АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Къабзагъэр хъумэ
Иеговэ хуейщ дэ ди щытыкІэр мы дунейм щыщ цІыхухэм я щытыкІэм ещхьу щымытыну (Лв 18:3; w19.06 27, абз. 10).
ЗэІыхьлыхэр зэгъусэныр, цІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэныр е цІыхур псэущхьэ гуэрым иригъусэныр Иеговэ гуэныхь хьэлъэу къелъытэ (Лв 18:6, 22, 23; w17.02-U 20, абз. 13).
Апхуэдэ хабзэншагъэ зезыхьэ цІыхухэр Иеговэ игъэкІуэдынущ (Лв 18:24, 25; Пр 2:22, Гъэсэпэтхыдэхэр; w14-U 1/7 7, абз. 2).
ШейтІаныр хуейщ дэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ дунеищІэм дримыгъэхьэну. Ауэ Иеговэ и принципхэр дэ къыддэІэпыкъунущ ШейтІаным и къапхъэнхэм зыщытхъумэну.
Дауэ дэ ІуэхукІэ къэдгъэлъэгъуэфыну зинэ щІэныр тлъагъу зэрымыхъур?