ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Июнь н. 30—31
  • Бжьамийм и макъыр щызэхэфхкІэ сыт фэ фщІэр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Бжьамийм и макъыр щызэхэфхкІэ сыт фэ фщІэр?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • ОРГАНИЗАЦЭМ ЗЭІУЩІЭШХУЭХЭР ЩРИГЪЭКІУЭКІЫНУМ ДЕЖ
  • ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР ЩРАГЪАДЖЭМ ДЕЖ
  • ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ ГУЭРХЭР ЗЭХУЭСЫМ КЪЫЩЫХЫХЬЭМ ДЕЖ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Июнь н. 30—31
Два израильских священника трубят в длинные трубы.

Бжьамийм и макъыр щызэхэфхкІэ сыт фэ фщІэр?

ДЭ ПСОМИ дощІэ мы «иужьрей махуэхэм» Иеговэ и лъэпкъыр зэриунэтІыр икІи езымрэ и лъэпкъымрэ я зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ дэлъын щхьэкІэ зэрыдэІэпыкъур (2 Тим. 3:1). Ауэ дэтхэнэ зыри Иеговэ дедэІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ нобэ ди Іуэхур губгъуэ нэщІым ита израил лъэпкъым и Іуэхур зыІутам ебгъэщхь хъунущ. Бжьамийм и макъыр зэхаха иужь ахэр зэхуэсын хуейт.

Иеговэ Мусэ унафэ хуищІащ дыжьыным бжьамиитІ къыхищІыкІыну икІи жриІащ: «Ахэр къэбгъэсэбэпынущ лъэпкъыр щызыхуэпшэсым деж икІи лъэпкъыр Іэпхъуэн щыхуейм деж» (Чис. 10:2). Дин пашэхэр бжьамийм зэрепщэ щІыкІэмкІэ лъэпкъым ищІэн хуейм теухуауэ хъыбар ирагъащІэт (Чис. 10:3—8). Ноби Алыхьым и лъэпкъым унафэ зэмылІэужьыгъуэхэр къыІэрохьэ, псалъэм папщІэ организацэм зэІущІэшхуэхэр щригъэкІуэкІынум деж, зэхуэсым и нэхъыжьхэр щрагъаджэм икІи зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр зэхуэсым къыщыхыхьэм деж. А Іуэхугъуищыр япэм Израилым къыщекІуэкІыу щыта хабзэхэм едгъэпщэнщ.

ОРГАНИЗАЦЭМ ЗЭІУЩІЭШХУЭХЭР ЩРИГЪЭКІУЭКІЫНУМ ДЕЖ

Иеговэ «лъэпкъыр псори» и шэтыр лъапІэм къекІуэлІэну щыхуейм деж, дин пашэхэр бжьамиитІми епщэт. Абы иужь цІыхухэр шэтырым къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ иІэ щІыхьэпІэм деж щызэхуэсын хуейт (Чис. 10:3). А макъыр лъэпкъ 12-м псоми зэхахт. Ахэр плІыуэ гуэшат икІи шэтыр лъапІэм ихъуреягъыу щысхэт. Шэтыр щІыхьэпІэм нэхъ и гъунэгъуу щысхэр дакъикъэ зыбжанэкІэ зэхуэсыпІэм къэсыфынут. Ауэ шэтыр щІыхьэпІэм нэхъ пэжыжьэу щысхэр абы екІуэлІэн щхьэкІэ зэмани къаруи нэхъыбэу трагъэкІуэдэн хуейт. Дапхуэдэу щымытми, Иеговэ хуейт израил цІыхухэр псори зэхуэсу, абы и унафэхэм едэІуэну.

Дэ нобэ шэтыр лъапІэм деж дыщызэхуэскъым, ауэ Алыхьым и лъэпкъыр щызэхуэс зэІущІэхэм дэри дыкърагъэблагъэ. Апхуэдэ зэІущІэхэм хохьэ региональнэ конгрессхэр, нэгъуэщІ мыхьэнэшхуэ зиІэ зэІущІэхэр икІи абыхэм дэ мыхьэнэшхуэ зиІэ информациерэ унафэрэ щызэхыдох. Сыт хуэдэ къэралми а зэІущІэхэм щекІуэкІ программэр зыщ. А зэІущІэхэм кърагъэблэгъауэ къэкІуахэр хуабжьу мэгуфІэ насыпыфІэу щыт лъэпкъым хэтыну Іэмал зэраІэм щхьэкІэ. Апхуэдэ зэІущІэхэм кІуэн щхьэкІэ языныкъуэхэм адрейхэм нэхърэ зэман нэхъыбэ трагъэкІуэдэн хуей мэхъу. Дапхуэдэу щымытми, а зэІущІэхэм кърагъэблэгъауэ кІуэхэм къагуроІуэ абы къару тебгъэкІуэдэну зэрыхуэфащэр.

Ауэ зэІущІэшхуэхэр щекІуэкІ щІыпІэм пэжыжьэу щыІэ гуп цІыкІухэр-щэ? Технологие къежьахэм я фІыгъэкІэ куэдыр апхуэдэ зэІущІэхэм я программэхэм еплъыфынущ икІи езыхэр а зэІущІэхэм щыІэм хуэдэу зыхащІэфынущ. Псалъэм папщІэ, дунейпсо Іуэху зехьэпІэм и лІыкІуэ Бени́н къэралым къыщыкІуам щыгъуэ, абы щыІэ филиалым видеотрансляцие зригъэпэщащ. А видеотрансляцием Сахарэ пшахъуэщІым, Ни́гер къэралым шахтерхэр здэщыІэ Арли́ къалэм щыІэхэр ирагъэплъащ. А трансляцием цІыху 21 еплъащ, абыхэм ящыщу 5-р ди къуэш, ди шыпхъут, 16-р Библием итыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуахэрат. Ахэр зэрызэпэжыжьэм емылъытауэ цІыху 44 131 здэщыІэ зэІущІэшхуэм езыхэр хэтым хуэдэу абыхэм зыхащІащ. Ди зы къуэшым мыпхуэдэу итхащ: «Ди гум къыбгъэдэкІыу мы трансляцием щхьэкІэ фІыщІэшхуэ фхудощІ! Дэ иджыри зэ зыхэтщІащ фэ фІыщэу дыкъызэрыфлъагъур».

ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР ЩРАГЪАДЖЭМ ДЕЖ

Зы бжьамийм и макъыр къэІуа иужь шэтырым къекІуэлІэн хуейхэр минхэм я тету щыт «нэхъыщхьэхэрат» (Чис. 10:4). Мусэ ахэр иригъаджэт икІи унафэщІэхэр яритт, абы и фІыгъэкІэ абыхэм я къалэныр ягъэзэщІэфт. А нэхъыщхьэхэм фахэтамэ, фхузэфІэкІыр фщІэнутэкъэ а зэІущІэм фыкІуэу, Мусэ жиІэм федэІуэн щхьэкІэ?

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм «нэхъыщхьэкІэ» еджэкъым — ахэр Алыхьым и хъушэм и тепщэу щыткъым (1 Пет. 5:1—3). Ауэ абыхэм яхузэфІэкІ къагъанэкъым Иеговэ и мэл цІыкІухэр зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ. Абы къыхэкІкІэ щІэныгъэ нэхъыбэ зрагъэгъуэтын щхьэкІэ школ гуэрым щрагъэджэну ахэр къыщрагъэблагъэм деж, яфІэфІу макІуэ, псалъэм папщІэ «Школа священного служения» жыхуиІэм. Апхуэдэ школхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыщрагъасэ зэхуэсым щаІэ къалэнхэр нэхъыфІу ягъэзащІэу. Абы и фІыгъэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэри зэхуэсым хэтхэри Иеговэ нэхъ пэгъунэгъу хуохъу. Аращи, апхуэдэ школым фэ фыщемыджами, абы и сэбэпынагъ къывэкІыфынущ.

ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ ГУЭРХЭР ЗЭХУЭСЫМ КЪЫЩЫХЫХЬЭМ ДЕЖ

Иныкъуэхэм деж дин пашэхэм бжьамийм зэпагъэуурэ епщэт. Апхуэдэ макъым къигъэлъагъуэт лъэпкъыр гъуэгу теувэну Иеговэ унафэ зэрищІар (Чис. 10:5, 6). Лъэпкъыр зэкъуэту икІи зэгурыІуэу Іэпхъуэт икІи апхуэдэу щытын щхьэкІэ дэтхэнэ зы израил цІыхуми къару ирихьэлІэм мыхьэнэшхуэ иІэт. Ауэ ар псоми я дежкІэ тыншу къыщІэкІынтэкъым. Сыт щхьэкІэ?

Языныкъуэхэм апхуэдэ макъыр куэдыІуэрэ къэІуу къалъытэнкІэ хъунут икІи езыхэр абы хуэмыхьэзыру ябжынкІэ хъунут. Библием зэритымкІэ, шэтыр лъапІэм пшэ къыщыщхьэщыхьэм деж, израил лъэпкъыр гъуэгу теувэн хуейт. Дапхуэдизрэт ар къызэрыхъур? «Иныкъуэхэм деж пщыхьэщхьэм щыщІэдзауэ пщэдджыжь хъуху пшэр абы щхьэщытт», ауэ иныкъуэхэм деж — «махуитІ, мазэ е махуэ нэхъыбэкІэ» (Чис. 9:21, 22). НтІэ, израил лъэпкъым и увыпІэр дапхуэдизрэ ихъуэжа? Числа тхылъым и 33-нэ псалъащхьэр зытепсэлъыхь зэманым къриубыдэу абыхэм я увыпІэр 40 хуэдизрэ яхъуэжащ.

«Егъэлеяуэ ин икІи узыгъэшынэ губгъуэ нэщІым» израил цІыхухэм щыщу зыгуэрым жьауапІэ гуэр къигъуэту, абдеж и шэтыр щигъэувауэ щытмэ, дауикІ, ар абы щыгуфІыкІыу къыщІэкІынт (Втор. 1:19). Абы къыхэкІкІэ лъэпкъыр Іэпхъуэн хуей щыхъум деж, цІыхухэр егупсысынкІэ хъунут здэкІуэ щІыпІэр нэхъ Іейуэ щытыну.

Лъэпкъыр гъуэгу щытеувэм деж, зыгуэрым къегугъуэкІынкІэ хъунут и чэзур къэсыху ежьэну. Бжьамийм зэпагъэуурэ зэрепщэр псоми зэхахт, ауэ псори зэуэ къежьэфынутэкъым. Япэу бжьамийм и макъыр къыщыІум деж къуэкІыпІэмкІэ щыІэ лъэпкъхэр къежьэн хуейт: Иудэ, Иссашхар, Зэбулун сымэ (Чис. 2:3—7; 10:5, 6). Ахэр ІукІа иужь дин пашэхэр бжьамийм зэпагъэуурэ етІуанэу епщэт, ипщэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ къыкІэлъыкІуэ лъэпкъищыр гъуэгу теувэн щхьэкІэ. ИкІи лъэпкъ пщыкІутІыр ежьэху апхуэдэу ящІэт.

Зэхуэсым къыхыхьэ языныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэм арэзы фытехъуэну къывэгугъуэкІынкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ? Фэ апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр куэдыІуэ хъууэ фегупсысынкІэ хъунущ. Е псори тэмэму икІи зэхъуэкІыныгъэ щІын хуэмейуэ фигугъэнкІэ хъунущ. Дапхуэдэу щымытми, зэхъуэкІыныгъэ пщІыну сыт щыгъуи тыншкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щІэ гуэрым уесэн щхьэкІэ зэман дэкІын хуейщ. Ауэ зэхъуэкІыныгъэхэм десэн щхьэкІэ къару етхьэлІэу щытмэ, дэ къэтлъэгъунущ абыхэм ди сэбэпынагъ зэрыхэлъыр икІи Иеговэ арэзы къызэрытхуэхъур.

Мусэ и зэманым мелуан бжыгъэ хъу цІыхухъухэр, цІыхубзхэр икІи сабийхэр Иеговэ губгъуэ нэщІым къыщришэкІащ. Ар абыхэм ядэмыІэпыкъуу икІи унафэхэр яримыту щытамэ, ахэр къелынутэкъым. Дэри Иеговэ нобэ къыддоІэпыкъу ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну икІи абырэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну. Аращи, сыт щыгъуи Иеговэ жиІэм девгъэдаІуэ икІи бжьамийм и макъыр зэхаха иужь жыІэдаІуэныгъэ зыгъэлъагъуэу щыта израил цІыхухэм щапхъэ тедвгъэх!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын