ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb21 Январь н. 11
  • Иеговэ и лъэныкъуэр убыд

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и лъэныкъуэр убыд
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • Мыбы ещхь материал
  • Псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ!
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Псым зыщІэгъэуэныр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита унафэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Псым зыщІэгъэуэныр зищІысыр сыт икІи сыт абы мыхьэнэ щІиІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Мурад щІы игъащІэ псокІэ Алыхьым ухуэлэжьэну
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
Нэхъыбэ еплъын
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
mwb21 Январь н. 11

Псым зыщІэбгъэуэн щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэра пчар?

ДИ ГЪАЩІЭР

Иеговэ и лъэныкъуэр убыд

Уэ Библиер бджын е хъыбарыфІыр бгъэІун щІэбдза къудейуэ щытмэ, псым зыщІэбгъэуэну мурад уиІэу пІэрэ? Апхуэдэ мурад сыт щІэбгъэувын хуейр? Иеговэ уи гъащІэр и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэныр — ар Иеговэ ныбжьэгъу узэрыхуэхъу япэ лъэбакъуэхэм щыщщ (Пс 91:1). Абы нэмыщІ а лъэбакъуэм уи гъащІэр къригъэлыфынущ (1Пт 3:21). Иеговэ уи гъащІэр и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зэрызыщІэбгъэуэным дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур?

Пэжыр къызэрыбгъуэтам шэч къытомыхьэн щхьэкІэ упщІэ гуэр къыщыхъейм деж ар фІыуэ зэрызэпкърыпхыным иужь ит (Рм 12:2). Уи гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ пщІын хуейми къащІи, абы иужь ихьэ. ЗэхъуэкІыныгъэхэр пщІыну ухуэзыгъэушын хуейр Иеговэ бгъэгуфІэну узэрыхуейращ (Пр 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр; Еф 4:23, 24). Иеговэ къыбдэІэпыкъуну сытым дежи елъэІу. Шэч къытомыхьэ Иеговэ уэ къару къызэрыуитыным икІи и къару лъэщымкІэ къызэрыбдэІэпыкъуным (1Пт 5:10, 11). Иеговэ ухуэлэжьэну къару епхьэлІэм ущыгуфІыкІыжынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар гъащІэ гъуэгухэм я нэхъыфІщ! (Пс 16:11).

«ПУТЬ К КРЕЩЕНИЮ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Языныкъуэхэм псым зыщІагъэуэн щхьэкІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэлъэщын хуей хъуа?

  • Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн щхьэкІэ уи фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу зэрыхэбгъэхъуэфынур?

  • Псым зыщІэбгъэуэн щхьэкІэ пчын хуей лъэбакъуэхэр ячыну сыт языныкъуэхэр хуэзыгъэушар?

  • Иеговэ хуэлэжьэну мурад зыщІахэм я гъащІэм дапхуэдэу зихъуэжа?

  • Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэным сыт къикІыр?

Псым зыщІэзыгъэуэнухэм хуэгъэза псалъэр икІэм нэса иужь псалъэ жызыІэр псым зыщІэзыгъэуэнухэм елъэІунущ мы упщІитІым ину, псоми зэхахыу жэуап иратыну:

«Уи гуэныхьхэм ухущІегъуэжу, уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм тхьэлъэІукІэ иплъхьа икІи Алыхьым дыкъригъэлын щхьэкІэ Хьисэ Мэссихь къызэригъэсэбэпыр уи фІэщ хъурэ?»

«Псым зэрызыщІэбгъауэмкІэ уэ Иеговэ и Щыхьэт узэрыхъур икІи абы и организацэм щыщ узэрыхъур нэгъэсауэ къыбгурыІуэрэ?»

Мы упщІэхэм жэуап быдэ зэрыратымкІэ псым зыщІэзыгъэуэнухэм къагъэлъагъуэ Хьисэ и щхьэщэхужыр я фІэщ зэрыхъур икІи я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрыралъхьар (Рм 10:9, 10).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын