Гъатхэпэ мазэм и 14—20
1 САМУИЛА 14, 15
89-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«ЖыІэдаІуэныгъэр къурмэныпхъэхэм нэхърэ нэхъыфІщ» (дакъ. 10)
Тхыгъэм ит налкъутхэр (дакъ. 10)
1См 15:24. Щаул ищІа щыуагъэм гущІэгъум теухуауэ сытым дыхуригъасэрэ? (it-U «Сострадание», подзаг. «Когда сострадание неуместно», абз. 2).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Тхылъым къеджэн (дакъ. 4): bhs пс. 6, абз. 13—16 (th 2-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
ЕтІуанэу епсэлъэн (видео) (дакъ. 5). Зэгъусэу зэпкърыхын. «ЕтІуанэу епсэлъэн. Хьисэ Мэссихь (Мт 20:28)» жыхуиІэ видеор гъэлъагъуэ. Экраным паузэ знакыр къыщытридзэм деж видеор къэгъэувыІи, къодаІуэхэм упщІэхэр ет.
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 4). «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщу абы хуэкІуэ публикацие цІыхум къыхуэгъанэ (th 3-нэ урокыр).
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 4). «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. Библие ебгъэджэн щІэдзэ. «Библиер джын. Дауэ ар зэрекІуэкІыр?» жыхуиІэ видеом гу лъегъати зэпкърых (езы видеор къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (th 11-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ кампаниер гъатхэпэ мазэм и 19, щэбэтым щІидзэнущ (дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын. А зэІущІэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэм итыр кІэщІу зэпкърых. Псалъэ гъэхьэзырамрэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэмрэ зэрекІуэкІыным икІи а зэманым фи щІыпІэм хъыбарыфІыр зэрыщагъэІуну щІыкІэм тепсэлъыхь. А зэІущІэм цІыхухэр къызэредгъэблагъэ хъунур къэзыгъэлъагъуэ видеор гъэлъагъуи зэпкърых.
Иеговэ жиІэм едаІуэ (дакъ. 5). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Стань другом Иеговы» рубрикэм щыщ «Слушайся Иегову» жыхуиІэ мультфильмыр гъэлъагъуэ.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): w20.07 н. 10—13, абз. 10—18
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3)
10-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ