ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. ХъыбарыфІыр домофонкІэ дауэ бгъэІу хъуну?
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Ди зэманым щІэпхъаджагъэм зэрыхэхъуэм щхьэкІэ икІи я гъащІэр нэхъ тынш ящІын щхьэкІэ куэдым я унэ щІыхьэпІэхэм деж камерэ е домофон трагъэувэ. Дэ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызэпсалъэ цІыхур зэрыдмылъагъум, ауэ езым дыкъызэрилъагъум Іэнкун дищІынкІэ хъунущ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэ камерэкІэ е домофонкІэ цІыхум депсэлъэн хуей хъумэ, тегушхуэныгъэ диІэу дыпсэлъэну къыкІэлъыкІуэ чэнджэщхэр къыддэІэпыкъунущ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Узэпсэлъэну цІыхум теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зигъэІэ. Камерэ е домофон зиІэ цІыху куэдым пэжу жыпІэмэ дэ къыдэпсэлъэну я жагъуэкъым.
Языныкъуэ камерэхэм звонокым теппІытІэн ипэ укъызэрыІухьар ятхын щІадзэ. Абы къыхэкІкІэ уэ щІыхьэпІэм узэрыІухьэу цІыхум укъызэрилъэгъури жыпІэр зэрызэхихри уигу игъэлъ.
КамерэкІэ е домофонкІэ цІыхум уепсэлъэн хуей хъумэ, езы цІыхум и пащхьэ уиту щытамэ, узэрепсэлъэнум хуэдэу псалъэ. НэфІэгуфІэу щыт икІи узэрыщымыт зомыщІ. ЦІыхур езыр плъагъуу уепсэлъатэмэ, жепІэну узыхуеяр жыІэ. Камерэм гъунэгъуІуэу убгъэдэмыхьэ. Зыми жэуап къыуимыту щытмэ, аудио е видеосообщение къомыгъанэ.
Уэ псэлъэн быуха иужькІи цІыхум иджыри укъилъэгъуну икІи узэхихыну Іэмал зэриІэр зыщомыгъэгъупщэ.