ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и лэжьыгъэм уи зэманымрэ уи къарумрэ тебгъэкІуэдэфыну?
Бегъымбар Ешайа зэритхам хуэдэу ди зэманым Иеговэ и организацэм щІылъэм щыІэ и Іыхьэр псынщІэу хохъуэ (Иса 54:2). Абы къыхэкІкІэ дыщызэхуэс Унэхэр, конгрессхэр щекІуэкІ Унэхэр, филиалхэр нэхъыбэу дыухуэн хуейщ. А унэхэр зэрыдухуэм нэмыщІ абыхэм кІэлъыплъын икІи зыхуей хуэгъэзэн хуейщ. Абы къыхэкІкІэ дэ сыт хуэдэ Іэмалхэр диІэ ди зэманымрэ ди къарумрэ Иеговэ и лэжьыгъэм тедгъэкІуэдэну?
Дыщызэхуэс Унэр уи гупым зэщІикъуэну и чэзумэ уэри абы ухэт хъунущ.
Дыщызэхуэс Унэм узэрыкІэлъыплъын хуейм зыхуебгъасэ хъунущ.
Уэ ппэмыжыжьэу Иеговэ и организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм зэман-зэманкІэрэ ухэтын е апхуэдэ унэхэр зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкІэ, «Заявление на служение добровольцем в программе местного проектно-строительного отдела» (DC-50) жыхуиІэр пты хъунущ.
Уи щІыпІэм щыІэ филиалым е абы и комплексхэм щыщ зым тхьэмахуэм и кІуэцІкІэ е нэхъыбэкІэ ущылэжьэну ухуейуэ щытмэ, «Заявление на добровольное служение» (A-19) жыхуиІэр пты хъунущ.
«НОВЫЙ СТРОИТЕЛЬНЫЙ ПРОЕКТ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
2014-нэ гъэм щыщІэдзауэ видеороликхэр къызэрыдгъэсэбэпым сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр къыхыхьа?
Видеоролик къэдгъэсэбэпхэр зэрыхэхъуэм къыхэкІкІэ организацэм сыт иухуэну мурад ищІа икІи а ухуэныгъэм зэман дапщэ текІуэдэнур?
ДэІэпыкъуэгъу хъуну гукъыдэж зиІэ къуэш, шыпхъухэр дауэ сэбэп зэрыхъуфынур?
Рамапо щекІуэкІыну ухуэныгъэм хэтыну хуейхэм DC-50 заявлениер ятын икІи «местный проектно-строительный отдел» жыхуиІэм дэлэжьэн щІыхуейр сыт?
Мы ухуэныгъэм Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуэм сыт щыхьэт техъуэр?
Уи Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ а ухуэныгъэм ухэтыну Іэмал уимыІэми, а Іуэхур дауэ бгъэкІуэтэфыну?