Гъатхэпэ мазэм и 30 — мэлыжьыхьым и 5
ЩІЭДЗАПІЭ 29, 30
93-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Екъуб фыз къешэ» (дакъ. 10)
ЩІэдз 29:18—20. Екъуб Рахэл къишэн щхьэкІэ илъэсиблкІэ зэрытелэжьэнур Лабан жриІащ (w03-U 15/10 29, абз. 5)
ЩІэдз 29:21—26. Лабан Екъуб къигъапцІэри, Леа щхьэгъусэу иритащ (w07-U 1/10 8—9; it-U «Брак», подзаг. «Свадебное торжество», абз. 1)
ЩІэдз 29:27, 28. Екъуб зыпэщІэхуа Іуэхугъуэ гугъум унафэ нэхъыфІ дыдэ къищтащ
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 10)
ЩІэдз 30:3. Билхьэ Екъуб къыхуилъхуа бынхэр Рахэл езым и быну щІибжыр сытыт? (it-U «Усыновление», абз. 3)
ЩІэдз 30:14, 15. Рахэл мандрагорхэр къыІэрыхьэн щхьэкІэ Екъуб иригъусэну иІа Іэмалыр Леа щІритар сыт? (w04-U 15/1 28, абз. 6)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): ЩІэдз 30:1—21 (th 2-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ (дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын. «ЦІыхухэр зыгъэгушхуэм икІи ягу хэзыгъахъуэм тепсэлъыхь» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуи, «ЕгъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэм и 16-нэ урокыр зэпкърых.
Библием егъэджэн (дакъ. 5 е нэхъ мащІэ): bhs 67, абз. 21, 22 (th 18-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
«ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Зи нэр нэфхэм хъыбарыфІымкІэ дазэрыдэгуашэ хъуныр» (дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын (служебнэ надзирателым ирегъэкІуэкІ). КъодаІуэхэм еупщІ: зи нэр нэфхэм хъыбарыфІымкІэ дащІыдэгуэшэн хуейр сыт? Дэнэ ахэр къыщыдгъуэтынур? Абыхэм дыщепсалъэкІэ сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? Апхуэдэ цІыхухэм Иеговэ гъунэгъу зыхуащІыну дэІэпыкъун щхьэкІэ ди организацэм сыт хуэдэ публикациехэр къыдигъэкІрэ?
Ди организацэм иІэ ехъулІэныгъэхэр (дакъ. 5). «Чего достигла наша организация» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ (гъатхэпэ мазэ).
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): bhs пс. 8, абз. 22, 23; «Мы псалъащхьэм зи гугъу ищІыр» жыхуиІэ рамкэр; Приложение 22
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
30-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ