АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЩІЭДЗАПІЭ 27, 28
Исхьэкъ Алыхьым и нэфІыр Екъуб щигъэхуащ
Исхьэкъ Екъуб Алыхьым и нэфІ зэрыщигъэхуар къэкІуэну зэманым къэхъуным епхауэ щытт.
27:28. Иеговэ Екъуб и щІэблэм «фомрэ шэмрэ щежэх щІылъэр» щІэину яритащ (Вт 26:15).
27:29. Екъуб и щІэблэр (израил лъэпкъыр) Эсау и щІэблэм (эдом цІыхухэм) нэхърэ нэхъ къарууфІэ хъуащ (ЩІэдз 25:23; 2См 8:14).
27:29. Эдом цІыхухэм израил цІыхухэр ялъагъу хъутэкъым. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и ней абыхэм ящыхуащ икІи зэман дэкІа иужь ахэр зэрылъэпкъыу игъэкІуэдыжащ (Иез 25:12—14).