэтщ, ауэ Дороти и унагъуэм щыщ зыри Алыхьым хуэлажьэкъым. Ар и анэ сымаджэм зэрыкІэлъыплъым емылъытауэ, хъыбарыфІ гъэІуным сыт щыгъуи хэтщ!» Абы и щапхъэм сэ сыхуигъэушащ Иеговэ нэхъыбэ хуэсщІэну. Куэд дэмыкІыу Доротирэ сэрэ зэгъусэу пионеру дылажьэу щІэддзащ. Япэ щІыкІэ дэ подсобнэ пионеру дылэжьащ (япэм абыхэм отпускной пионеркІэ еджэт), иужькІэ общэ пионер лэжьыгъэр къэтщтащ. Дороти и щапхъэм гукъыдэж къызитащ жыджэру Алыхьым сыхуэлэжьэну. Иджыри къэс зыри езгъаджэу щымытами, а шыпхъум и фІыгъэкІэ нэгъуэщІхэр Библием езгъаджэу щІэздзащ. ИужькІэ сэ цІыхухэм дэнэ щІыпІэ сащемыпсалъэми, нэхъ мащІэу сыгузавэу сыхъуащ.

Общэ пионеру лэжьэн щыщІэздза илъэсым ди зэхуэсым Хайнц зи цІэ дэлъху къэІэпхъуащ. Абы пэжыр къыщищІар Иеговэ и Щыхьэту щыт и къуэшым деж Канадэ хьэщІапІэ щыкІуам щыгъуэщ. Хайнц ди зэхуэсым специальнэ пионеру къагъэкІуауэ арат. Ар сэ занщІэу сигу ирихьащ, ауэ абы зыкъезгъащІэтэкъым. Сыт щхьэкІэ? Хайнц миссионеру лэжьэну хуейт, ауэ сэ апхуэдэ мурад сиІэтэкъым. АрщхьэкІэ, зэман дэкІри, Хайнцрэ сэрэ дызэхуэзэу щІэддзащ, иужькІэ дызэрышэри, зэгъусэу пионер лэжьыгъэм дыпэрыуващ.

МИССИОНЕРУ СЫЛЭЖЬЭНУ ГУКЪЫДЭЖ СИІЭ МЭХЪУ

Хайнц миссионер лэжьыгъэр игу зэрырихьым щІэх-щІэхыурэ тепсэлъыхьт. Абы сэ къыстрикъузэтэкъым, ауэ а мурадым сезыгъэгупсыс упщІэхэр къызитт. Псалъэм папщІэ, «сабий дыщимыІэкІэ, Иеговэ нэхъыбэ хуэтщІэфыну пІэрэ?», жиІэу Хайнц къызэупщІт. Пэжщ, сызэрыукІытэхым емылъытауэ, сэ пионеру сылажьэт, ауэ миссионер лэжьыгъэм сыщышынэт. Ар сэ схузэфІэмыкІыну къысщыхъут. Ауэ Хайнц шыІэныгъэ хэлъу къыздэІэпыкъут а мурадыр ІэщІыб сымыщІыну. Абы иджыри сыхуигъэушт сызэрышынэм семыгупсысу, цІыхухэм нэхъыбэу сегупсысыну. Ар икъукІэ чэнджэщыфІт.

Хайнц «ХъумакІуэ чэщанэр» югославскэ зэхуэс цІыкІум щрегъэкІуэкІ. Зальцбург (Австрие), 1974 гъэ

Зэман дэкІри, сэ миссионеру сылэжьэну гукъыдэж сиІэ хъуащ. Абы къыхэкІкІэ дэ Галаад Школым заявление ттхащ. Ауэ филиалым и лэжьакІуэм чэнджэщ къызитащ английскэбзэкІэ сызэрыпсалъэр езгъэфІэкІуэну. ИлъэсищкІэ а бзэр сэ сегугъуу зэзгъэщІащ. ГъэщІэгъуэныращи, дэ иужькІэ къыдэлъэІуащ За́льцбург (Австрие) щыІэ югославскэ зэхуэсым дыІэпхъуэну. КъыкІэлъыкІуэ илъэсиблым къриубыдэу сербохорватскэ бзэкІэ псалъэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшащ икІи зы илъэскІэ районнэ лэжьыгъэм дыхэтащ. А бзэр зэбгъэщІэну тынштэкъым, ауэ абы емылъытауэ, цІыху куэд Библием едгъаджэт.

1979 гъэм дэ Болгарием «отпуск» дыкІуэну къыдэлъэІуащ. А къэралым ди лэжьыгъэр щызэхуэщІати, «отпускым» къриубыдэу дэ хъыбарыфІымкІэ зыми дыдэгуэшакъым. Ауэ дэ абы цІыкІуу щІауэ Библием тегъэщІа ди тхыгъэхэр щэхуу итшэфащ. Ахэр Болгарием и къалащхьэ Софие щыпсэу ди шыпхъуитхум яІэрыдгъэхьэн хуейт. Сэ хуабжьу сышынэ пэтми, Иеговэ къыздэІэпыкъуащ а къалэн гугъур згъэзэщІэну. А шыпхъухэм я щапхъэм сэ сигъэгушхуащ. ЯгъэтІысынкІэ шынагъэ зэрыщыІэм емылъытауэ, абыхэм лІыгъи гуфІэгъуи зыфІагъэкІуэдтэкъым. Абыхэм я щапхъэм сэри лІыгъэ къысхилъхьэт Иеговэ и организацэм сыт хуэдэ унафэ къысхуимыщІами згъэзэщІэну.

Зэман гуэр дэкІауэ дэ аргуэру Галаад Школым заявление щыттхам, абы дыщеджэну дыкърагъэблэгъащ. А Школыр США-м английскэбзэкІэ щекІуэкІыну ди гугъэт. Ауэ 1981 гъэм ноябрь мазэм Висба́ден (Германие) щыІэ филиалми Галаад Школ къыщызэІуахат. Абы къыхэкІкІэ, дэ нэмыцэбзэкІэ драгъэджащ. Ар си дежкІэ, дауикІ, куэдкІэ нэхъ тыншт. Школыр къэдуха нэужь, дэнэу пІэрэ дэ дыздагъэкІуар?

ЗАУЭ ЩЕКІУЭКІ КЪЭРАЛЫМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДОГЪЭІУ

Дэ Кением дагъэкІуэну къыджаІащ. Ауэ а къэралым и филиалыр къыдэлъэІуащ Уга́ндэ дыщылэжьэну. ИлъэсипщІ ипэ къихуэу генерал И́ди Ами́н а къэралым зэрызехьэшхуэ къыщигъэхъеят. Ар Угандэ къэралым и Іэтащхьэу щытета зэманым мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм лей къатехьащ икІи мин бжыгъэ хъу цІыху яукІащ. 1979 гъэм Иди Амин иІыгъа тепщэныгъэр къытрахыжащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт сэ сызэрышынэу щытар апхуэдиз зэрызехьэ къыщекІуэкІ къэралым сыІэпхъуэну! Ауэ Иеговэ дзыхь хуэтщІу Галаад Школым дыщрагъэсати, дэ Угандэ дыкІуэну арэзы дытехъуащ.

А зэманым Угандэ ущыпсэуну тынштэкъым. 2010 гъэм къыдагъэкІа «Ежегодник» жыхуаІэм Хайнц абы мыпхуэдэу щытепсэлъыхьауэ щытащ: «ЦІыхухэм псы хуиту ягъуэттэкъым, токыр щІэх-щІэхыурэ ягъэункІыфІт икІи телефонхэр тэмэму лажьэтэкъым. [...] ХъунщІакІуэхэр куэд хъуат икІи, псом хуэмыдэу, жэщым фочауэ макъыр щІэх-щІэхыурэ зэхэпхт. Пшапэ зэхэуа иужь, уэрамым зыри щыбгъуэтыжынутэкъым. „ЩІэпхъаджащІэхэм ди гугъу къамыщІарэт“ жаІэу цІыхухэр Тхьэ елъэІуу я унэхэм щІэст». Апхуэдэ гугъуехьхэм емылъытауэ, дэлъху, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр быдэу яхъумэт икІи гуфІэгъуэ яІэу Иеговэ хуэлажьэт.

Вайсвэ унагъуэм я деж шхын догъэхьэзыр

1982 гъэм Хайнцрэ сэрэ Угандэ и къалащхьэ Кампа́лэ дыІэпхъуащ. Япэ мазитхум дэ Ва́йсвэ Сэмрэ Кристинэрэ я деж дыщыпсэуащ. Абыхэм бынитху яІэт икІи иджыри я къуэш, шыпхъухэм я быну плІы я гъусэу псэут. А унагъуэм щыщхэм щІэх-щІэхыурэ къахуихуэт махуэм зэ фІэкІ щымышхэ, ауэ ахэр яІэ тІэкІумкІи къыддэгуэшэну хьэзырт. Абыхэм ягъэлъэгъуа хьэщІагъэр ди гум лъэІэсащ. А унагъуэм и гъусэу дызэрыпсэуа зэманым къриубыдэу гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщын Іэмал куэд къэтщІащ. Псалъэм папщІэ, псыр зэрызэбгъэзахуэ хъунум зедгъэсащ. ЗыдгъэпскІыну дэ псы литр зыбжанэм дрикъут икІи а псы дыдэр псыунэм щхьэкІэ къэдгъэсэбэпыжт. 1983 гъэм си щхьэгъусэмрэ сэрэ дыщыпсэун унэ Кампалэ къыщыдгъуэтащ. А районыр апхуэдэу шынагъуэтэкъым.

Угандэ хъыбарыфІыр щыбгъэІуну гухэхъуэт. СощІэж зы мазэм журнал 4 000 щІигъу зэрыдгуэшауэ щытар! Ауэ нэхъыбэу дызыгъэгуфІэр цІыхухэр къетхьэкІ хъыбарым зэрыхущытырат. Абыхэм Алыхьым пщІэшхуэ хуащІт икІи сыт щыгъуи хьэзырт Библием теухуауэ къыдэпсэлъэну. Хайнц цІыхуипщІ-пщыкІутху хуэдиз иригъаджэт, сэри апхуэдиз дыдэ езгъаджэт, абыхэм я деж дэри куэдым зыщедгъасэт. Псалъэм папщІэ, дэ дигу ирихьт абыхэм я Іуэху еплъыкІэр. Тхьэмахуэ къэс абыхэм я гъусэу зэІущІэхэм дыкІуэт икІи дыкъэкІуэжт. Ахэр зэи тхьэусыхэтэкъым икІи гуфІэгъуэр я нэгум кърихт.

1985, 1986 гъэхэм Угандэ иджыри зауитІ щекІуэкІащ. Сабий куэдыр зауэм хашат. Уэрамхэмрэ блокпостхэмрэ а сабийхэм автоматхэр яІыгъыу зэрыщытлъагъур къыттехьэлъэт. Ауэ хъыбарыфІ гъэІуныр дэ абы щхьэкІэ къэдгъэнакъым. Дэ дысакъыну икІи зэпІэзэрыту дыкъэнэну Алыхьым делъэІут, Иегови ди тхьэлъэІухэм жэуап къритт. Библиер зыфІэгъэщІэгъуэн цІыху дызэрыхуэзэу, шынэр дэнэ щыІэми тщІэжтэкъым.

Хайнцрэ сэрэ Татьянэ ди гъусэу (ар ди зэхуакум дэсщ)

Дэ иджыри хамэ къэралым къикІа цІыхухэм депсалъэт. Псалъэм папщІэ, дэ Татарстан къикІа Ибату́ллин Мура́трэ абы и щхьэгъусэ Дильба́ррэ зэдгъэцІыхуащ икІи ахэр Библием едгъэджэн щІэддзащ. Мурат дохутырт. А зэщхьэгъусэхэм псым зыщІагъэуащ икІи иджыри къыздэсым Иеговэ пэжу хуолажьэ. ИужькІэ Украинэм щыщ Татьянэ Виле́йскэa сыхуэзащ. Абы депрессие хьэлъэ иІэти, зиукІыжыну хуейт. Ауэ псым зыщІигъэуа нэужь, Татьянэ и хэкум игъэзэжащ икІи иужьыІуэкІэ украиныбзэкІэ ди тхыгъэхэр зэзыдзэкІхэм ядэІэпыкъуащ.

КЪАЛЭНЫЩІЭ

1991 гъэм Австрием зыдгъэпсэхуну дыкъэкІуэжауэ, филиалым и письмо къытІэрыхьащ. Абы щыжыІат дэ Болгарием дызэрагъакІуэр. КъуэкІыпІэ Европэм коммунизмыр щылъэлъэжам щыгъуэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм Болгарием хуитыныгъэ щаІэ хъужащ. ИпэІуэкІэ зэрыжысІащи, ди лэжьыгъэр Болгарием щызэхуэщІауэ щыта зэманым Хайнцрэ сэрэ а къэралым щыпсэу ди шыпхъухэм ди тхыгъэхэр гъэпщкІуауэ яхуэтшауэ щытащ. Ауэ иджы абы дыщІагъакІуэр хъыбарыфІыр дгъэІун щхьэкІэт.

Къуэшхэм къыджаІат отпуск нэужьым занщІэу Болгарием дыІэпхъуэну. Абы къыхэкІкІэ дэ Іэмал диІакъым миссионерскэ унэм дгъэзэжу, ди хьэпшыпхэр къэтщтэжыну, ди ныбжьэгъухэми сэлам етхыжыну. Япэ щІыкІэ дэ Германием щыІэ Вефилым дыкІуащ. Абы дэ машинэ къыщыдатри, Болгарием дыкІуэну гъуэгу дытеуващ. Софие къалэм цІыху 20 хуэдиз хъу гуп цІыкІум и гъусэу хъыбарыфІыр дгъэІуу щІэддзащ.

Болгарием дэ гугъуехьыщІэхэм дыщыпэщІэхуащ. Япэрауэ, дэ абыхэм я бзэр тщІэтэкъым. ЕтІуанэрауэ, болгарскэбзэкІэ тхылъитІ фІэкІа щыІэтэкъым — «Истина, ведущая к вечной жизни» жыхуиІэмрэ, «Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр» жыхуиІэмрэ. Ещанэрауэ, цІыхухэр Библием ебгъэджэн щІэбдзэну тынштэкъым. А гугъуехьхэм емылъытауэ, ди гуп цІыкІум жыджэру хъыбарыфІыр игъэІут. ДауикІ, православнэ дин пашэхэм абы гу лъамытэу къагъэнакъым. Мис абы щыгъуэщ гугъуехьхэм щыщІидзар.

1994 гъэм къэрал унафэщІхэм ди лэжьыгъэр зэхуащІащ икІи сектэ шынагъуэм хуэдэу цІыхухэр къытхущыту хъуащ. Языныкъуэ дэлъхухэр яубыдащ. Газетхэмрэ телевидениемрэ пцІы куэд къыщыттыралъхьэт: ди сабийхэр дыукІыжу икІи ди дэлъху, ди шыпхъухэм заукІыжыну хуэдгъэуш хуэдэу жаІэт. ХъыбарыфІыр бгъэІуну хуабжьу гугъу хъуат. ЦІыху куэдыр губжьауэ къытпэщІэувэт: ахэр къыттекІиет, полициер къраджэт икІи къаІэрыхьэр къыдаутІыпщт. Ди тхыгъэхэр къэралым ипшэну Іэмал лъэпкъ щыІэтэкъым. Дыщызэхуэс хъун унэ къэбгъуэтынуи гугъу хъуат. Зэгуэр конгресс едгъэкІуэкІыу полициер къакІуэри ди зэІущІэр зэпиудащ. Хайнцрэ сэрэ зэи тлъэгъуатэкъым Алыхьым и лэжьакІуэхэр апхуэдизу ялъагъу мыхъуу. Ахэр сыту хуабжьу къыщхьэщыкІырэт Угандэ щыпсэу цІыху гуапэхэм! Абы щыпсэухэм я нэхъыбэр хьэзырт ди гъусэу Библиер яджыну. Сыт дэ къыддэІэпыкъуар ди Іэр едмыхьэхыу, дызыпэщІэхуа гугъуехьхэм дыпэщІэтыну?

Ди щІыпІэм щыпсэу ди дэлъху, ди шыпхъухэм я гъусэу зэман зэрыдгъакІуэм дэ къару къытщІилъхьэт. Пэжыр къызэрагъуэтам ахэр икъукІэ щыгуфІыкІт икІи ди лэжьыгъэр лъапІэу ялъытэт. Дэ псори зэныбжьэгъу пэжу дыщытт икІи зыр зым дыдэІэпыкъут. А зэман гугъухэм сытым дыхуагъэса? Къыпхуагъэфэща къалэныр дапхуэдизу гугъуу щымытми, насыпыфІэу укъэнэфынущ. Псом нэхърэ нэхъапэр, уи гугъуехьхэм уегупсысыным ипІэкІэ, цІыхухэр фІыуэ плъагъуу, яфІ къэплъыхъуэныращ.

Вертхольц Марианнэрэ Хайнцрэ.

Болгарием и филиалым дыщыІэу. 2007 гъэ

Зэман дэкІри ди Іуэхум фІыкІэ зихъуэжащ. 1998 гъэм къэралым ди организацием хуитыныгъэ иритыжащ. Абы и фІыгъэкІэ болгарскэбзэкІэ тхыгъэ нэхъыбэ къыдагъэкІыу щІадзащ. 2004 гъэм Болгарием филиал къыщызэІуахащ. Нобэ абы зэхуэсу 57 щыІэщ икІи хъыбарыфІыр зыгъэІухэр 2 953 мэхъу. 2024 гъэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм цІыху 6 475 къекІуэлІащ. Япэм Софие шыпхъуитху къудей щыІауэ арат, ауэ нобэ а къалэм зэхуэсу бгъу щыІэщ! «МащІэм мин къытехъукІынущ», жыхуиІэ псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур дэ ди нэкІэ тлъэгъуащ (Ис. 60:22).

УЗЫНШАГЪЭМ ПЫЩІА ГУГЪУЕХЬХЭР

Си узыншагъэм пыщІауэ сэ гугъуехь куэд сиІащ. Лышх уз сиІэу мызэ-мытІэу къагъуэтащ. Абы щыщ зыр здэщыІэр си щхьэ куцІырат. Ар ягъэхъужын щхьэкІэ курс лучевой терапии жыхуаІэр схуащІащ икІи иужькІэ сыхьэт пщыкІутІкІэ екІуэкІа операцие Индием щысхуащІри, и нэхъыбэр кърахащ. Си узыншагъэр зэтеувэжыху дэ Индием и филиалым дыщыпсэуащ, иужькІэ Болгарием дгъэзэжащ.

А зэманым Хайнц узыфэ хьэлъэ къеуэлІащ — болезнь Ха́нтингтона жыхуаІэр. Абы къикІухьынуи псэлъэнуи къехьэлъэкІт и Іэпкълъэпкъри къедэІуэжтэкъым. Хайнц и узыр хэкІуэтэху, сэ абы нэхъыбэу сыдэІэпыкъун хуей хъут. Зэми сэ къысщыхъут си щхьэгъусэр зыхуей хуэзгъэзэну къару лъэпкъ симыІэжу. Ди дэлъху ныбжьыщІэ Бо́би щІэх-щІэхыурэ Хайнц и гъусэу хъыбарыфІыр игъэІут. Хайнц тэмэму зэрымыпсэлъэфым икІи и Іэпкълъэпкъыр къызэремыдаІуэм Боби игъэукІытэтэкъым. Хайнц сыбгъэдэсыну Іэмал сыщимыІэм деж, Боби абы бгъэдэсыну сыт щыгъуи хьэзырт. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ бын зидмыгъэІэну мурад тщІами, Иеговэ Боби къыдитащ, ар дэ къуэ тхуэхъуащ (Мк. 10:29, 30).

А псом нэмыщІ Хайнц лышх уз къеуэлІат. Си жагъуэ зэрыхъунщи, фІыуэ слъагъу си щхьэгъусэр 2015 гъэм лІащ. Сэ ар хуабжьу къыстехьэлъащ. Си щхьэгъусэр сызэримыІэжым сесэну гугъут. Сэ Хайнц куэдрэ согупсыс икІи си дежкІэ ар псэум хуэдэщ (Лк. 20:38). Махуэм и кІуэцІым Іуэху щысщІэкІэ абы япэм къызжиІэу щыта псалъэ гуапэхэмрэ чэнджэщ Іущхэмрэ сигу къызогъэкІыж. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ дызэгъусэу Иеговэ дызэрыхуэлэжьа илъэсхэм щхьэкІэ си гум фІыщІэшхуэ илъщ.

ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫЗДЭІЭПЫКЪУАМ ЩХЬЭКІЭ ФІЫЩІЭШХУЭ ХУЗОЩІ

Сыт хуэдэ гугъуехь сыпэщІэмыхуами, Иеговэ зэи сыкъигъэнакъым. Сыщыхъыджэбз цІыкІум укІытэх Іейуэ сыщытащ, ауэ Иеговэ къыздэІэпыкъури, цІыхухэр гурэ псэкІэ фІыуэ зылъагъу миссионер сыхъуащ (2 Тим. 1:7). Иеговэ и фІыгъэкІэ си шыпхъу нэхъыщІэри сэри полновременнэ лэжьыгъэм дыхэтщ. Си шыпхъумрэ абы и щхьэгъусэмрэ районнэ лэжьыгъэм хэтщ икІи Европэм щыІэ сербскэ зэхуэсхэр абыхэм ягъэгушхуэ. Илъэс куэд ипэ ди адэр Алыхьым елъэІут и пхъуитІыр пионеру дылэжьэну. Зэрытлъагъущи, ди адэм и лъэІур Иеговэ игъэзэщІащ.

Сэ Библием седжэну икІи ар куууэ зэпкърысхыну хуабжьу сигу ирохь, абы си гум мамырыгъэ кърелъхьэ. Сэ къыщыстехьэлъэм деж, Хьисэ хуэдэу, «нэхъ хуабжьу» Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхузогъазэ (Лк. 22:44). Иеговэ си лъэІухэм жэуап къызэрыритри си дежкІэ наІуэщ. Псалъэм папщІэ, Софие къалъэм щыІэ «Надежда» зи цІэ зэхуэсым щыщ дэлъху, шыпхъухэр сэ щІэгъэкъуэн къысхуохъу. Ахэр зыкІэ гуапэщи — хьэщІапІэ сыкърагъэблагъэ икІи фІыуэ сыкъызэралъагъур, лъапІэуи сызэралъытэр къызжаІэ. Абы гуфІэгъуэшхуэ къызет.

ЛІахэр къызэрытэджыжынум сэ щІэх-щІэхыурэ согупсыс икІи ди унагъуэр дунеищІэм щыІэу си нэгу къыщІызогъэхьэ. Си адэ, си анэр унэм деж щытщ, ахэр щызэрыша махуэм хуэдэу щІалэщ икІи дахэщ. Си шыпхъум ІэфІ гуэрхэр тхуепщэфІ, Хайнц шым толъэщІыхь. А псом сызэрегупсысыр къыздоІэпыкъу гупсысэ хьэлъэхэм сытекІуэну, гупсэхугъуэри сфІэмыкІуэдыну. Сэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ абы къызита гугъапІэ дахэм щхьэкІэ!

Си гъащІэ есхьэкІам сыщыхэплъэжкІэ икІи Иеговэ схуигъэхьэзыра гъащІэ дахэм сыщегупсыскІэ, сыт сэ зыхэсщІэр? Псалом 27:13, 14 ит Даут и псалъэхэм сэ арэзы сытохъуэ: «Дэнэт сэ сыздэщыІэнур сыпсэуху Иеговэ и фІагъыр зэрыслъэгъунур си фІэщ мыхъуу щытамэ? Иеговэ щыгугъ, лІыгъэ зыхэгъэлъ икІи уи гур гъэбыдэ. Аращи, Иеговэ щыгугъ».

a Татьянэ Виле́йскэ и гъащІэм теухуауэ жиІэжыр 2000 гъэм, декабрым и 22 къыдагъэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым, 20—24 напэкІуэцІхэм къыщыбгъуэтынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын