Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъур
АЛЫХЬЫМ Библиер тыгъэу къыдитащ, икІи а тхылъым ит псори дэ сэбэп къытхуохъу. Библиер медицинэм теухуа тхылъкъым, ауэ абы ит чэнджэщхэр къыбдоІэпыкъу узыгъэгузавэ гупсысэхэм, гурыщІэ Іейхэм икІи узыншагъэм епха гугъуехьхэм упэлъэщыну.
Ауэ, нэхъапэжыращи, Библием зэрыжиІэмкІэ, дыкъэзыгъэщІа ди Алыхь Иеговэa ди гупсысэхэри, ди гурыщІэхэри зыми хуэмыдэу къыгуроІуэ. Алыхьыр къыддэІэпыкъуну хьэзырщ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну. Гупсэхугъуэ къозытыфыну едзыгъуитІ ищІагъым къыщыхьащи, абыхэм гу лъытэ.
«Иеговэ зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ икІи зигу иудахэр абы кърегъэл» (ПСАЛОМ 34:18).
«Сэращ уи Алыхь Иеговэр, сэ уи Іэ ижьыр сІыгъщ икІи бжызоІэ: „Умышынэ сэ сыбдэІэпыкъунущ“» (ИСАЙЯ 41:13).
Психикэм епха узыфэ зиІэ цІыхум Иеговэ Іэмал зыбжанэкІэ дэІэпыкъуфынущ. Абыхэм къыкІэлъыкІуэ статьяхэм дыщытепсэлъыхьынущ.
a Алыхьым и цІэр Иеговэщ (Псалом 83:18).