ДИ ГЪАЩІЭР
Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, фи адэ-анэхэм фи гурыщІэхэр яхуэфІуатэ!
НыбжьыщІэхэм я гурыщІэхэр я адэ-анэм щІыхуаІуэтэн хуейр сыт? (Пр 23:26). Абы и щхьэусыгъуэр — ар Иеговэ абыхэм къалэн яхуищІащ уагъэсэну икІи я нэІэ къыптрагъэтыну (Пс 127:3, 4). Гугъуехь узыпэщІэхуэмрэ ущІэгузавэмрэ уи адэ-анэм ящыббзыщІмэ ахэр къыбдэІэпыкъуну гугъу хъунущ. Абы нэмыщІ абыхэм я гъащІэм дерс хахахэмкІэ къыбдэгуэшэфынукъым. Ауэ уэ узэгупсыс псор Іэмал имыІэу жыпІэн хуей? Хьэуэ, уи адэ-анэм зыгуэр ящыббзыщІыну иужь уимытмэ аращ (Пр 3:32, Гъэс.).
Уи гум илъыр уи адэ-анэм дапхуэдэу зэрахуэпІуэтэнур? Уи дежкІи абыхэм я дежкІи зэман хуэкІуэнур къыхэх. Мыхъумэ, абыхэм язым письмо яхуэтхи, уи гурыщІэхэр хуэІуатэ. Ауэ уэ узыхуэмей темэ гуэрым теухуауэ ахэр къопсэлъэну хуеймэ-щэ? Зыщомыгъэгъупщэ: уэ ахэр къыбдэІэпыкъуну хуейуэ аращ. Уи адэ-анэр зэрыплъытэн хуейр уи бийуэкъым, атІэ уи ныбжьэгъуущ. Уи адэ-анэм уи гум илъыр яхуэпІуэтэну ухущІэкъумэ, абы игъащІэ псокІэ уи сэбэп къикІынущ — гъащІэ мыухыж къыпхуихьынущ! (Пр 4:10—12, Гъэс.).
«НЫБЖЬЫЩІЭХЭМ Я ГЪАЩІЭР. УИ АДЭ-АНЭМ ДАУЭ УЕПСАЛЪЭУ ЗЭРЫЗЕБГЪЭСЭНУР?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Эстеррэ Партикрэ сыт къагурыІуар?
Хьисэ и щапхъэр сыткІэ уэ къыбдэІэпыкъуну?
Уи адэ-анэм я нэІэ дапхуэдэу къызэрыптрагъэтыр?
Уэ фІы ухуэзэну уи адэ-анэр хуейщ
Библием ит сыт хуэдэ принципхэр къыбдэІэпыкъуну уи адэ-анэм уи гум илъыр къахузэІупхыну?