ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъум къыхэкІкІэ дегъасэ
Гъэсэн жыхуиІэ псалъэм тезыр телъхьэн, еущиен, чэнджэщ етын жиІэу къокІ. Иеговэ дэ дыщІигъасэр фІы и лъэныкъуэкІэ зытхъуэжын икІи и хабзэхэм нэхъыфІу дытетыфын щхьэкІэщ (Рм 12:1; Евр 12:10, 11). Иеговэ дыщигъасэкІэ иныкъуэхэм деж дэ абы ди гур хигъэщІынкІэ хъунущ. Ауэ икІэм-икІэжым дэ абы фІы къытхуихьынущ (Пр 10:7, Гъэсэпэтхыдэхэр). НэгъуэщІым дэІэпыкъумрэ дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэмрэ сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр?
НэгъуэщІым дэІэпыкъур. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм, адэ-анэхэм икІи нэгъуэщІ ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ хуэдэу лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ яхэлъу нэгъуэщІхэр ягъэсэну хущІокъу (Иер 46:28). ЦІыхум тезыр телъхьэн хуейми, абы и Іуэхур зыІутыр зыгурыбгъэІуэн икІи щабэу ухущытын хуейщ (Тит 1:13).
ДэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэр. Сыт хуэдэ тезыр цІыхум трамылъхьэми, ар абы ІэщІыб имыщІу, сэбэпынагъ къызэрыхихынум иужь итын хуейщ (Пр 3:11, 12, Гъэс.). Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ чэнджэщ къыдатыным икІи зыгуэр дигу къагъэкІыжыным дыхуэныкъуэщ. Дэ дызыхуэныкъуэ чэнджэщхэр зэІущІэхэм щызэхэтхыфынущ е Библием дыкъыщеджэфынущ. Іуэхур куууэ щытмэ, правовой комитет жыхуаІэр къыхэІэбэн хуеинкІэ хъунущ. Дэ чэнджэщ къыдатхэм дедаІуэмэ, ди гъащІэр нэхъыфІ хъунущ икІи гъащІэ мыухыж диІэнрэ димыІэнрэ абы елъытащ (Пр 10:17, Гъэс.).
«ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ИЛЪАГЪУХЭМ ТЕЗЫР ТРЕЛЪХЬЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Канон и гъащІэр дапхуэдэу япэщІыкІэ къызэрекІуэкІар, ауэ иужькІэ дапхуэдэу зихъуэжа?
Иеговэ и лъагъуныгъэр а къуэшым дауэ зэрыригъэлъэгъуар икІи ар зэхуэсым къэкІуэжын щхьэкІэ дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
Уи гум гуфІэгъуэ илъу Иеговэ зыдэгъэІэпыкъу
А Іуэхугъуэм сытым дыхуигъасэрэ?