ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb22 Сентябрь н. 5
  • Зэщхьэгъусэхэр игъащІэ псокІэ зэдэпсэун хуейщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зэщхьэгъусэхэр игъащІэ псокІэ зэдэпсэун хуейщ
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2022
  • Мыбы ещхь материал
  • Щхьэгъусэ уиІэнымрэ уимыІэнымрэ теухуауэ Библием итыр сыт?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Нэчыхьыр — Алыхьым и тыгъэщ
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Уи нэчыхьыр хъумэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
Нэхъыбэ еплъын
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2022
mwb22 Сентябрь н. 5

ДИ ГЪАЩІЭР

Зэщхьэгъусэхэр игъащІэ псокІэ зэдэпсэун хуейщ

Унагъуэ быдэхэм Иеговэ щІыхь къыхуахь икІи езы зэщхьэгъусэхэми гуфІэгъуэ къахуехь (Мк 10:9). Уи унагъуэр игъащІэ псокІэ насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, щхьэгъусэ къыщыхэпхкІэ Библием ит принципхэм утетын хуейщ.

Зыгуэрым уригъусэну псом хуэмыдэу уи Іэпкълъэпкъыр нэхъ къыщоныкъуэкъу зэманыр блэмыкІауэ зыми ухуэмызэмэ нэхъыфІщ. А зэманыр блэкІыху уежьэмэ, ущымыуэу, унафэ тэмэм нэхъ къыпхуэщтэнущ (1Кр 7:36). Уэ унагъуэ зэбгъэгъуэтын ипэ Алыхьымрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ зэрыпщІыным икІи уи хьэл-щэнхэм узэрелэжьыным хущІэкъу. Абы щыгъуэ уэ зэбгъэгъуэта хьэл-щэн дахэхэм фи унагъуэр насыпыфІэ ищІынущ.

Унагъуэ бухуэн ипэ зэман къыдэбгъэкІын хуейщ цІыхум и гум илъыр къэпщІэн щхьэкІэ (1Пт 3:4). Узэпсалъэ цІыхум уигу иримыхьын гуэр дэплъэгъуауэ, зыгуэркІэ гурыщхъуэ пщІымэ, зыхуэгъази абы епсалъэ. ЦІыхухэм я зэхуаку дэлъ сыт хуэдэ зэхущытыкІэм хуэдэуи, нэчыхь ущиІэм деж уи щхьэр япэ йомыгъэщу, уи щхьэгъусэр зыхуейр япэ зэрибгъэщыным уи акъылыр тебухуэн хуейщ (Фп 2:3, 4). Щхьэгъусэ зомыгъэгъуэт щІыкІэ Библием ит принципхэм утету зебгъасэмэ, унагъуэ бухуа нэужьи Библием ит принципхэм утетыну нэхъ тынш хъунущ, уи унагъуэри насыпыфІэ хъунущ.

«ПОДГОТОВКА К БРАКУ. ЧАСТЬ 3: „ПОДСЧИТАЙ ЗАТРАТЫ“» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Ди шыпхъумрэ Шейнрэ я зэхущытыкІэм дапхуэдэу зиужьрэт?

  • ЩІалэр нэхъыфІу къыщицІыхуам ди шыпхъур сытым игъэгузавэу хъуа?

  • Ди шыпхъум и адэ-анэр дауэ къыдэІэпыкъуа икІи абы сыт хуэдэ унафэ къищтар?

ЩІалэр зэгупсысын хуей упщІэхэр:

Иеговэ ифІэфІ сыт хуэдэ хьэл-щэн а шыпхъум хэлъыр? Абы Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр и гъащІэм псом япэ иригъэщрэ? Сыт ар къызыхэщыр? Библием ит принципхэмрэ ди организацэм къыдит унафэхэмрэ ар едаІуэрэ? Абы гукъэкІ, гулъытэ хэлъ икІи нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъурэ?

Хъыджэбзыр зэгупсысын хуей упщІэхэр:

Иеговэ ифІэфІ сыт хуэдэ хьэл-щэн а дэлъхум хэлъыр? Унафэ къищтэхэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ къыхэщрэ Иеговэ зэрыхуэлажьэр икІи зэхуэсым щигъэзащІэ къалэнхэр лэжьыгъэм, ахъшэм, спортым, зыгъэпсэхуным нэхърэ нэхъапэу къызэрилъытэр? И унагъуэм щыщхэм ар дапхуэдэу зэрыхущытыр? Абы гукъэкІ, гулъытэ хэлъ икІи нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъурэ?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын