АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЕКЪУБ 3—5
«Уафэм къикІ акъылыфІагъэр» гъэлъагъуэ
3:17
«Уафэм къикІ акъылыфІагъэр», е нэгъуэщІу жыпІэмэ Иеговэ къыбгъэдэкІ Іущагъыр, махуэ къэс дызыпэщІэхуэ Іуэхугъуэхэм дыпэлъэщыну къыддоІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, абы и фІыгъэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэр дохъумэ. Апхуэдэ Іущагъ диІэрэ димыІэрэ къэзыгъэлъагъуэр ди дуней тетыкІэращ.
«Уафэм къикІ акъылыфІагъэм»...
Къабзагъэ хэлъщ
Мамырыгъэ хэлъщ
Іущагъ хэлъщ
ЖыІэдаІуэныгъэ хэлъщ
ГущІэгъу хэлъщ икІи ІуэхуфІхэр къыбгъэдокІ
Захуагъэ хэлъщ
ФэрыщІагъ хэлъкъым
ЗЭУПЩІЫЖ: «„Уафэм къикІ акъылыфІагъэм“ хэлъ сыт хуэдэ хьэл-щэныра сэ иджы дыдэ згъэлъэгъуэфар? Сыт хуэдэ хьэл-щэным сэ иджыри селэжьын хуей?»