ФщІэуэ пІэрэ?
Мардохей теухуауэ сыт тхыдэм жиІэр?
ЭСФИРЬ жыхуиІэ тхылъым зэритымкІэ, Мардохей цІэ зезыхьэ цІыхухъур мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэм хэтащ. Ар гъэру яшахэм щыщт икІи Персием и пащтыхьым хуэлажьэу щытащ. Мардохей щыпсэуар ди эрэм ипэ V-нэ лІэщІыгъуэращ, «Ахашверо́ш и махуэхэм». (Ди зэманым цІыху куэдыр а пащтыхьым Ксеркс I йоджэ.) Пащтыхьыр яукІыну зэгурыІуэныгъэ щэху зэрыщыІэр абы къыщІигъэщащ. Ахашверош и гум илъ фІыщІэр къигъэлъэгъуэн щхьэкІэ, унафэ ищІащ псоми ялъагъуу Мардохей щІыхь къыхуахьыну. ИужькІэ, Мардохейрэ журт лъэпкъымрэ я бийуэ щыта Аман щаукІам щыгъуэ, Ахашверош и пащтыхьыгъуэм Мардохей увыпІэ лъагэ щритащ. Абы и фІыгъэкІэ Персие псом и щІыналъэм щыпсэу журтхэр къэзыхъумэ унафэ Мардохей къыдигъэкІащ (Эсф. 1:1; 2:5, 21—23; 8:1, 2; 9:16).
XX-нэ лІэщІыгъуэм ипэхэм языныкъуэ щІэныгъэлІхэм жаІэт Эсфирь тхылъым итыр къагупсысауэ, Мардохей зи цІэ цІыхухъуи зэи щымыІауэ. Ауэ 1941-нэ гъэм археологхэм я фІыгъэкІэ Мардохей зэрыщыІам щыхьэт техъуэ зы хьэпшып гуэр къыкъуэкІащ. Сыт археологхэм къагъуэтар?
ЩІэныгъэлІхэм клинописькІэ псалъэ гуэрхэр тетхауэ зы хьэпшып къаІэрыхьащ. Абы тетым Мардукэ зи цІэ цІыхухъум и гугъу ищІт. Абы Сузы къалэм увыпІэ лъагэ щиІыгът икІи ар къэрал мылъкум тету къыщІэкІынт. КъуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ къэралхэм я тхыдэм и къэхутакІуэ А́ртур У́нгнад итхащ «Мардохей мы дунейм зэрытетам щыхьэт техъуэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэ, Библием итым нэмыщІ», а зэманым зэрыщымыІар.
Унгнад къихутам иужь нэгъуэщІ щІэныгъэлІхэми персыбзэкІэ тха куэд зэрадзэкІащ. Ахэр зэлэжьам Персе́поль дэт къутахуэхэм и блынхэм деж къыщагъуэта ятІагъуэм къыхэщІыкІа мывэ пІащІэхэри хэтащ. КъызэрахутамкІэ, ахэр пащтыхь Ксеркс I и зэманым ящІауэ щытащ икІи Эсфирь тхылъым ит цІэ зыбжанэ Эла́м щІыналъэм и бзэмкІэ тхауэ абыхэм тетащa.
Мардохей (Мардукэ) цІэр персыбзэкІэ мывэ пІащІэм тетщ
Персеполь къыщагъуэта языныкъуэ мывэ пІащІэхэм Мардукэ цІэм мызэ-мытІэу ущрохьэлІэ. А цІыхухъур пащтыхь Ксеркс I и секретару Сузы къалэм щылажьэт. Зы мывэ пІащІэ гуэрым зэрытетымкІэ, бзэ зэдзэкІын лэжьыгъэр абы и ІэщІагъэу щытащ. Мардохей теухуауэ Библием жиІэми ар зэрыщыту тохуэ. Пащтыхь Ахашверош (Ксеркс I) и унэм Мардохей увыпІэ лъагэ щиІыгът икІи нэхъ мащІэ дыдэу бзитІкІэ псалъэт. Сузы къалэм дэт пащтыхьым и унэм и куэбжэм деж, абы къыхуагъэфэща къалэнхэр щигъэзащІэт (Эсф. 2:19, 21; 3:3). А куэбжэр апхуэдизкІэ инти, абы и кІуэцІым пащтыхьым и Іуэхузехьэхэм я лэжьыгъэр щрахьэкІт.
Персеполь къыщагъуэта мывэ пІащІэхэм зи гугъу ищІ Мардукэрэ Библиер зытепсэлъыхь Мардохейрэ теухуауэ къэтщІар гъэщІэгъуэныщэу зэтохуэ. ТІури щыпсэуар зы зэманщ, здэпсэуари зы щІыпІэщ, ягъэзащІэу щыта къалэнхэри зэхуэдэщ. Аращи, археологхэм къагъуэтам и фІыгъэкІэ наІуэ мэхъу Мардукэрэ Мардохейрэ зы цІыхуу зэрыщытар.
a 1992-нэ гъэм профессор Э́двин Ямау́чи итха статьям Персеполь къыщагъуэта мывэ пІащІэхэм тетхауэ щыта цІэуэ 10 къыщихьащ. А цІэхэм Эсфирь тхылъми ущрохьэлІэ.