ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp21 № 1 н. 10—13
  • Сыт хуэдэ тхьэлъэІухэра Алыхьым жэуап зритыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Сыт хуэдэ тхьэлъэІухэра Алыхьым жэуап зритыр?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЬИСЭ МЭССИХЬ И ЦІЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭГЪАЗЭ
  • УИ ГУМ КЪЫБГЪЭДЭКІЫУ ПСАЛЪЭ
  • УИ ТХЬЭЛЪЭІУР АЛЫХЬЫМ И МУРАДЫМ ТЕХУЭУ ЩЫТЫН ХУЕЙЩ
  • ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ СЫТ ХЭДГЪЭХЬЭ ХЪУНУР?
  • ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЫХЭГЪЭЛЪ ИКІИ АДЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭГЪАЗЭ
  • ТхьэлъэІум и фІыгъэкІэ Алыхьым гъунэгъу ухуэхъуфынущ
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Дапхуэдэу Алыхьым дызэрелъэІун хуейр?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • ТхьэлъэІукІэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэщІын
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъэзэну фиІэ Іэмалыр лъапІэу флъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
wp21 № 1 н. 10—13

Сыт хуэдэ тхьэлъэІухэра Алыхьым жэуап зритыр?

Алыхь Иеговэщ «тхьэлъэІухэм едаІуэр» (Псалом 65:2). Дэнэ дыщымыІами, сыт хуэдэ зэманми, макъкІи, дигукІи Алыхьым депсалъэ хъунущ. Иеговэ хуейщ дэ абы АдэкІэ деджэну, икІи ар пэж дыдэу адэу щыІэм я нэхъыфІщ (Маттэ 6:9). БиблиемкІэ Иеговэ къыдгурегъаІуэ жэуап къыдитын щхьэкІэ дызэрелъэІун хуей щІыкІэр.

ХЬИСЭ МЭССИХЬ И ЦІЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭГЪАЗЭ

«Адэ лъапІэм сэ си цІэкІэ сыт ищІыскІэ фелъэІуми, ар къыфхуищІэнущ» (Иуан 16:23).

Хьисэ и псалъэхэм къыдгурагъаІуэ: Иеговэ хуейщ абы фІэкІа нэгъуэщІым зыми тхьэлъэІукІэ зыхуэдмыгъэзэну. Тхьэнапэхэм, цІыхухэм, мелыІычхэм е лІахэм уелъэІуныр къезэгъкъым. Алыхьым дыщелъэІукІэ Хьисэ Мэссихь и цІэкІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ. АбыкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьыр ди тхьэлъэІухэм едэІуэн папщІэ Хьисэ Мэссихь мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн зэригъэзэщІар къызэрыдгурыІуэр. Езы Хьисэ жиІащ: «Си гъуэгу иримыкІуэмэ, Адэ лъапІэм деж зы цІыхуи кІуэн лъэкІынукъым» (Иуан 14:6).

УИ ГУМ КЪЫБГЪЭДЭКІЫУ ПСАЛЪЭ

«Абы и пащхьэ фи гум илъ псори къыщыфІуатэ» (Псалом 62:8).

ТхьэлъэІур быныр лъагъуныгъэ зыхэлъ адэм зэрепсалъэм ещхьу щытын хуейщ. ТхьэлъэІур гукІэ зэбгъащІэ е абы тхылъым иту укъеджэ хъунукъым. Уи гум илъыр Иеговэ хуэпІуэтэн хуейуэ аращ икІи уи псалъэхэм Алыхьым пщІэ зэрыхуэпщІыр къыхэщын хуейщ.

УИ ТХЬЭЛЪЭІУР АЛЫХЬЫМ И МУРАДЫМ ТЕХУЭУ ЩЫТЫН ХУЕЙЩ

«Тхьэр зэрыхуейм тету Іуэхугъуэ гуэркІэ делъэІумэ, дызэрызэхихынур дощІэ» (1 Иуан 5:14).

Библием дэ къыщыдощІэ Алыхь Иеговэ дэ къытхуищІэну фІыгъуэхэмрэ абы къытхуигъэувымрэ теухуауэ. Иеговэ дызэхихын щхьэкІэ ди тхьэлъэІухэр абы и мурадым техуэу щытын хуейщ. Алыхьымрэ абы и мурадымрэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн щхьэкІэ Библиер куууэ дджын хуейщ. Абы щыгъуэ ди тхьэлъэІухэм Алыхьыр щыгуфІыкІынущ.

ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ СЫТ ХЭДГЪЭХЬЭ ХЪУНУР?

Шхэн ипэ унагъуэм Алыхьым зыхуегъазэ.

Узыхуэныкъуэм теухуауэ елъэІу. Тшхыным, щыттІэгъэным икІи дыщыпсэун унэм теухуауэ Алыхьым делъэІу хъунущ. Унафэ пэж тщІын щхьэкІэ Іущагърэ икІи гъэунэхуапІэхэм дызэрыпэлъэщын къарурэ Алыхьым къыдитыну делъэІуныр тэмэмщ. Абы нэмыщІ Алыхьым фІэщхъуныгъэ къыдитыну, ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну икІи къыддэІэпыкъуну делъэІу хъунущ (Лука 11:3, 4, 13; Екъуб 1:5, 17).

ЦІыхухъум сымаджэщым щІэлъ и щхьэгъусэм и гъусэу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ.

НэгъуэщІхэм хуелъэІу. Адэ-анэфІым ягу ирохь я сабийхэр щызэкъуэтым деж. Абы ещхьу, Иеговэ игу ирохь дэ, абы и сабийхэр, зыр зым гуапэу дыщыхущытым деж. Аращи, ди щхьэгъусэм, ди благъэхэм, ди сабийхэм икІи ди ныбжьэгъухэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІу хъунущ. «Зыр адрейм папщІэ Тхьэм фелъэІу»,— жеІэ Библием (Екъуб 5:16).

Дыгъэм и къухьэжыгъуэм ирихьэлІэу цІыхухъур губгъуэм иту макІуэ.

Алыхьым фІыщІэ хуэщІ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым уафэм къикІыу уэшх къытхуригъэшхыу, игъуэм гъавэр къытхуигъэкІыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфІэу, фІыгъуэшхуэхэр къытхуищІэу щытщ (Апостолхэм 14:17). А псом гу щылъыттэм деж, Алыхьым фІыщІэ хуэтщІыну гукъыдэж диІэу дохъу. Алыхьым и хабзэхэм дызэрытетымкІи абы фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ (Колоссэ 3:15).

ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЫХЭГЪЭЛЪ ИКІИ АДЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭГЪАЗЭ

Гум къыбгъэдэкІыу жыпІа тхьэлъэІухэм я жэуапыр занщІэу къыпІэрымыхьэмэ, умыгузавэ. Алыхьым уи тхьэлъэІухэм гулъытэ хуимыщІу къигъанэрэ? ДауикІ, къигъанэкъым! КъыкІэлъыкІуэ щапхъэхэм дагъэлъэгъунущ иныкъуэм деж ди Іэр едмыхьэхыу тхьэлъэІухэр жытІэн зэрыхуейр.

ИпэкІэ зи гугъу тщІа Стив Библиер джын щІидза нэужь къищІащ зэпымыууэ Алыхьым лъэІукІэ зихуигъэзэн зэрыхуейр. Абы жеІэж: «ТхьэлъэІухэр мыхъуатэмэ, куэд щІат си Іэр зэресхьэхрэ икІи гузэрыдзэ зэрысщІрэ. Сэ Алыхьым фІыщІэ хузощІ си ныбжьэгъухэр къызэрыздэІэпыкъум щхьэкІэ. Иджыпсту хуэдэу насыпыфІэу сэ зэи сыщытакъым».

Иджы Дженни жиІэм деплъынщ. Абы къимылэжьу къыщыхъут и тхьэлъэІухэм Алыхьыр къедэІуэну. Дженни жеІэж: «Си Іуэхур щыІей дыдэм деж Алыхьым зыхуэзгъазэти селъэІут къызгуригъэІуэну апхуэдизу мыхьэнэншэу зыщІэзбжыжым и щхьэусыгъуэр». Дженни и тхьэлъэІухэм зыгуэр къыпэкІуа? Абы жеІэж: «ТхьэлъэІухэр сэ къыздэІэпыкъуащ Алыхьым и нэкІэ сызэплъыжыну. Си гум сигъэкъуаншэмэ, абы къикІкъым Алыхьми сигъэкъуаншэу. Ар сэ къызгурыІуащ. ТхьэлъэІухэр къыздэІэпыкъуащ сэ си Іэр езмыхьэхыу адэкІи гупсысэ Іейхэм себэныну». Дженни дауэ ар къызэрыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «ТхьэлъэІухэм я фІыгъэкІэ сэ къызгурыІуащ Иеговэ Алыхь пэжу зэрыщытыр, абы фІыуэ сыкъызэрилъагъур икІи ар къызэрысхуэсакъыр. Иеговэ — си Адэщ икІи си Ныбжьэгъущ. Сэ абы и жыІэм сыщІэт къудеймэ, ар хьэзырщ занщІэу къыздэІэпыкъуну».

Изабель и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ и гъусэу.

Жерард зэрыныкъуэдыкъуэм емылъытауэ, зэрынасыпыфІэр икІи гъащІэм зэрыщыгуфІыкІыр щилъагъум деж, Изабель жеІэ: «Алыхьым си тхьэлъэІум жэуапыфІ къритащ»

Изабель и гъащІэм къыщыхъуам деплъынщ. Ар лъэщыджэ щыхъуам, дохутырхэм къыжраІащ сабийр дагъуэ иІэу дунейм къызэрытехьэнур. Изабель ар щызэхихам и лъэр щІэхуащ. Языныкъуэхэм абы и сабийр иригъэкъутэжмэ нэхъыфІу жаІэт. Изабель жеІэж: «Апхуэдизыр си гум хуэмышэчыну къысщыхъут». Сыт абы ищІар? «Сэ дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ Алыхьым селъэІут, селъэІут икІи си тхьэлъэІухэр зэпыутэкъым»,— игу къегъэкІыж абы. Изабель къилъхуа щІалэ цІыкІум Жерард фІащащ. Сабийр ныкъуэдыкъуэу къыщІэкІащ. Изабель и тхьэлъэІухэм Алыхьым жэуап къритауэ ибжрэ? Ебж! Абы жеІэ: «Иджыпсту си къуэр илъэс 14 мэхъу. Ар зэрыныкъуэдыкъуэм емылъытауэ, гъащІэм гуфІэгъуэ хихыу мэпсэу — ар си тхьэлъэІухэм я жэуапщ. Иеговэ къысхуищІа тыгъэхэм щыщу ар нэхъ лъапІэ дыдэщ».

Апхуэдэ хъыбархэм Псаломыр зытхам и псалъэхэр дигу къагъэкІыж: «Уэ Иеговэ, Іэдэбхэм я гухэлъхэр уэ зэхэпхынущ, абыхэм я гур бгъэхьэзырынущ, уэ гу лъыптэнущ икІи зэхэпхынущ» (Псалом 10:17). Зэпымыууэ адэкІи Алыхьым делъэІуну щхьэусыгъуэ куэд диІэщ!

Библием Хьисэ Мэссихь и тхьэлъэІу куэд итщ. Абы и зы тхьэлъэІур дуней псом щацІыху. Сыт а тхьэлъэІум дызыхуригъасэр?

ТхьэлъэІум теухуауэ Хьисэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ

ЦІыху гупышхуэр Хьисэ и псалъэхэм набдзэгубдзаплъэу йодаІуэ.

Хьисэ Іуащхьэм тету жиІа псалъэр дуней псом щацІыху, икІи тхьэлъэІум теухуауэ абы хэт псалъэхэр дэ щапхъэ тхуохъу (Маттэ 6:9—13; абы нэмыщІ еплъ Лука 11:2—4). Хьисэ а псалъэхэр зэрыжиІэрэ илъэс куэд дэкІами, цІыху куэдым а тхьэлъэІур зэрагъэщІауэ гукІэ жаІэ. Ауэ арат Хьисэ зыхуейр? Хьэуэ, аратэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а псалъэ дыдэм хэту Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІат Алыхьым щелъэІукІэ къытрагъэзэжурэ зы псалъэхэр жамыІэну (Маттэ 6:7). Алыхьым зэрелъэІун хуей щІыкІэмрэ тхьэлъэІум хэбгъэхьэ хъунымрэ теухуауэ Хьисэ щапхъэ къытхуигъэнауэ аращ. А тхьэлъэІум сытым дыхуригъасэми къэтщІэнщ.

«Уэ ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ!»

  • ТхьэлъэІукІэ зызыхуэдгъэзэн хуейр Алыхь закъуэращ.

«Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ»

  • Зыщумыгъэгъупщэ: Алыхь Иеговэ и цІэр лъапІэщ икІи абы пщІэшхуэ хуэфащэщ.

«Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ»

  • Алыхьым и Тепщэныгъэшхуэр, е нэгъуэщІу жыпІэмэ и Пащтыхьыгъуэр, — ар уафэм щыІэ правительствэщ. Абы и Пащтыхьыр Хьисэщ икІи ар куэд мыщІэу щІылъэ псом и тепщэу щытынущ.

«Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щрехъу»

  • Алыхьыр хуейщ цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу мамырыгъэ здэщыІэ жэнэтыщІым щыпсэуну.

«ЩІакхъуэу дызыхуэныкъуэр нобэ къыдэт»

  • Дэ дызыхуэныкъуэ псор Иеговэщ къыдэзытыр.

«Мыхъуну тщІар къытхуэгъэгъу»

  • Дэ псори щІэх-щІэхыурэ дыщоуэ, икІи Алыхьым къытхуигъэгъуну дыхуэныкъуэщ.

Мы гупсысэ нэхъыщхьэхэр ди гум идгъэлъмэ, ди тхьэлъэІухэр нэхъыфІ тхуэщІынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын