ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Декабрь н. 28—30
  • ЩІылъэр щІэину къыфлъысыну фыхьэзыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЩІылъэр щІэину къыфлъысыну фыхьэзыр?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЩІЫЛЪЭР ЖЭНЭТ ФЩІЫЖЫНУ ФЫХЬЭЗЫР?
  • КЪЭТЭДЖЫЖЫНУХЭМ УАДЭІЭПЫКЪУНУ УХЬЭЗЫР?
  • КЪЭТЭДЖЫЖЫНУХЭР ЕБГЪЭДЖЭНУ УХЬЭЗЫР?
  • ЛІахэр къэтэджыжынущ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • 10-не Іыхьэ
    Алыхьым жиІэм едаІуэ
  • ЛІахэр къызэрытэджыжынум Алыхьым теухуауэ сыт къыдигъащІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • 8-не Іыхьэ
    Алыхьым жиІэм едаІуэ
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Декабрь н. 28—30
ЦІыхухэм щІылъэр жэнэт ящІыж. Языныкъуэхэм къутахуэхэр Іуахыж, нэгъуэщІхэм унэ яухуэ, хэти хадэм йолэжь.

ЩІылъэр щІэину къыфлъысыну фыхьэзыр?

ДЭ ПСОРИ къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ Хьисэ жиІа мы псалъэхэр гъэзэщІа щыхъуну зэманым: «Гъуэгу махуэ теуващ зигу пагагъэ имылъхэр, абыхэм ІыхьэфІу къалъысынур щІылъэращи» (Мт. 5:5). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Хьисэ и гъусэу щІылъэ псом и тепщэу щытынущ (Апок. 5:10; 20:6). Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэхъыбэр зыпэплъэр гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыщыпсэуну зэманыращ. Ахэр дагъуэншэ хъунущ икІи мамырыгъэ яІэу насыпыфІэу псэунущ. А псор гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ къапэщылъщ. Псалъэм папщІэ, щІылъэр жэнэт хъужын щхьэкІэ, абы телэжьыхьын, лІахэм къахэтэджыкІыжахэр зыхуей хуэгъэзэн икІи ахэр егъэджэн хуей хъунущ. ДунеищІэм а лэжьыгъэм фыхэтыну фызэрыхуейр иджыпсту щыщІэдзауэ къызэрывгъэлъэгъуэфынум фегупсыс.

ЩІЫЛЪЭР ЖЭНЭТ ФЩІЫЖЫНУ ФЫХЬЭЗЫР?

«Фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ» жиІэу Иеговэ цІыхухэм унафэ зэрахуищІам къокІ икІэм-икІэжым дуней псор жэнэт хъун зэрыхуеяр (ЩІэдз. 1:28). А лэжьыгъэр къызыпэщылъыр щІылъэр щІэину къызылъысынухэращ. Ар тыншу щытыну Іуэхукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Іэдэн жыг хадэр щыІэжкъым. ЯпэщІыкІэ къару куэд ехьэлІэн хуей хъунущ, щІылъэр дгъэкъэбзэжын щхьэкІэ. ДауикІ, дэ лэжьыгъэ куэд къытпэщылъщ!

Абы дигу къегъэкІыж Бабилэн гъэрыпІэм къикІыжа израил цІыхухэм къапэщылъу щыта лэжьыгъэшхуэр. Абыхэм я щІыналъэм илъэс 70-кІэ зыри щыпсэуакъым. Ауэ бегъымбар Ешайа итхауэ щытат Иеговэ и фІыгъэкІэ абыхэм псори зэрызэтрагъэувэжыфынур. Къэхъун хуей а псалъэхэм мыпхуэдэу итт: «Иеговэ... пшахъуэщІыр Іэдэн жыг хадэм хуэдэ ищІынущ... щІыпІэ игъущыкІахэр Иеговэ и жыг хадэм хуэдэ хъунущ» (Ис. 51:3). Израил цІыхухэм ар яхузэфІэкІащ. Апхуэдэу щІылъэр щІэину къызыхуэнэнухэми, Иеговэ и фІыгъэкІэ ар жэнэт дахэ ящІыжынущ. Иджыпсту щыщІэдзауэ а лэжьыгъэм ухэтыну узэрыхуейр къэбгъэлъэгъуэну уэ Іэмал уиІэщ.

Псалъэм папщІэ, уэ зэрыпхузэфІэкІкІэ уи унэмрэ уи бжэІупэмрэ къабзэу зепхьэ хъунущ икІи уи гъунэгъухэм апхуэдэу ящІэрэ ямыщІэрэ ар елъытакъым. Абы нэмыщІ дыщызэхуэс Унэмрэ конгрессхэр щекІуэкІ Унэмрэ зэлъыІухыным икІи зыхуей хуэгъэзэным ухэт хъунущ. Иджыри, уи Іуэхум къезэгъыу щытмэ, гузэвэгъуэшхуэ зылъэІэсахэм уадэІэпыкъун щхьэкІэ, заявленэ птхы хъунущ. Апхуэдэу уэ къэбгъэлъэгъуэнущ гузэвэгъуэ зылъэІэса къуэш, шыпхъухэм уадэІэпыкъуну узэрыхьэзырыр. Мыпхуэдэу зэупщІыж: «ДунеищІэм сэбэп къысхуэхъуну ІэщІагъэ гуэр иджыпсту зэзгъэгъуэтыфыну пІэрэ?»

Къуэш, шыпхъухэм щызэхуэс Унэмрэ абы и бжэІупэмрэ зэлъыІуах.

КЪЭТЭДЖЫЖЫНУХЭМ УАДЭІЭПЫКЪУНУ УХЬЭЗЫР?

Хьисэ Иаир и пхъур къыщигъэтэджыжам щыгъуэ хъыджэбз цІыкІур ягъэшхэну цІыхухэм яжриІащ (Мк. 5:42, 43). ДауикІ, илъэс 12 фІэкІа мыхъу сабийр бгъэшхэну гугъутэкъым. Ауэ «кхъэм щІэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщІэкІыжынущ» жыхуиІэ псалъэхэр Хьисэ щигъэзэщІэну зэманым дапхуэдиз лэжьыгъэ щыІэнуми фегупсысыт (Ин. 5:28, 29). Библиер а Іуэхум убгъуауэ темыпсэлъыхьми, къэтэджыжыну цІыхухэм яшхын ерыскъы, щатІэгъэн щыгъын икІи зыщІэсын унэ яІэн зэрыхуейр къыбгурыІуэну гугъукъым. Абыхэм фадэІэпыкъуну фызэрыхуейр иджыпсту щыщІэдзауэ къэвгъэлъэгъуэфыну? Абы щхьэкІэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм дегупсыс хъунущ.

ЩІылъэр щІэину къыфлъысыну фызэрыхьэзырыр дапхуэдэу иджыпсту къызэрывгъэлъэгъуэфынур?

Къуэш, шыпхъухэм гуфІэгъуэ яІэу международнэ конгрессым къэкІуахэр Париж дэт аэропортым къыщрагъэблагъэ.

Районым и нэхъыжьыр фи зэхуэсым къыщыкІуэм деж, шэджагъуашхэ фи унэм ар къевгъэблагъэрэ? Вефилым щылэжьа къуэшым е шыпхъум а лэжьыгъэр къигъанэу фи зэхуэсым къыщагъакІуэм деж е районым и нэхъыжьым а лэжьыгъэр къыщигъанэм деж, зыщІэсын унэ къигъуэтын щхьэкІэ, абы фыдэІэпыкъуфыну пІэрэ? Е, фи щІыпІэм региональнэ е районнэ конгресс щекІуэкІыну щытмэ, ар ягъэхьэзырын щхьэкІэ, дэІэпыкъуэгъу фыхъуфыну пІэрэ, хьэмэрэ хьэщІэхэр къевгъэблэгъэну зэман къыдэвгъэкІыфыну пІэрэ?

КЪЭТЭДЖЫЖЫНУХЭР ЕБГЪЭДЖЭНУ УХЬЭЗЫР?

Апостолхэм 24:15 итым дыкъыщеджэм деж, дэ къыдгуроІуэ миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэр лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынур. Абыхэм ящыщ куэдым Иеговэ теухуауэ къащІэну зэи Іэмал яІакъым. ДунеищІэм абыхэм апхуэдэ Іэмал яІэнущa. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм ахэр ирагъэджэнущ (Ис. 11:9). Европэм, Ипщэ Америкэм икІи Африкэм хъыбарыфІыр щызыгъэІуа ди шыпхъу Шарло́ттэ а Іуэхугъуэм щыхэтыну зэманым къыхуэмыгъэсу поплъэ. Абы гуфІэгъуэ иІэу жеІэ: «Къэтэджыжа цІыхухэр езгъэджэну сэ хуабжьу сыхуейщ. БлэкІа зэманым псэуа цІыху гуэрым теухуауэ сыщеджэм деж, сэ щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу согупсыс: „Абы Иеговэ ицІыхуу щытамэ, и гъащІэр нэгъуэщІу къекІуэкІыфынут“. Къэтэджыжыну цІыхухэм Иеговэ теухуауэ икІи, ахэр абы и лэжьакІуэ хъууэ щытмэ, я гъащІэм зэрызихъуэжынум теухуауэ зэражесІэным сэ къысхуэмыгъэсу сыпоплъэ».

Хьисэ ипэкІэ псэуа Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэми куэд къащІэн хуей хъунущ. Данил итха, ауэ езым къыгурымыІуэу щыта къэхъун хуей псалъэхэр къыгурыдгъэІуэну гуфІэгъуэшхуэу зэрыщытынур фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! (Дан. 12:8). Хьэмэрэ, Руфэрэ НэІумийрэ я щІэблэм Мэссихьыр къызэрытехъукІар абыхэм яжефІэжыну фыхуейт? Мы дуней бзаджэм и гугъуехьхэр щыщымыІэжыну зэманым дуней псом щекІуэкІыну а лэжьыгъэм дызэрыхэтыным сыту гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьыну!

ЖьыщІыгъэр щажьыщІым щІэту ди шыпхъум цІыхубзым буклет ирет.

А лэжьыгъэм фыхэтыну фызэрыхуейр дапхуэдэу иджыпсту къызэрывгъэлъэгъуэфынур? Апхуэдэ Іэмалхэм ящыщ зыр — ар цІыхухэр зэредгъаджэр едгъэфІэкІуэныращ икІи зэпымыууэ хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыныращ (Мт. 24:14). Фи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам е нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэм къыхэкІкІэ фызэрыхуейм хуэдизрэ хъыбарыфІ гъэІуным фыхэмытыфми, фхузэфІэкІыу хъуар зэрыфщІэм къегъэлъагъуэ къэтэджыжынухэр евгъэджэну гукъыдэж фызэриІэр.

ЩІылъэр щІэину къыфлъысыну фыхуей? Ар жэнэт щыфщІыжыну, къэтэджыжахэр зыхуей щыхуэвгъэзэну икІи ахэр щевгъэджэну зэманым къыфхуэмыгъэсу фыпэплъэрэ? Фэ макъ хэІэтыкІакІэ «НтІэ!» жыфІэну къыщІэкІынщ. Аращи, щІылъэр щІэину къыщыфлъысыну зэманым фызыхэтыну Іуэхухэм иджыпстуи фыхэтыну Іэмал фиІэр зыІэщІэвмыгъэкІ.

a 2022-нэ гъэм, фокІадэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Дапхуэдэу цІыху куэдыр захуагъэм зэрыхуагъэсэнур?» жыхуиІэ статьям феплъ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын