ДИ ГЪАЩІЭР
Псори Алыхьым къызэригъэщІар уи фІэщ щІэхъур нэгъуэщІхэм дауэ къазэрыгурыбгъэІуэнур?
Алыхьым псори къызэригъэщІар уи фІэщ щІэхъур къэзыщІэну хуей цІыхум сыт хуэдэ жэуапт ептынур? Уэ уи псалъэхэр я фІэщ щыхъунур: япэрауэ, Алыхьым псори къызэригъэщІар уэ езым нэгъэсауэ уи фІэщ щыхъум дежщ (Рм 12:1, 2), етІуанэрауэ, уи фІэщ хъур нэгъуэщІхэм къазэрыгурыбгъэІуэну щІыкІэм фІыуэ уегупсысауэ щытмэщ (Пр 15:28).
«ХИРУРГ-ОРТОПЕД РАССКАЗЫВАЕТ О СВОЕЙ ВЕРЕ» ИКІИ «ЗООЛОГ РАССКАЗЫВАЕТ О СВОЕЙ ВЕРЕ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКХЭМ ЕПЛЪИ, АЛЫХЬЫМ ПСОРИ КЪЫЗЭРИГЪЭЩІАР ЯЗЫНЫКЪУЭХЭМ Я ФІЭЩ ЩІЭХЪУР КЪАЩІЭ. АБЫ ИУЖЬ МЫ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Сыт Ирен Хоф Лорансо эволюцэр и фІэщ мыхъуу, Алыхьым псори къызэригъэщІар и фІэщ щІэхъур?
Сыт Ярослав Довганич эволюцэр и фІэщ мыхъуу, Алыхьым псори къызэригъэщІар и фІэщ щІэхъур?
Алыхьым псори къызэригъэщІар уи фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэр дауэт уэ нэгъуэщІхэм къазэрыгурыбгъэІуэнур?
Алыхьым псори къызэригъэщІамкІэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ пщІын икІи ар нэгъуэщІхэм къагурыбгъэІуэн щхьэкІэ Иеговэ и организацэм къыдигъэкІ материалхэм щыщу сыт уэ къыбдэІэпыкъунур?