АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Иеговэ и деж дэІэпыкъуэгъу къыщылъыхъуэ
Иеговэ къыддэІэпыкъуну дыщелъэІум деж дэ абы дызэхех (2См 22:7).
Иеговэ ди жагъуэгъухэм нэхърэ нэхъ лъэщщ (2См 22:14—18; cl-U 19, абз. 11).
Иеговэ пэжагъ зыхэлъ Алыхьщ, ар сыт щыгъуи къытщхьэщыжыну хьэзырщ (2См 22:26; w10-U 1/6 26, абз. 4—6).
Иеговэ хузэфІэкІынущ ди гугъуехьхэр тщхьэщихыну. Ауэ и нэхъыбэм деж ар и къару лъапІэмкІэ, и ПсалъэмкІэ, ди къуэш, ди шыпхъухэмкІэ ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну къыддэІэпыкъуу аращ (Пс 55:22). Алыхьыр къыддэІэпыкъун щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?