АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Уи щхьэм ущыгугъыжмэ, уунэхъунущ
Пащтыхь Щаул зыпэщІэхуа Іуэхугъуэм хэкІыпІэ имыІэу къыщыхъуащ (1См 13:5—7).
ЖыІэдаІуэныгъэ игъэлъагъуэу Иеговэ и унафэм тетыным ипІэкІэ Щаул нэхъыфІу къызэрилъытэм хуэдэу ищІащ (1См 13:8, 9; w00-U 1/8 13, абз. 17).
Иеговэ Щаул тезыр трилъхьащ (1См 13:13, 14; w07-U 15/6 27, абз. 8).
ЦІыху щхьэзыфІэфІым емыгупсысауэ унафэ къещтэ, езым тэмэму къилъытэр ещІэ, абыкІэ хуитыныгъэ имыІэми. Зи щхьэ щыгугъыж цІыхум Іэдэбагъ, жыІэдаІуэныгъэ хэлъкъым. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм къагъэлъэгъуэнкІэ хъуну уи щхьэ узэрыщыгугъыжыр, щхьэзыфІэфІагъ зэрыпхьэлъыр?