Бадзэуэгъуэм и 25—31
2 САМУИЛА 23, 24
76-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Иеговэ хуэпщІ тыгъэхэм щхьэкІэ уэ зыгуэр зыхуэбгъэныкъуэрэ?» (дакъ. 10)
Тхыгъэм ит налкъутхэр (дакъ. 10)
2См 23:15—17. Даут къыхуахьа псыр ирифын сыт щІимыдар? (w05-U 15/5 19, абз. 6).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Тхылъым къеджэн (дакъ. 4): bhs пс. 10, абз. 6—10 (th 11-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 3). «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэм и иужьрей напэкІуэцІым итыр къэбгъэсэбэпу псалъэмакъым щІэдзэ. Иджыри къытебгъэзэжыну гурыІуи, «Уи гъащІэр Библием дауэ нэхъыфІ зэрищІыфынур?» (1 урокым и цІэр) жыхуиІэ упщІэм и жэуапыр зэрептынур жеІэ (th 9-нэ урокыр).
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 4). Япэу ущепсэлъам «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр къэзыщта цІыхум епсэлъэн. Абы и гъусэу Библие джын щІэдзэ (th 3-нэ урокыр).
Библием егъэджэн (дакъ. 5): lff 5-нэ урокыр, «Къэпщытэж», «Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх», «ПщІэ хъунур» жыхуиІэ рамкэхэр (th 19-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ къыхуэпхь тыгъэхэр уи гумрэ уи псэмрэ къыбгъэдэкІыу щрет (дакъ. 9). «Жертвуйте с готовностью (Пс 54:6)» жыхуиІэ видеор гъэлъагъуэ.
Зыгуэр зыхуэбгъэныкъуэну хьэзыру щыт (дакъ. 6). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Стань другом Иеговы» рубрикэм щыщ «Будь готов идти на жертвы» жыхуиІэ мультфильмыр гъэлъагъуэ. Абы иужь, хъууэ щытмэ, зэман иІэу узыгурыІуа сабиитІ-щым мыпхуэдэ упщІэхэр ет: Колярэ Сонярэ сытым зыхуагъэныкъуа? Хьисэ и щапхъэр Коля дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар? Иеговэрэ адрейхэмрэ щхьэкІэ уэ сытым зыхуэбгъэныкъуэн хуей хъуа?
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): lff 13-нэ урокыр, Приложение 1
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3)
32-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ