ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb21 Январь н. 3
  • Адэ-анэхэ, фи сабийхэр вгъасэ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Адэ-анэхэ, фи сабийхэр вгъасэ!
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • Мыбы ещхь материал
  • Унагъуэр сыт насыпыфІэ зыщІыфынур? (2 Іыхьэр)
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Сабийхэр щІэину Иеговэ къыдитащ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Адэ-анэхэ, Иеговэ фІыуэ ялъагъуу фи сабийхэр евгъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Адэ-анэхэ — фи сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу вгъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
Нэхъыбэ еплъын
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
mwb21 Январь н. 3

ДИ ГЪАЩІЭР

Адэ-анэхэ, фи сабийхэр вгъасэ!

Мы дыщыпсэу дунейм фІым ІейкІэ, Іейм фІыкІэ щоджэ (Иса 5:20). Иеговэ гущыкІыгъуэу илъытэ Іуэху куэд нобэ цІыхухэм ящІэ. Псалъэм папщІэ, языныкъуэ цІыхухъухэм цІыхухъухэм лъагъуныгъэ хуащІ, языныкъуэ цІыхубзхэми цІыхубзхэм лъагъуныгъэ хуащІ. Дэ ди сабийхэр къадеджэхэм е цІыху цІэрыІуэхэм дэплъеинкІэ хъунущ. Адэ-анэхэ, фэ дауэ фи бынхэм фазэрыдэІэпыкъуфынур мы дунейм и еплъыкІэхэр абыхэм къамыщтэн щхьэкІэ?

Иеговэ и хабзэхэр фи сабийхэм къагурывгъаІуэ (Лв 18:3). Фи сабийм и ныбжьым хуэкІуэу цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ Библием итымрэ Алыхьым тэмэму къилъытэмрэ жефІэ (Вт 6:7). ФызэупщІыж: «Си сабийм ищІэу пІэрэ сыт пщІэну къезэгъми къемызэгъми? И зыхуэпэкІэм кІэлъыплъыжыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыгурыІуэу пІэрэ абы? Си сабийм ищІэу пІэрэ абы хуитыныгъэ зэриІэр зыщигъэпскІкІэ, и щыгъыныр щызэрихъуэкІкІэ е щыжейкІэ нэгъуэщІ зыгуэр къемызэгъ щІыкІэкІэ къемыІусэну? Си сабийм зыгуэрым порнографие къыщыригъэлъагъукІэ е имыщІапхъэ гуэр ищІэну щыхигъэзыхькІэ абы сыт ищІэн хуейми ищІэу пІэрэ?» Апхуэдэ гъэсэныгъэм фи сабийхэр шынагъэ куэдым щихъумэнущ (Пр 27:12, Гъэсэпэтхыдэхэр; Эк 7:12). Адэ-анэхэ, зыщывмыгъэгъупщэ фи бынхэр Иеговэ и тыгъэу зэрыщытыр. Фэ ахэр зэрывгъасэмкІэ къывогъэлъагъуэ Иеговэ къывита тыгъэр лъапІэу зэрыфлъытэр (Пс 127:3).

«СТРОЙТЕ ДОМ, КОТОРЫЙ УСТОИТ. ЗАЩИЩАЙТЕ ДЕТЕЙ ОТ ЗЛА» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Языныкъуэ адэ-анэхэр сыт щІэукІытэр цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ я сабийхэм епсэлъэну?

  • Адэ-анэхэм я сабийхэр «Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету» япІын щІыхуейр сыт? (Еф 6:4).

  • ЩІэныгъэм укъехъумэ!

    Адэ-анэхэр я бынхэм цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэрызэгъусэм теухуауэ епсэлъэну дэІэпыкъун щхьэкІэ Иеговэ и организацэм сыт хуэдэ Іэмэпсымэхэр къыдигъэкІрэ? (w19.05 12, рамкэ).

  • Адэ-анэхэмрэ сабиймрэ мыукІытэу зэпсэлъэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын