АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Сыт и лъэныкъуэкІи Иеговэ едаІуэ
Халев сыт и лъэныкъуэкІи Иеговэ едаІуэт (ИсН 14:7, 8).
Халев и фІэщ хъут Иеговэ кърита къалэн гугъур игъэзэщІэну къызэрыдэІэпыкъунур (ИсН 14:10—12; w04-U 1/12 12, абз. 2).
Халев Иеговэ и нэфІ щыхуащ жиІэм нэгъэсауэ зэредэІуам щхьэкІэ (ИсН 14:13, 14; w06-U 1/10 18, абз. 11).
Халев илъагъут игъэлъагъуэ жыІэдаІуэныгъэм щхьэкІэ Иеговэ и нэфІ къызэрыщыхуэр икІи абы Халев и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІт. Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур икІи ди тхьэлъэІухэм жэуап къызэрыритыр щытлъагъум деж абы адэкІи дыхуэлэжьэну къару къытхелъхьэ (1Ин 5:14, 15).