АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Барзиллай и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу зэрыщытар дэ щапхъэ тхуохъу
Пащтыхь Даут Барзиллай пщІэшхуэ хуищІу и деж къригъэблэгъащ (2См 19:32, 33; w07-U 15/7 14, абз. 5).
Барзиллай и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжти, пащтыхь Даут и деж зэрымыкІуэнур пщІэ хэлъу жриІащ (2См 19:34, 35; w07-U 15/7 14, абз. 7).
Уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжыным теухуауэ Барзиллай щапхъэ тех (w07-U 15/7 15, абз. 1, 2).
Ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжыр къыддоІэпыкъу дэ тхузэфІэкІынумрэ тхузэфІэмыкІынумрэ зэхэдгъэкІыну. Иеговэ арэзы тщІын щхьэкІэ а хьэл-щэныр тхэлъын хуейщ (Мх 6:8). Ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьрэ?