ДИ ГЪАЩІЭР
Гъуэгу пэжым быдэу тетын щхьэкІэ фи сабийхэм фадэІэпыкъу
Адэ-анэхэр хуейщ я бынхэм Иеговэ зэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэрэ насыпрэ къахуихьу псэуну. Абы щхьэкІэ адэ-анэхэм сабийхэр щагъасэкІэ Библием ит принципхэр къагъэсэбэпын хуейщ (Пр 22:6, Гъэсэпэтхыдэхэр).
Фи сабийхэр хуиту я гурыщІэхэмкІэ къывдэгуэшэфын щхьэкІэ къару ефхьэлІэ (Екъуб 1:19).
ЩапхъэфІ евгъэлъагъу (Вт 6:6).
Иеговэ гъунэгъу фыхуэзыщІ Іуэхухэм зэпымыууэ фыхэт (Еф 6:4).
«СТРОЙТЕ ДОМ, КОТОРЫЙ УСТОИТ. НАСТАВЛЯЙТЕ ДЕТЕЙ „НА ПРАВИЛЬНЫЙ ПУТЬ“» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Адэ-анэхэм Іущагъ дауэ зэрагъэлъэгъуэфынур?
Екъуб 1:19 ит принципыр адэ-анэхэм дапхуэдэу къызэрагъэсэбэпыфынур?
Гугъуехь гуэр къыкъуэкІмэ, адэ-анэхэм сыт ящІэ хъунур?