ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ | ГУФІЭГЪУЭ УИ ГУМ ИЛЪУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУ
Библиер къэгъэсэбэп
Алыхьым и Псалъэ Библием къаруушхуэ щІэлъщ! (Евр 4:12). Библием итыр Алыхьыр зымыцІыхухэм я гум нэсыфынущ (1Фс 1:9; 2:13). Дэ хуабжьу догуфІэ Библием ит пэжыр зыфІэгъэщІэгъуэн цІыхухэр къыщыдгъуэтым деж!
«ХЬИСЭ И ГЪЭСЭНХЭР ЗЭРЫДГЪЭХЬЭЗЫРЫМ ГУФІЭГЪУЭ КЪЫТХУЕХЬ. ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ: АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ И КЪАРУР КЪЭВГЪЭСЭБЭП» ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, МЫ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Нитэ дапхуэдэу Джейд къызэрыгуригъэІуар и упщІэм и жэуапыр къэбгъуэтын щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэм зыхуэбгъазэмэ зэрынэхъыфІыр?
Нитэ Джейд сыт щІелъэІуар едзыгъуэм макъкІэ къеджэну икІи а едзыгъуэм и гупсысэ нэхъыщхьэр Нитэ къыщІыхигъэщар сыт?
Библием ит едзыгъуэр Джейд и гум зэрынэсар сыт къызыхэщар? Дауэ уеплърэ, сыт Нитэ зыхищІар?