АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 2 ФЕССАЛОНИКЭ 1—3
«Бзаджагъэм и цІыхур къэлъэгъуэнущ»
2:6—12
Мы едзыгъуэм Паул хэт икІи сыт зи гугъу ищІыр?
«Гъуэгу езымытыр» (6-нэ едз.). Зи гугъу ищІыр апостолхэрауэ къыщІэкІынущ.
«Къэлъэгъуэнущ» (6-нэ едз.). Апостолхэр лІа иужь Хьисэ и гъуэгу текІахэм зэхуэсыр дин пэжым темыхуэ щІэныгъэхэм хурагъаджэу икІи бзитІщхьитІу защІу щІадзащ.
«Бзаджагъэм и лъэкІыныгъэ щэхур» (7-нэ едз.). Паул щыпсэуа зэманым «бзаджагъэм и цІыхур» хэтми къыбгурыІуэну гугъут.
«Бзаджагъэм и цІыхур» (8-нэ едз.). Ди зэманым ар чристэн дин пашэхэращ.
«Зиусхьэн Хьисэ щІыхьышхуэ иІэу къыщыкІуэжкІэ... ар [бзаджагъэм и цІыхур] иукІынущ икІи игъэкІуэдыжыпэнущ» (8-нэ едз.). Иеговэ мы дуней бзаджэмрэ «бзаджагъэм и цІыхумрэ» ятрищІыхьа хьэкумыр Хьисэ игъэзащІэу щІидза нэужь ар уафэм пащтыхьу зэрытетыр наІуэ хъунущ.
Дауэ мы едзыгъуэхэм хъыбарыфІ гъэІуныр ебгъэтІылъэкІ зэрымыхъуныр къызэрыбгурагъаІуэр икІи а лэжьыгъэм псэемыблэжу ухэтыну узэрыхуагъэушыр?