ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр хъумэ
Иеговэ и Щыхьэтхэм зыми хуэмыдэ щІыхьышхуэ яІэщ — Алыхь Иеговэ и ныбжьэгъуу щытыну. Псым зыщІэдгъэуа иужь дэ адэкІи псори къэзыгъэщІа Алыхь Иеговэ нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэтщІыным дыхущІокъу. Абы и къуэр къигъэсэбэпу дызыбгъэдишащ (Ин 6:44). Иеговэ ди тхьэлъэІухэм йодаІуэ (Пс 34:15).
Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дауэ тхъумэфыну? Израил лъэпкъыр зэрыхуа къапхъэным пэІэщІэ зыхуэтщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ израил цІыхухэм зэгурыІуэныгъэ ярищІылІа иужь куэд дэмыкІыу абыхэм дыщэм танэ къыхащІыкІащ икІи ар ягъэлъапІэу щІадзащ (Исх 32:7, 8; 1Кр 10:7, 11, 14). Абы къыхэкІкІэ дэтхэнэ зыри дызэупщІыжын хуейщ: «ГъэунэхуапІэхэм сыщыпэщІэхуэм деж сыт сэ сщІэр? Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр лъапІэу слъытэу си ІуэхущІафэхэм къагъэлъагъуэу пІэрэ?» Уафэм щыІэ ди Адэм худиІэ лъагъуныгъэр къыддэІэпыкъунущ абы илъагъу мыхъуу хъуам пэІэщІэ зыхуэтщІыну (Пс 97:10).
«ДОРОЖИТЕ СВОИМИ ОТНОШЕНИЯМИ С ИЕГОВОЙ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Нэпсеягъэр зищІысыр сыт?
Нэпсеягъэмрэ тхьэнапэ гъэлъэпІэнымрэ пэІэщІэ зыщІыхуэтщІын хуейр сыт?
Щхьэгъусэм епцІыжынымрэ тхьэнапэ гъэлъэпІэнымрэ сыткІэ зэщхь?
Зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм я щхьэгъусэхэр зыхуей хуагъэзэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?