ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Апрель н. 30—н. 31, абз. 4
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Мыбы ещхь материал
  • Нэчыхьым пщІэ хуэфщІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Апрель н. 30—н. 31, абз. 4

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Къуэшыр Библием ит унафэм ебакъуэу, и нэчыхьыр икъутэжрэ нэгъуэщІ фыз къишэжмэ, зэхуэсыр дауэ зэрыхущытын хуейр абы япэм иІа нэчыхьымрэ щІэуэ иухуа нэчыхьымрэ?

Къуэшым и фызыр иригъэкІыжу нэгъуэщІ къишэжмэ, абы иухуа нэчыхьыщІэр зэхуэсым нэчыхьу ибжын хуейщ икІи япэ нэчыхьыр щымыІэжу илъытэн хуейщ. Апхуэдэ гупсысэр сыт зытегъэщІар? Мы упщІэр зэхэдгъэкІын щхьэкІэ, нэчыхьым теухуауэ Хьисэ жиІауэ щыта псалъэхэм дыхэплъэнщ.

Брат смотрит в сторону пары, сидящей вместе на встрече собрания.

Хьисэ зэрыжиІамкІэ, Алыхьым и лэжьакІуэм и нэчыхьыр икъутэжыну хуитыныгъэ къезыт щхьэусыгъуэу зы закъуэщ щыІэр. А щхьэусыгъуэр итщ Маттэ 19:9: «И фыз зинэ имыщІауэ ар изыгъэкІыжу нэгъуэщІ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищІауэ мэхъу». Мы псалъэхэм къыдгурагъаІуэ: 1) цІыхухъум и нэчыхьыр икъутэжыну хуитыныгъэ къезыт щхьэусыгъуэу щыІэр зы закъуэщ — и фызым зинэ зэрищІаращ, 2) зи фызыр нэгъуэщІ щхьэусыгъуэ гуэркІэ изыгъэкІыжу нэгъуэщІ фыз къэзышэжым зинэ ищІауэ мэхъуa.

Абы къикІрэ зи щхьэгъусэм епцІыжу, зи нэчыхьыр зыкъутэжа цІыхухъум нэгъуэщІ фыз къишэжыну Библием хуит ищІу? Мы упщІэм и жэуапыр Іуэхугъуэ зыбжанэм елъытащ. Псалъэм папщІэ, лІым зинэ ищІамэ, абы и фыз лажьэ зимыІэм унафэ ищІыну хуитщ и щхьэгъусэм хуигъэгъунрэ хуимыгъэгъунрэ. Фызым и лІым хуигъэгъуну имыдэрэ, абыхэм я нэчыхьыр якъутэжмэ, лІым къишэжыну, фызри дэкІуэжыну хуитхэщ.

Ауэ Іуэхур нэгъуэщІуи щытыфынущ. Фызым нэчыхьыр ихъумэну хуейуэ, хуигъэгъуну зэрыхьэзырыр и лІым жреІэ. Ауэ фызым жиІэм емыплъу, лІым езым нэчыхьыр икъутэжмэ-щэ? Апхуэдэ цІыхухъум нэгъуэщІ фыз къишэжыну хуитыныгъэ иІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и фызыр хьэзырт хуигъэгъуу, я нэчыхьыр ихъумэну. Ауэ цІыхухъур Библием ит унафэм ерыщу ебакъуэрэ, нэгъуэщІ фыз къишэжмэ, абы аргуэру зинэ ищІауэ къокІ. Апхуэдэу щыхъукІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм аргуэру правовой комитет ящІын хуей хъунущ (1 Кор. 5:1, 2; 6:9, 10).

Къуэшыр Библием ит унафэм ебакъуэу, и нэчыхьыр икъутэжрэ нэгъуэщІ фыз къишэжмэ, зэхуэсыр дауэ зэрыхущытын хуейр абы япэм иІа нэчыхьымрэ щІэуэ иухуа нэчыхьымрэ? Библием итым тепщІыхьмэ, абы и япэ нэчыхьыр иджыри нэчыхьу убж хъуну? Фызым и лІым хуигъэгъуну зэрыхьэзырым абыхэм я нэчыхьыр ихъумэфыну? А цІыхухъум нэгъуэщІ фыз къызэришэжар зинэуэ плъытэн хуей?

Апхуэдэ нэчыхьым япэм щыгъуэ дапхуэдэу дызэрыхущыту щытар? Ди еплъыкІэр мыпхуэдэт: щІэуэ фыз къэзышэжа къуэшым и нэчыхьыр зинэуэ къэлъытэн хуейщ, абы и япэ фызыр псэухукІэ, ар нэгъуэщІ лІы дэмыкІуа щІыкІэ е езы шыпхъум зинэ имыщІа щІыкІэ. Ауэ Маттэ 19:9 ит Хьисэ и псалъэхэм дгъэзэжынщ. Абы мащІэщ щыжыІар лажьэ зимыІэ лъэныкъуэм теухуауэ. Хьисэ жиІащ зинэ зымыщІа и фызыр иригъэкІыжу, нэгъуэщІ фыз къэзышэжым зинэ зэрищІэр. Апхуэдэ цІыхухъум щІэуэ иухуа нэчыхьым япэ нэчыхьыр екъутэж.

«И фыз зинэ имыщІауэ ар изыгъэкІыжу нэгъуэщІ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищІауэ мэхъу» (Мт. 19:9).

ЦІыхухъум нэгъуэщІ фыз къишэжамэ, япэ фызым и лІым хуигъэгъуну хьэзырми, абы Іэмал иІэжкъым я нэчыхьыр ихъумэну. Япэ нэчыхьыр лъэлъэжащ икІи «си лІым хуэзгъэгъун, хьэмэрэ хуэзмыгъэгъун» жиІэу цІыхубзым и дежкІэ упщІэ щытыжкъым. Абы нэмыщІ а цІыхухъум и нэчыхьыщІэр зэхуэсым зинэуэ ибжынукъымb.

Дэ зэпкърытхар цІыхухъур и щхьэгъусэм епцІыжу, ахэр щызэбгъэдэкІыж Іуэхугъуэщ. Ауэ мыпхуэдэуи къэхъуфынущ: лІым зинэ ищІакъым, ауэ и фызыр иригъэкІыжри, нэгъуэщІ къишэжащ. Е мыпхуэдэу: лІым зинэ ищІакъым, ауэ и фызыр иригъэкІыжащ, иужькІэ зинэ ищІэри, нэгъуэщІ къишэжащ, и щхьэгъусэу щытам къыхуигъэгъуну зэрыхьэзырым емылъытауэ. ЦІыхухъум апхуэдэ гуэр ищІамэ, абы и япэ нэчыхьыр къутэжауэ къэплъытэ хъунущ, сыту жыпІэмэ абы и япэ фызыр иригъэкІыжри, нэгъуэщІ къишэжащ. Иджы нэчыхьу убж хъунур етІуанэ нэчыхьыращ. Абы теухуауэ 2006-нэ гъэм, фокІадэм и 15-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 30-нэ напэкІуэцІым итыр мыращ: «Иджы абы нэчыхьыщІэ иухуащи, ар икъутэжу, япэ нэчыхьым, дауикІ, игъэзэж хъунукъым. Абы зинэ зэрищІам икІи и фызыр иригъэкІыжу нэгъуэщІ къызэришэжам япэ нэчыхьыр икъутэжащ».

Зэрытлъагъущи, мы упщІэр къызэрыдгурыІуэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьащ. Ауэ дэ, япэм хуэдэу, иджыпстуи нэчыхьыр лъапІэу икІи зинэ щІэныр гуэныхьышхуэу долъытэ. Библием ит унафэм къуэшыр ебакъуэу, и фызыр иригъэкІыжу нэгъуэщІ къишэжамэ, абы зинэ ищІауэ къокІ. Апхуэдэ къуэшым и Іуэхур правовой комитетым зэхигъэкІынущ. (Къуэшым къишэжа фызыр Иеговэ и Щыхьэтмэ, абы и Іуэхури правовой комитетым зэхигъэкІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыи зинэ ищІауэ мэхъу.) Къуэшым щІэуэ иухуа нэчыхьыр нэчыхьу убж хъунуми, зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн абы илъэс куэдкІэ къратынукъым. Нэхъ мащІэ дыдэу зэхуэсым щыфІэкІуэда пщІэр абы зригъэгъуэтыжыху икІи илэжьа Іуэхугъуэ гущыкІыгъуэр къуэш, шыпхъухэм ящыгъупщэжыху, пщІэ зыпылъ къалэн абы зэхуэсым къыщыхуагъэфэщэнукъым. Апхуэдэ къуэшым къалэн гуэр иратын ипэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр егупсысын хуейщ: и фызыр иригъэкІыжыну мурад бзаджэ абы иІа? Зи ныбжь нэмыса и бынхэр абы хыфІидза? ХыфІидзамэ, абыхэм я Іуэхур иджыпсту зыІутыр сыт? (Мал. 2:14—16).

Библием ит унафэм ебакъуэу, зи нэчыхь зыкъутэжу нэгъуэщІ нэчыхь зыухуэжым и щхьэми адрейхэми гуауэшхуэ къахуехь. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым Иеговэ и еплъыкІэкІэ нэчыхьыр зэрылъапІэр (Эккл. 5:4, 5; Евр. 13:4).

a Мы статьям зинэ зыщІар лІырауэ жытІэнщ, ауэ зинэ зыщІар фызырауи щытыфынущ. Ар къегъэлъагъуэ Марк 10:11, 12 ит Хьисэ и псалъэхэм.

b Мы упщІэр къызэрыдгурыІуэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьауэ аращ. Япэм мы Іуэхум мыпхуэдэут дызэреплъыр: щІэуэ фыз къэзышэжа къуэшым и нэчыхьыр зинэуэ къэлъытэн хуейщ, абы и япэ фызыр псэухукІэ, ар нэгъуэщІ лІы дэмыкІуа щІыкІэ е зинэ имыщІа щІыкІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын