ДИ ГЪАЩІЭР
Уи нэчыхьыр хъумэ
Иеговэ нэчыхьыр лъапІэу елъытэ икІи ар хуейщ зэщхьэгъусэхэр игъащІэ псокІэ зэдэпсэуну (Мт 19:5, 6). Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэхуэсхэм щапхъэ зытепх хъун унагъуэ насыпыфІэ куэд хэтщ. Ауэ гугъуехь гуэр зэрымылъ унагъуэ щыІэкъым. Мы дунейм щыщ цІыхухэм я гугъэщ унагъуэм гугъуехь гуэр къыщихьэм деж, зэщхьэгъусэхэр щхьэхуэу псэумэ е я нэчыхьыр якъутэжмэ ар хэкІыпІэу, ауэ дэ апхуэдэ еплъыкІэ диІэн хуейкъым. Иеговэ и Щыхьэтхэм дапхуэдэу я нэчыхьыр зэрахъумэжыфынур?
Мыхьэнэшхуэ зиІэ чэнджэщитху зэпкърытхынщ.
Уи гур хъумэ. Абы щхьэкІэ нэчыхьым зэран хуэхъуну дэтхэнэ Іуэхугъуэми пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым зыкъыпегъэхыным икІи зинэ щІэным пыщІа нэгу зегъэужьыкІэхэм (Мт 5:28; 2Пт 2:14).
Алыхьымрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ щІы икІи уи нэчыхьым ар игъэгуфІэн щхьэкІэ пхузэфІэкІыу хъуар щІэ (Пс 97:10).
Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр адэкІи зыхэлъхьэ. Уи щхьэгъусэм щабэу хущыт икІи абы и гуапэ пщІын щхьэкІэ пхузэфІэкІыу хъуар щІэ (Кл 3:8—10, 12—14).
Уи щхьэгъусэм пщІэ хэлъу епсалъэ икІи сэбэпынагъ зыхэлъым узэрытепсэлъыхьыным иужь ит (Кл 4:6).
ПІэщхьагъ Іуэхум теухуауэ уи щхьэм фІэкІ уемыгупсысу лъагъуныгъэрэ щабагърэ гъэлъагъуэ (1Кр 7:3, 4; 10:24).
Нэчыхьым пщІэ хуэпщІмэ, унагъуэр зыухуа Иегови пщІэ хубощІ.
«МЫ ДОЛЖНЫ БЕЖАТЬ „СО СТОЙКОСТЬЮ“. СОБЛЮДАЙТЕ ПРАВИЛА» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Зэщхьэгъусэхэр щызэрыша къудейм деж псори тэмэмми иужькІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр къэхъуфыну?
Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэмылъыжу къащыхъумэ, дапхуэдэу Библием ит принципхэр сэбэп къазэрыхуэхъунур?
Библием ит принципхэр къэбгъэсэбэпмэ, уи унагъуэр насыпыфІэ хъунущ
Иеговэ зэщхьэгъусэхэм сыт хуэдэ унафэхэр ярита?
Зэщхьэгъусэхэм сыт ящІэн хуейр я унагъуэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ?