Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Апостол Паул «сабий мылъхуэсым» щызригъэщхьам сыт зи гугъу ищІар? (1 Коринф 15:8)
1 Коринф 15:8 Паул мы псалъэхэр щитхащ: «Псом я ужькІэ сэ, сабий мылъхуэсым хуэдэм, зыкъызигъэлъэгъуащ». Паул зи гугъу ищІыр уафэм щыІэ Хьисэ и нэгу зэрыщІэкІаращ. Япэм щыгъуэ мы псалъэхэр дапхуэдэу къыдгурыІуэу зэрыщытар? Паул и нэгу Хьисэ щыщІэкІам щыгъуэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм я тыгъэр къалъысыным иджыри зэман куэд иІэт. Ауэ дэ ди гугъэт ар къэхъун ипэ Паул апхуэдэ щІыхь къылъысауэ. Ар щхьэкІэ а едзыгъуэр нэхъ куууэ зэпкърытха иужь ар къызэрыдгурыІуэм зэхъуэкІыныгъэ хэтлъхьэн хуей хъуащ.
Пэжщ, Паул мыбдеж Хьисэ и нэгу щыщІэкІа махуэм топсэлъыхь. НтІэ, абы «сабий мылъхуэсым» щызригъэщхьам сыт зи гугъу ищІар? Абы теухуауэ еплъыкІэ зыбжанэ щыІэщ.
Паул Хьисэ и лъэужь зэриувар напІэзыпІэт икІи абы фэбжь хихащ. И зэманыр къэмысауэ сабийр къыщалъхум деж абы адэ-анэр Іэнкун ищІыфынущ. Савл (иужькІэ ПаулкІэ зэджэ хъуар) Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм и зэран яригъэкІыну Дамаск къалэм кІуэуэ гъуэгу тетт. Ауэ фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ щилъэгъуам щыгъуэ, абы сыт зыхищІами. Паул Хьисэ и лъэужь зэриувам езыри Дамаск къалэм дэса къуэш, шыпхъухэри Іэнкун ищІауэ къыщІэкІынущ. Абы нэмыщІ Паул Хьисэ зэрыхуэзам фэбжь хихауэ жыпІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и нэм имылъагъужу хъуат (Апост. 9:1—9, 17—19).
Паул «имызэману» Хьисэ и лъэужь иуващ. АлыджыбзэкІэ зэрадзэкІа «сабий мылъхуэс» жыхуаІэр «имызэману къалъхуа сабий» жыпІэу иджыри зэбдзэкІыфынущ. «Иерусалимская Библия» жыхуаІэм а едзыгъуэр мыпхуэдэу щызэрадзэкІащ: «Зыми имыгугъэххэу, имызэману сыкъалъхуа хуэдэщ». Хьисэ уафэм дэкІуеижа иужьщ Паул «нэхугъэ гуэр» къыщыхуехар. Паул и письмом зи гугъу ищІа къуэш, шыпхъухэм елъытауэ, абы лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ уафэм дэмыкІуеиж щІыкІэ илъэгъуакъым (1 Кор. 15:4—8). Паул апхуэдэ Іэмал иІэ щыхъуар Дамаск пэгъунэгъуу Хьисэ абы зыкъыщыхуигъэзам щыгъуэщ, ар «имызэману» къэхъуауэ абы къыщыхъуами.
Паул зигъэлъахъшэу и щхьэм тепсэлъыхьт. Языныкъуэ щІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, мы едзыгъуэм ит псалъэхэр къыщигъэсэбэпым Паул зигъэлъэхъшэну хэтащ. Апхуэдэу щытмэ, абы къыхуащІа пщІэр хуэмыфащэу къилъытэт. Паул иужькІэ жиІа псалъэхэм ар къыхощ: «Апостолхэм ящыщу нэхъ цІыкІур сэращ, апостол къызжаІэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкІыу щытащ. Ауэ Тхьэм и нэфІ къызэрысщыхуам къыхэкІкІэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ» (1 Кор. 15:9, 10).
Аращи, 1 Коринф 15:8 итыр щитхам Паул зи гугъу ищІар Хьисэ и лъэужь зэриувар напІэзыпІэу икІи «имызэману» къэхъуауэ е абы къыхуащІа пщІэр хуэмыфащэу къилъытэу щытауэ къыщІэкІынущ. Абы и псалъэхэм сыт хуэдэ мыхьэнэ химылъхьами, Паул а къэхъуа Іуэхугъуэр лъапІэу илъытэу зэрыщытар гурыІуэгъуэщ. Абы и фІыгъэкІэ Паул быдэу и фІэщ хъуащ Иеговэ Хьисэ къызэригъэтэджыжар. Аращ щІэмыгъэщІэгъуэныр Хьисэ лІахэм къызэрыхэтэджыкІыжар Паул нэгъуэщІхэм щажриІэм щыгъуэ ар и нэгу зэрыщІэкІа Іуэхугъуэр къыхигъэщу зэрыщытар (Апост. 22:6—11; 26:13—18).